Сабийхэр къыдэзыхьэхыф егъэджакIуэ

Тэтэр Iэминэ куэдым доцIыху адыгэбзэмкIэ сабийхэм я егъэджакIуэфIу, ар щыдолъагъу лъэпкъ Iуэхухэм, адыгэбзэм теухуа зэIущIэхэм, щIэнIуатэхэм. Адыгэпсэ зиIэ пщащэм игури и псэри етауэ ди щIэблэм анэдэлъхубзэр егъэщIэным йогугъу, фIы дыдэуи къохъулIэ. Iэминэ сабийхэр къыдехьэх адыгэ джэгукIэхэмкIэ, и бзэ IэфIымкIэ, сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ, хъыбар гъэщIэгъуэнхэмкIэ, IуэрыIуатэкIэ. Абы и дерсхэр сабийхэм папщIэ хъугъуэфIыгъуэщ. 
Кэнжэ къуажэ курыт еджапIэр къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. ХьэщIагъэ IуэхумкIэ бакалавриатыр, туризмымкIэ – магистратурэр къиухащ, «Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ я управленэм и иджырей бгъэдыхьэкIэм экономикэр, хабзэр я лъабжьэу» IэщIагъэр зригъэгъуэтащ, адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэуи еджащ. Iэминэ жеIэ егъэджакIуэфIхэр зэриIар, и диплом лэжьыгъэхэр щитхым ахэр лъэщу къызэрыдэIэпыкъуар. Къыдеджахэр и ныбжьэгъущ Iэминэ. 
- Студент гъащIэм ныбжьэгъу пэжхэр къызитащ – нобэми дызэрощIэ, дызэрогъэгушхуэ, дызэролъагъу, - жеIэ. 
Тэтэр Iэминэ зэпымыууэ хэтщ щIалэгъуалэ Iуэхухэм. - ЩIалэгъуалэр зэмыщхьщ я щэнкIэ, я гупсысэкIэ, зыдихьэхкIэ. Дэтхэнэ ныбжьыщIэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэгъуэтын зэрыхуейм, дэтхэнэри къызэрыдэпхьэхыфыну Iэмалхэм дыщыхурагъэджэ апхуэдэ зэхуэсхэм. СфIэфIщ абыхэм сыхэтыну, сыту жыпIэмэ, цIыху куэдым уаIуощIэ, Iуэху еплъыкIэ куэд зэхыбох, гупсысэм къэIуэтэкIэм Iэмалу иIэхэр богъэунэху, - къыхегъэщ абы. 
 Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм япэу зыкъыщигъэлъэгъуауэ щытащ 2017 гъэм – «Адыгэ пщащэ» зэпеуэм хэтащ. Абы иужькIэ, ЩэнхабзэмкIэ унэр лэжьапIэ хуэхъуащ. 
 «Адыгэбзэр Аминэ и гъусэу» … Мы жыIэкIэр куэдрэ зэхыдох. Езы пщащэми жиIэну фIэфI псалъэхэр къыхэдгъэщри, адыгэ сабийхэм ядэлэжьэн зэрыщIидзам дыщIэупщIащ. 
- Анэдэлъхубзэм хузиIэ лъагъуныгъэм сыхуишащ цIыкIухэм бзэр езгъэджыным. Си шыпхъум и щIалэ цIыкIум сыдэджэгу хуэдэурэ, и унэ лэжьыгъэхэр езгъэщIыжырт. Ауэрэ видеотеплъэгъуэ кIэщIхэр тесхыурэ, интернетым щызиIэ напэкIуэцIым къислъхьэ хъуащ. Уней еджапIэр зыгъэлажьэ Бозий Лианэ и деж сыщылэжьэну сригъэблэгъащ, ахэр илъэгъуа нэужь. Сабийм сызэрепсалъэр, зэрезгъаджэ щIыкIэр игу ирихьу жиIащ. Сытемыгушхуащэурэ сыкIуащ Лианэ и деж, ауэ щIэхыу сыдихьэхащ лэжьыгъэм, си псэр хэпщIащ. Псалъэ гуапэ куэд къызжаIэрти, абы нэхъри сигъэгушхуэрт. ЦIыкIуитI фIэкIа щIэмысу езгъэжьащ адыгэбзэмкIэ дерсыр. Куэди дэмыкIыу тIощIым щIигъуащ нытхуашэ сабийхэм я бжыгъэр. Ауэ абы ирихьэлIэу сэри а IэнатIэр къэзгъэнэн хуей хъуат, лэжьыгъэ нэхъыщхьэм сыкъызэрыдэмыхуэм къыхэкIыу, - жеIэ. 
Тэтэрым адыгэбзэр онлайну ирегъэдж сабийхэми балигъхэми. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, хамэ къэрал зэхуэмыдэхэм щыпсэухэм ядолажьэ видеозэпыщIэныгъэм и IэмалымкIэ. Уней сабий гъэсапIэм и гуащэ Бжьахъуэ Маринэ иригъэблэгъауэ, сабийхэм тхьэмахуэм зэ адыгэбзэмкIэ дерс ядрегъэкIуэкI. ЩIэблэм адыгэбзэ егъэджынымрэ лъэпкъ щэнхабзэр егъэщIэнымкIэ «Адыгэ цIыкIу» IуэхущIапIэми и егъэджакIуэщ. 
- Си IуэхущIафэхэр анэдэлъхубзэм хузиIэ лъагъуныгъэм гъунэ зэримыIэм и Iэужьщ. Къарум я нэхъ лъэщыр щIэныгъэщ, лъэпкъым и къарур и бзэрщ. Сэ ди щIэблэ цIыкIухэр езгъаджэ къудейуэ къэслъытэркъым, атIэ зэгъусэу щIэ къызэдэтщIэу аращ. Езы цIыкIухэми сэ си псэр ягъэнщI. Я гупсысэкIэм, щытыкIэм, зыщIыкIэм, зыгъэщIэгъуэкIэм, псэлъэкIэм укIэлъыплъыну сыт хуэдэу гухэхъуэ! – жеIэ Iэминэ. 
Езыми и щIэныгъэм зэпымыууэ хегъахъуэ, бзэм теухуауэ зыгуэрхэм зрепщытри едж, художественнэ тхыгъэхэр зэпымыууэ щIеджыкI. 
- Си гъащIэр щIэщыгъуэу зэхэлъщ. Адыгэ щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, щIалэгъуалэ Iуэхум сигури си псэри етащ. Хъума хъуа адыгэ хабзэхэм дыщыгъуазэщ, къыдогъэсэбэп, щIэблэм яжыдоIэ. Иджы зеспщытауэ соджыж нэхъ тIэщIэхуа хабзэхэр. НэгъуэщI лэжьыгъэ зыбжанэми яужь ситщ. Сэ сщIэмрэ сызыщыгъуазэмрэ щIэблэр зэрыщIэзгъэдэIум садэгуэшэным дэрэжэгъуэ къызет. Адыгэбзэр имыщIэу си деж къаша цIыкIур бзэм дезгъэхьэхауэ, псэлъэфу, еджэфу езгъэса нэужь, си лэжьыгъэр къызэрысэбэпам си гур зыкIэ хегъахъуэри! – жеIэ.
Бзэм теухуа и лэжьыгъэ щхьэхуэхэр газет, журналхэм къытохуэ. Псалъэм папщIэ, «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и «Гъуазэ» журналым 2025 гъэм и 4-нэ къыдэкIыгъуэм къытрадзащ дерс зэрыригъэкIуэкI Iэмалхэм ящыщу «Сабий гъэсапIэм адыгэбзэм теухуауэ щекIуэкI хъуну урокым и щапхъэ» фIэщыгъэ зиIэ и тхыгъэр. ГъукIэ Замудин къыдигъэкIа «Адыгэ арджэнхэр» тхылъым итщ арджэн зэIущэнымкIэ иригъэкIуэкIа дерсхэм щытраха сурэтхэр. 
- Адыгэу укъалъхунракъым нэхъыщхьэр, атIэ адыгэу упсэунырщ, - жеIэ, уадыгэну гугъу жытIэу дыщеупщIкIэ. - Адэ-анэм быным насыпу иратыфынум я нэхъыфIыр мыращ: анэдэлъхубзэр Iуралъхьэнымрэ адыгэ хабзэр ирагъэщIэнымрэ. Уадыгэну гугъу? - Уадыгэну фIыщ! 
ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: