«Адыгэ литературэм и зыужьыкIэм кIэлъыплъхэм, шэч хэмылъу, гу лъатауэ къыщIэкIынщ «совет нэужь литературэкIэ» дызэджэ лъэхъэнэм абы нэхъыбэу къыхыхьар бзылъхугъэхэр зэрыарам. Ахэр нэхъыбэу дэзыхьэхри усыгъэрщ. ДызыгъэгуфIэращи, литературэм къыхыхьэ бзылъхугъэхэр я гупсысэкIи хъэтIкIи зэщхькъым, абыхэм я тхыгъэхэм къыбжаIэ щIэныгъи зэрабгъэдэлъыр, гъуазджэм и унэтIыныгъэхэми фIыуэ зэрыщыгъуазэр. Апхуэдэ литературэ унэтIыныгъэхэм я нэхъ гугъур къыхэзыхахэм ящыщщ усакIуэ-уэрэдус Багъэтыр Нинэ», - жеIэ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ.
Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ипщэ къуажэм къыщалъхуа бзылъхугъэм усэ тхыныр къалэн зыщищIыжа Iуэхугъуэкъым, атIэ гъащIэм зыщрихьэлIэхэр гум къипсэлъыкIыу дунейм къытригъэхьэу аращ. Багъэтыр Нинэ нэхъыбэу зэрацIыхур и IэщIагъэрщ. Ар журналистщ, I983 гъэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом щолажьэ. И гуащIэм къыпэкIуэу, абы къыхуагъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. Нобэ ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIа усэ зыбжанэм. Ахэр ихуащ Нинэ 2022 гъэм къыдигъэкIа «Си усэ - си уэрэд» тхылъым.
Си лъапсэ
Си пщIантIэу, си гъащIэм и жьантIэм,
МэракIуэу хэссат сэ жыг лантIэ,
Иджы сыхуозэшыр жыгыщIэм,
Дыгъуасэм сешэжыр гурыщIэм.
Си унэу, мы си псэр здэунэм,
Пхуоплъызыр, ппэжыжьэми, си нэр,
Сахьыжыр абыхэм си хьэблэм,
ЩIалэгъуэр Шыхулъагъуэу къыщыблэм.
ГухэщIым мы си пкъыр еубыдыр,
Щызгъуэткъым ди хадэм си адэр,
Си анэри щIэткъым пщэфIапIэм,
СопщIыхьыр сэ куэдрэ ди щIапIэм.
Пытыжкъым си жыгым мэракIуэ,
Згъуэтыжкъым псэм щыщхэр, солъыхъуэ,
Ди пщIантIэм, ди хьэблэм гур макIуэ,
Лъэс лъагъуэр, лъэкъуампIэр къелъыхъуэ.
ПщIыхьу щытми, къакIуэ, кхъыIэ…
(И адэ къуэшым хуэгъэза фэеплъ усэ и бынхэм къабгъэдэкIыу)
Си нэIурытщ фи сурэтыр,
Фызэбгъурыту блыным фIэлъыр,
Си анэм и нысэщIэгъуэт,
Уэри щауэщIэу ущIалэт…
Ауэ къохъей зауэ бзаджэр,
Къытхуихьу дэ лъапсэихыр,
Уэри а зауэм ураджэр,
Сэ гущIэгъуншэу усIехыр…
ПщIатэм, си адэ, уэ ноби,
Уэр щхьэкIэ щыщIэр мы си псэм,
Ныкъуэми уи фи, уи ныби,
Иджыри уеблэнтэкъым псэм…
СыщощIэр, дауи, уи бзэ IэфI,
Уи псалъэ гуапэ, уи чэнджэщ,
Къысщыхъукъым зыкIи гъащIэр IэфI,
Адэншэр – ар зеиншэщ, ибэщ.
ИтIанэ пщIэрэ, си адэ,
Сэ куэдрэ сыногупсысыр,
СищIами гъащIэм псэ быдэ,
МыдаIуэу нэпсыр къыщIожыр…
ЕщIэж иджыри си напэм
Си сабиигъуэм и дыркъуэр:
Губгъуэм сыкIуат щхьэмыжщыпэ –
ЕгъэнщI къамышым ныбэ ныкъуэр.
Уэс щIыIэм си хъыдан вакъэр
Куэдрэ хэмыту псыф мэхъур,
Къэрэкъурэр фIощI пхъэ дакъэ
Анэм, сохьри гуапэ щохъур.
Анэм ещIыр хъудырыпсыр,
СфIэIэфIыпсщ, си ныбэр изкъэ?
Сыт сщIэн, сфIощIыр шхыну псыр,
Ди Тхьэм жиIэм тIуэтэжынкъэ?!
Нэпсым иса письмо щимэр
Сакъыу си анэм ихъумэрт,
ЖэщкIэ лъэ макъ зэхихамэ,
УкъэкIуэжауэ къыфIэщIт.
Иджы сиIэжкъым си анэр –
ГъащIэ нурыншэм ихьащ,
И бын зеиншэр, гукъанэр,
И щIэгъэкъуэну псэуащ.
Солъагъур бын, я быныжи,
Си адэ, пщIэи сэ сиIэщ,
Ауэ къэтщ уи зы Iуплъэгъуи,
ПщIыхьу щытми, къакIуэ, кхъыIэ…
БАГЪЭТЫР Луизэ.