Илъэсым кърикIуахэмрэ къапэщылъхэмрэ

Малкэ къуажэм мы махуэхэм щекIуэкIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и зэхыхьэ. Абы къыщапщытэжащ щIыналъэм и щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм 2025 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ мы илъэсым къапэщылъ къалэнхэмрэ.

КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин нэгъабэ зэфIагъэкIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм я гугъу щищIым, къыхигъэщащ «Унагъуэ», «Щэнхабзэм зегъэужьын», «Пушкиным и картэ» Iуэхухэр зэрагъэзэщIар, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр зыхуей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщар, гъуазджэм зегъэужьыным, цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэр гъэгушхуэным, зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэм ядэIэпыкъуным зэрытрагъэщIар. Министерствэм гулъытэшхуэ хуищIащ лъэпкъ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэр, лъапIэныгъэхэр, тхыдэ фэеплъхэр хъумэным, унагъуэр гъэбыдэным.

УФ-м и Президент Путин Владимир Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсу зэригъэувам хыхьэу, нэгъабэ республикэм щекIуэкIащ мыхьэнэ зиIэ жылагъуэ, щэнхабзэ Iуэхухэр. Щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм илъэсым къриубыдэу къызэрагъэпэщащ махуэшхуэ концертхэр, театр теплъэгъуэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, къэралымрэ щIыналъэмрэ я тхыдэ фэеплъхэм теухуа зэIущIэхэр, фестивалхэр, цIыхубэ уэрэдхэм я пшыхьхэр, спорт зэхыхьэхэр. Республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ гукъинэжу щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ Iуэхухэр, Хэкум и лIыхъужьхэм, зауэм и ветеранхэм я махуэхэр, Адыгэхэм я щыгъуэ, Балъкъэрхэм я къэщIэрэщIэжыныгъэ, Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ, Анэдэлъхубзэхэм я махуэхэр. Дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда ди хэкуэгъу лIыхъужь 230-м я фэеплъыр яхъумэным и IуэхукIэ, щIыналъэм щагъэуващ «ЛIыхъужьхэм я блынхэр», фэеплъищ, бюстхэр, стелэхэр, жыгхэр ягъэтIысащ. Республикэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ 97-м хэкIуэдахэм дапхъи 113-рэ щыхуагъэуващ, «ЛIыхъужьым и партэ» 93-рэ, блыни 130-рэ щагъэуващ, зауэлIхэм я сурэтхэр зытет баннерхэр цIыху кIуапIэхэм щыфIадзащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэм я уэрамибгъум зэрахьэ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда лIыхъужьхэм я цIэхэр. Апхуэдэу, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я армэ гупитхум фIащащ дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда зауэлIхэм я цIэхэр. Музейхэм зэпымыууэ щагъэлъагъуэ дзэ Iуэху хэхам хэтахэм ятеухуа сурэтхэр, тхылъхэр, фильмхэр.

ЩIэупщIэшхуэ яIэу ди республикэм щекIуэкIащ «Темыркъаным и пшыхьхэр», «Южная сцена» фестивалхэр, Гергиев Валерэ зи пашэ Урысей лъэпкъ щIалэгъуалэ симфоние оркестрым и концерт гукъинэжыр. Къэбэрдей-Балъкъэрыр жыджэру хэтащ Севастополь къалэм щекIуэкIа «Кавказ джэгухэр» фестивалым. Гулъытэ ин хуащIащ лъэпкъ тхакIуэхэр, усакIуэхэр, артистхэр къыщалъхуа, дунейм щехыжа махуэхэм. Къэтпщытэж пIалъэм къриубыдэу республикэм и театр IуэхущIапIэхэми лэжьыгъэшхуэ зэфIахащ, спектаклыщIэхэр ягъэуващ, Урысейм и къалэхэми зыкъыщагъэлъэгъуащ.

Министерствэм и лэжьыгъэм мыхьэнэ зиIэ и унэтIыныгъэхэм ящыщу къонэж щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэныр, ахэр щIэблэм я деж нэхьэсыныр. Абы и лъэныкъуэкIэ зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэм зэпымыууэ зыщIагъакъуэ. Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм доIэпыкъу стипендиекIэ. Мы гъэм къапэщылъщ республикэм щэнхабзэмкIэ и унэхэр, гъуазджэхэмкIэ школхэр, библиотекэхэр, музейхэр зэгъэпэщыжыным пащэну, тхылъ хъумапIэхэр иджырей художественнэ литературэхэмкIэ, сабийхэм яхуэгъэза тхылъхэмкIэ къызэрагъэпэщыну, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщI волонтёрхэр нэхъыбэу щIыналъэм и жылагъуэ, щэнхабзэ гъащIэм къыхашэну. УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 150-рэ зэрырикъум ехьэлIа зэхыхьэхэр мы гъэм ирагъэкIуэкIынущ.

Къумахуэ Мухьэдин щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ фIыщIэ яхуищIащ сыт щыгъуи къазэрыдэIэпыкъум, жылагъуэм и гъащIэм щэнхабзэм щиIэ увыпIэр зэрызэхащIыкIым папщIэ. 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэрагъэувар ягу къигъэкIыжри, Къумахуэм зэIущIэм хэтхэм захуигъэзащ, я къарур зэщIагъэуIуэу, ЩэнхабзэмкIэ министерствэм, щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ къэрал IуэхущIапIэхэм къапэщылъ къалэнхэр ягъэзэщIэну. Апхуэдэщ Урысейм, щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр, зэгурыIуэныгъэр, мамырыгъэр, я зэхуаку дэлъ пщIэр гъэбыдэныр, лъэпкъхэм я щэнхабзэ щхьэхуэныгъэхэмкIэ щыгъэгъуэзэныр, ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я къэралым иригушхуэу къэгъэхъуныр, нэгъуэщIхэри. Министрым щIыпIэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм къалэн ящищIащ къуажэдэс щIалэгъуалэр нэхъыбэу щэнхабзэ Iуэхухэм къыхашэну.

«1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 80 ирокъу» фэеплъ медалхэр зэIущIэм щратыжащ ТекIуэныгъэ Иныр гъэлъэпIэным теухуа зэхыхьэхэр къызэзыгъэпэща икIи езыгъэкIуэкIа, Хэку зауэшхуэм теухуа тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр щIыналъэм исхэм я деж нэхьэсыным, ныбжьыщIэхэм Хэкур фIыуэ ялъагъуу къэгъэхъуным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэ цIыху пщIы бжыгъэхэм.

ЗэIущIэм хэтащ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и ректор Рахаев Анатолэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ КъуэщIысокъуэ Iэсият, КъБР-м и Гуащэ театрым и унафэщI Гонтарь Людмилэ, Прохладнэ щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ ПщыцIыкIу Алеся, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и администрацэм щэнхабзэмкIэ и управленэм и унафэщI Толгуровэ Жаннет, нэгъуэщIхэри.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также:

10.08.2026 - 13:00 «УЭРЩ СИ ДАМЭР»
10.08.2026 - 12:26 НОБЭ