Лъагъуныгъэ мыужьыхАдыгэ щэнхабзэм увыпIэшхуэ щызубыд цIыхущ Къандур Мухьэдини, абы и щхьэгъусэ Люби. А тIум къызэдагъэщIа гъащIэ купщIафIэм куэд кIэлъыплъащ, куэди тетхыхьащ. Ауэ а гъащIэр къызэрищIидзам, зэрызиужьам теухуауэ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Багъ Марьям итхыжар тфIэгъэщIэгъуэну тыдодзэ. …Дунейпсо Aдыгэ Xасэм и зэхуэсыр Мэзкуу щекIуэкIырт. Адыгэ лIыфу щыIэр абдежым щызэхыхьат. ЩекIуэкI ут иным абыхэм я пащхьэ къохьэ зы пщащэ псыгъуэ дахэ дыдэ. И нэгур зэлъыIухарэ, нурыр кърихыу. И щхьэц баринэ дахэр, мащIэу и натIэм къытехуар, дреIэтеижри, усэ къеджэн щIедзэ. Макъ щабэ гуакIуэм утым щIэсу хъуар щэху хъуауэ йодаIуэ. Пэш иным ипэ дыдэ щысхэм яхэст Мухьэдин. Апхуэдэ макъ щабэ, макъ гуакIуэ усэ къеджэу едэIуауэ ищIэжыртэкъым абы. Мо пщащэ нэхубэм и нэр къытримыгъэкIыу еплъырт. Зы усэ мыхъуу, зыбжанэм къеджащ пщащэр. ЩIэсхэм псоми Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ. Зэхуэсыр сыхьэт зыбжанэкIэ екIуэкIащ. Зэпагъэуащ къэпсэлъэныгъэхэр. Загъэпсэхуну псори къыщIэкIащ. Шей Iэнэ къащтахэм псори бгъэдыхьэрт. Мухьэдин нэкIэ къилъыхъуэрт пщащэр. Куэд мыщIэуи къигъуэтащ. А цIыкIур щытт зы щIалэ и гъусэу. Ябгъэдыхьэри фIэхъус ирихащ. ЗыкъригъэцIыхуащ. Макъ щабэкIэ и усэхэм къеджа пщащэр Любэт. УсакIуэ щIалэ, Мэзкуу литературнэ институтыр къэзыуха Бэлагъы Люби ирагъэблэгъауэ арат а Хасэшхуэм. Любэ и усэхэм кърата гукъыдэжым гуапэу тепсэлъыхьащ Мухьэдин. Езы Люби щыгъуазэт Мухьэдин и IэдакъэщIэкIхэм, и тхылъхэм щыщхэми еджауэ къыщIэкIати, ахэри къызэрыщыхъуам и гугъу ищIащ. Мухьэдиным ар фIэгъэщIэгъуэн дыдэ хъуауэ, тIэкIурэ зэдэуэршэра нэужь, зэгурыIуащ иджыри зэхуэзэну, езы Мухьэдини и лэжьыгъэхэм нэхъыбэу щыгъуазэ ищIыну. Мис абдежым щыщIедзэ а цIыху гъэщIэгъуэнхэм я зэныбжьэгъуныгъэу, иужькIэ лъагъуныгъэм хуэкIуам. Зэчий лъэщ зыбгъэдэлъ мо лIы губзыгъэм, къыгуроIуэ и псэм, и гум щыщIэ псор зэхэзыщIэ бзылъхугъэ зэрыхуэзар. Мухьэдин Иорданым щыIэ диаспорэм щыщт. Абы егъэзэж, цIыхубз нэс къызэригъуэтам иригуфIэу, ауэ кIэщIуи къызэрытригъэзэнур къыгурегъаIуэ. Мухьэдин и псалъэр игъэпэжащ. Куэд мыщIэу абы лъыхъу къегъакIуэ Любэ и адэ-анэм деж. Ар телъыджэтэкъэ! Дуней псом къыщацIыху Къандур Мухьэдин Къэбэрдейм и зы адыгэ къуажэ щыщ пщащэ цIыкIур ишэну къэкIуауэ! Апхуэдэ лIы телъыджэм, хамэ щIыпIэ жыжьэ къикIам, псори гуфIэу ежьэрт абы и къэкIуэным. Дауи, езы Мухьэдини гуфIэрт, псэ къулей зиIэ цIыху къызэригъуэтам щхьэкIэ. Ар насыпышхуэт. Мухьэдинрэ Любэрэ я хьэгъуэлIыгъуэм щалъэгъуа гушхуэныгъэр куэдрэ цIыхум яхуэмыIуэтэжу къуажэм дэлъащ. А тIум яку къыдэхъуа лъагъуныгъэр хъуэпсэгъуэт. ХьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкIыу Иорданым ягъэзэжа нэужь, абыхэм я лэжьыгъэхэм зэгъусэу пащэ. ЗэкIэлъхьэужьу тхылъ зыбжанэ къыдегъэкI Мухьэдин. Япэ итахэм къыкIэлъыкIуэу дунейм къытохьэ «Колибри», «Балканская история», «Мюридизм», «Революция», «Легенда», «Дети диаспоры», «И в пустыне растут деревья», «Кавказ», «Последняя охота»… Куэд мэхъу Мухьэдин тхылъу, абы нэмыщIкIэ кинофильмхэу и Iэдакъэ къыщIэкIахэр. Дэтхэнэм и цIэр къипIуэн! ЛIакъуищым я гъащIэр, адыгэ псоми я сурэту я къекIуэкIыкIар, я лIыгъэр, я адыгагъэр хэмышыпсыхьыжу нэгъуэщI щIыналъэм зэрыщахъумар - а зыращ екIурэ-ещхьу дэзыгъэлъэгъуар. А зы тхылъ зэгъусэм («Кавказ») фIэкIа хэмылъмэ, лъэпкъым и пкъыр зэрыхэмыкIуэдэжар къызэрыдигъэщIамкIэ, фIыщIэ ин хуэфащэщ Мухьэдин, и цIэри дыщэпскIэ езым уафэм иритхэжауэ плъытэ хъунущ. Мухьэдин зэрытхэр инджылызыбзэти, абыхэм щыщ куэди Любэ урысыбзэкIэ зэридзэкIащ. Мухьэдин и тхылъхэм псоми ирикIуэ гупсысэр зыщ: адыгэ гъащIэр, адыгэ дунейращ. Адыгэ гъащIэр зэрылъ саур хъуржыным и лъащIэ дыдэм уиплъэмэ, плъагъур: нэр нэмыплъысу, нурыр къызыщхьэщих, гуфIэрэ тхъэжу адыгэр щыпсэу Адыгэ Хэкурщ. УкъыдэIэбеймэ, адэкIэ узыIуплъэр: мафIэм, узым, удыным зэхикъута, зэхифыщIa щIыпIэрщ, емынэм къела адыгэ тIэкIy дунейм щызэбгрыдза хъуахэрщ. Ауэ, дэнэ щIыпIэ щымыIэми, адыгэр зыхэхуам захегъэзагъэ… Адыгэр лъэпкъ телъыджэу, щIыпIэ щыпсэум фIы и лъэныкъуэкIэ къыхэщу зэрыщыIэр дегъэлъагъу. Адыгэлъыр - ар пэжагъщ, бэшэчагъщ, шыIэныгъэщ. Сыт хуэдэ щIыналъэ адыгэр къэмыхутами, а хьэл псори зэригъэлъагъуэр Мухьэдин и тхылъхэм къыхощ. Люби мыувыIэу мэусэ. «Царская любовь», «Сэтэней», «Молюсь я на адыгском языке» тхылъ дахэхэр и щхьэгъусэм пэджэжурэ дунейм къытрегъэхьэ. Усэ тхылъхэр тыгъэ къысхуищIырт Марие. «Сэтэней» поэмэм седжа нэужь, си псэр хуабжьу зэхэзехуэн хъуат. Адыгэм и блэкIар тхыдэми нарт хъыбархэми хэт лIыхъужьхэмкIэ къигъэлъагъуэу, абы и къэкIуэнур, ар зыхуэкIуэнур, и натIэм илъыр зэримыщIэм игъэгулэз усакIуэ щIалэм дэнэ къриха и гупсысэхэр апхуэдэу телъыджэу къызэриIуэтэн псалъэхэр? Любэ и анэ Марие и деж сокIэпсауэри, хузоIуатэ къызэрысщыхъуар… Ар гъырт мыувыIэжу… Сыту псэ гъэщIэгъуэн хэлъа а бзылъхугъэм! Сыту телъыджэу зэхищIэрэт абы и пхъуми и малъхъэми я лэжьыгъэхэр! Къысхуэгъэнэнутэкъым а тхыгъэр къызэрысщыхъуам сытемыпсэлъыхьуи, пoэмэр зэпкърыхауэ Iуащхьэмахуэ журналым къытрезгъэдзат. Любэ и усэхэм уеджэмэ, плъагъурт ар нэхъ балигъ зэрыхъуар. Лъэпкъым, къэзылъхуахэм, и щхьэгъусэм хуиIэ лъагъуныгъэр мыухыж хуабагъэрэ щабагъэкIэ гъэнщIа псалъэкIэ къиIуатэрт. Апхуэдиз дахагъэ лъэпкъым къахуэзыхьа цIыхуитIыр сэ езгъаджэхэм, жылэм, куейм нэхъ гъунэгъуу къацIыхуну си нэ къыхуикIырти, сыщылажьэ еджапIэм и унафэщIым а жэрдэмыр къыздиIыгъри, къедгъэблэгъащ Мухьэдинрэ Любэрэ. ЗэIущIэр къыщызэдгъэпэщар къуажэ клубышхуэрати, цIыхуу къекIуэлIар щIэхуэртэкъым. ИкъукIэ пшыхь гуиимыхужу екIуэкIат ар. Мухьэдин и лэжьыгъэхэм, Любэ и усэхэм, абы имызакъуэу, абыхэм я IэдакъэщIэкIхэм макъамэ щIэту жызыIа уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэр… Куэд хъурт а утым къекIуэлIахэм дахэу щызэхахари, щалъэгъуари. Зэман куэди дэмыкIыу Мухьэдинрэ Любэрэ я деж, Иорданым сыщыхьэщIэну си насып къихьащ. Я псэупIэм дынэсауэ, гу лъызотэ хьэрыпыбзэкIэ куэбжащхьэм тет псaлъэхэм. Хэгъэрейуэ, абыхэм я деж дызышэм, соупщI абы къикIымкIэ: «Алыхьышхуэ, фIыщIэр зейр уэращ.Уэращ зи фIыгъэр псори. Сэ сиIэу хъуар къызэзытар уэращ». ЦIыхум КъэзыгъэщIар щымыгъупщэу, къритамкIэ фIыщIэ ищIуар насыпышхуэщ, зыпщымыгъупщэжу дунейм утетыныр. Апхуэдэт Мухьэдин. Сыт хуэдиз фIыгъуэ иIэми, а зы пIэмрэ зы щытыкIэмрэ ита лIыщ ар. Си гъащIэм и зэхуэдитIым срагъунэгъуащ а унагъуэм. Зэи зихъуэжауэ, е зыгуэру зищIыну иужь итакъым. Е щыгъынкIэ, е цIыху хэтыкIэкIэ закъыхигъэщакъым. Нэгъэсауэ адыгэлIт. Мухьэдин и лэжьыгъэу дунейм къытригъэхьахэм куэдым седжащ. Iэмал иIэу зыри блэзгъэкIакъым, нэху къезгъэкIакъым. КъэкIуэжамэ, я хэщIапIэр ди гъунэгъути, къысхуэмыгъэсу сыкIуэрт а тIум я деж. ТхылъыщIэ итхам теухуауэ гупсысэ сиIэхэр хуэсIуатэрт. КъыпыгуфIыкIыу, жэуап къуитынут. Мухьэдинрэ Любэрэ си дежкIэ щапхъэ дахэт. ЗэхущытыкIэ дахэр - ар зыр зым дзыхь щыхуэпщIырщ. Лъагъуныгъэ къабзэр – зыр зым ущыхуэсакъырщ, пщIэ ин уи зэхуакум щыдэлъырщ. Лъагъуныгъэр балигъ хъуа нэужь, ар къару лъэщу мэув: лIым и Iущагъыр, бзылъхугъэм и гумащIагъэр нэхъри нэрылъагъу щыхъу лъэхъэнэщ. Илъэс щэщIкIэ ахэр сцIыхуати, я зэбгъэдэтыкIэ дахэм зэи зихъуэжауэ слъэгъуакъым. Апхуэдэ лIы цIэрыIуэм, телъыджэм удэгъуэгурыкIуэнри, удэпсэунри, укъыдекIуэкIынри мыбдежым щыткъым. ШыIэныгъэ хэлъу, я зэхуаку дэлъ IэфIыр ихъумэу, Мухьэдин дэпсэуа Люби, фIыщIэ ин хуэфащэщ. Щабагъэ, гуапагъэ, лъагъуныгъэ - дахагъэ псори зэхуэхьэсауэ зыхъума адыгэ унагъуэ. Абыхэм сабгъэдэсу, я макъ щабэм сыщедаIуэкIэ, зэхэсщIэр зыт: сыт хуэдиз гугъуехьым зэгъусэу пхрыкIахэми, Мухьэдинрэ Любэрэ яку дэлъа лъагъуныгъэр зэи ужьыхакъым.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




