Тхэнми зэдзэк1ынымкIи хуэIэкIуэлъакIуэТхыгъэ гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ, атIэми адыгэбзэ къабзэкIэ тхауэ, къыщыпIэщIыхьэкIэ ущыщыгуфIыкI зэманщ. Апхуэдэ IэдакъэщIэкIхэм, нэхъ пэжу жыпIэмэ, сабий таурыхъхэм, иджыблагъэ зыщызгъэгъуэзащи, си гуапэщ. Ахэр ейщ Сихьэ Светланэ.
Нарткъалэ щыпсэу пщащэм Пятигорск бзэ щIэныгъэхэмкIэ дэт университетым инджылызыбзэмрэ нэмыцэбзэмкIэ и факультетыр къиухащ, а бзитIымкIэ егъэджакIуэу, инджылызыбзэмкIэ художественнэ тхыгъэхэм я зэдзэкIакIуэу щIэныгъэ иIэщ. «Азбука» (ast) тхылъ тедзапIэ цIэрыIуэм зэгурыIуэныгъэкIэ долажьэ, инджылызыбзэкIэ тха романищ урысыбзэм къригъэзэгъащ, еплIанэм йолэжь. Апхуэдэуи, сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, Мэремкъул Ларисэ зи унафэщI творческэ зэгухьэныгъэм хэтщи, адыгэбзэкIэ тха тхыгъэхэр, IэдакъэщIэкI зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэха Iыхьэхэр урысыбзэм кърагъэзагъэ, ахэр «Литературная Кабардино-Балкария» журналым щIэх-щIэхыурэ къытрадзэ.
«Адыгэ псалъэ» газетым и нобэрей электроннэ къыдэкIыгъуэм теддзэну мурад тщIащ Светланэ и «Гуащэ щхьэхынэ» таурыхъыр. Ар зэритхар урысыбзэщ, зэзыдзэкIар Маремкъул Ларисэщ. Фыдихьэхыу фыкъеджэмэ, фигу ирихьмэ, ди гуапэщ.
Гуащэ щхьэхынэ
Таурыхъ
Iэминат пасэу, илъэс пщыкIубл хъуа къудейуэ, унагъуэ ихьат. И насыпти, зыхэхуар унагъуэ хъарзынэт. Iэсхьэд фIыуэ къилъагъурт и щхьэгъусэр, гуащэ-тхьэмадэри къыхуэарэзыт я нысэ цIыкIум. Махуэ псом и Iэр увыIэртэкъым Iэминат. Пщэдджыжь нэмэзым жэмхэр къишынт, пщIантIэр ипхъэнкIынт, пщэдджыжьышхэ ипщэфIынт, щхьэгъусэр лэжьапIэм щIигъэкIынти, дэн-бзэным пэрытIысхьэнт. Ар зыуэ дахэу дэрти, псоми ягъэщIагъуэрт, къуажэ гъунэгъухэми къикIыурэ къелъэIухэрт щыгъын щIэращIэ яхуидыну. Гуащэ-тхьэмадэми зэрагъэгуфIэн къагъуэтырт сытым дежи: зым щэкIыщхьэ дахэ къалэм къыхуздрихынт, мыдрейм хьэлыуэ IэфI хуиубэнт, нысащIэм ар зэрыфIэфIыр ищIэрти.
Зы закъуэт гукъеуэу яIэр унагъуэм – Iэсхьэдрэ Iэминатрэ бын зэрамыIэрт. Гъунэгъу сабийхэр уэрамым дэту щилъагъукIэ, Iэсхьэд ящыгуфIыкIыу я щхьэм Iэ дилъэрт, езыми апхуэдэ насып щигъуэтынум щIэхъуэпсу. Iэминат нэщхъейт, зэпымыууэ тхьэм елъэIурт, и нэ къызыхуикI гуфIэгъуэр кърипэсыну.
ИлъэсищкIэ зыпигъэплъами, насыпыр къихьащ я унэм. Гуащэ цIыкIум ещхьу тхьэIухуду, хъыджэбз цIыкIу къахэхъуащ. Псори зэдэарэзыуэ фIащари аращ – Гуащэ.
Сабийр узыншэ цIыкIуу къэхъурт. Адэшхуэ-анэшхуэми, адэ-анэми я псэм хэлъмэ хамыхыну ялъагъурти, гъэфIарэ хуэмыхуу къызэрыхъум гу лъатэртэкъым. И анэм сытри хуищIэнут зэраншу цIыкIум, ауэ анэшхуэр нэхъ хуэхъущIэрт.
– Гуащэ, уи пIэр Iух, уэ хъыджэбзышхуэ ухъуащ иджы.
– Сыхуейкъым, нанэ. Мамэ къыщIыхьэжмэ, Iуихынщ.
Е хъыджэбз цIыкIум бабыщ шырхэр кърихуэкIыу пщIантIэм щыдэткIэ, анэшхуэм жриIэнт:
– Гуащэ, къакIуи, пщIантIэр къэдгъэпхъэнкI, уи анэр зэрыхущIэмыхьэр плъагъуркъэ, дэIэпыкъун хуейщ.
– Нанэ, сэ бабыщ шырхэр согъэджэгу!
Анэшхуэм и жагъуэт Гуащэ щхьэхынэрэ щхьэзыфIэфIу къызэрыхъури, зэригъэсэным и ужь итт. «Еплъыт, – жриIэрт, – уи анэм мыувыIэу Iуэху ещIэ, зэи къыспэрыуэркъым, къызэдауэркъым, абы ещхь ухъужын хуейщ уэри».
Жэмыш здэкIуэм еджэрт и къуэрылъху цIыкIум:
– НакIуэт, Гуащэ, ди жэмым шэ къызэрыдитым уезгъэплъынти. Уэри къозгъэшынщ, ухуеймэ. Ущымышынэ, Iэсэ дыдэщ ди джэмыдэр.
– Сыхуейкъым, нанэ! Еплъыт мы си Iэхэр зэрыцIыкIунитIэм, сэ жэм къысхуэшыну? Таурыхъ къызжеIи нэхъыфIщ.
– Хъунщ-тIэ, къедаIуэ. Ауэ шыпсэкъым ар, пэж дыдэу къэхъуащ. Зы хъыджэбз цIыкIу щыпсэуащ ди гъунэгъу къуажэм. Хуэмыхут, зыкIи унэм сэбэп щыхъуртэкъым. Псыхъуэ Нанэм гу къылъитэщ, къыкIэлъыплъри, и псы щIагъым ихьащ. Нобэр къыздэсым къагъуэтыжакъым тхьэмыщкIэ цIыкIур.
– Шыпсэщ, шыпсэщ, сыкъэбгъапцIэу аращ. ЩыIэкъым Псыхъуэ Нанэ лъэпкъ.
Асыхьэтым Псыхъуэ Нанэр гъунэгъу дыдэу щыIэти, псалъэмакъыр щызэхихым, мурад ищIащ хъыджэбз хуэмыху цIыкIум хуэфащэр ирищIэну.
Анэшхуэм пэгун къищтэри жэмыш кIуащ, Гуащэ джэгуу ежьэжащ. Джэджьейхэр и Iэгум иригъэшхыкIырт, епсалъэрт, еIэзэрт. Шынакъыр къищтэу псы къригъэхъуэну фэндырэм щыбгъэдэлъадэм, цIыхубз дахэ гуэрым и нэгу хелъагъуэ псым.
– КIэнфет ухуей, дахэ цIыкIу? – къоупщI псым къыхэщ цIыхубзыр. – Мэ, къащтэ, IэфI дыдэщ.
IэфI тIэкIур и жагъуэтэкъым хъыджэбз цIыкIум. КIэнфетым кIэлъыIэбащ, абдежым Псыхъуэ Нанэр и Iэм къепхъуэщ, зэщIиубыдэри, и деж ихьащ.
Къызыщыхута щIыпIэр игу ирихьат Гуащэ. ДэнэкIи жыг, удз гъэгъа дахэхэр къыщыкIырт, къудамэхэм кIэнфетхэр фIэблат, ауэ… зэреIусэу, бзэхыжырт псори. Псынэм бгъэдыхьэмэ – псытэкъым абы къыщIэжыр, пхъэщхьэмыщхьэпс IэфIт. Ауэ абыи ефэ хъуртэкъым. АдэкIэ плъэмэ, удзыпцIэм деж хъыджэбз цIыкIу, щIалэ цIыкIу Iэджи щызэдэджэгурт. ГуфIэу ябгъэдэлъэдат абыхэм Гуащэ, ауэ зыми гу къылъитакъым, щымыIэххэм хуэдэт езыр.
Хъыджэбз цIыкIур къэгъащ:
– СыкIуэжынущ… Мамэрэ папэрэ сигу къэкIащ! Ди унэ сыкIуэжынущ!
Псыхъуэ Нанэр къыбгъэдэхутащ Гуащэ, ауэ иджы, псым къызэрыхэщам емыщхьу, и фэ дыдэм итыжт – ар зи щхьэцыр тхъуа фызыжь цIыкIут. Нэ бзаджэкIэ къеплъри жиIащ:
– Гуащэ, сэ хуэмыхухэр фIыуэ слъагъуркъым, ар хъыджэбз цIыкIуми щIалэ цIыкIуми. Си деж узэрыщылажьэр сигу ирихьмэ, узутIыпщыжынщ. Мы жыхапхъэр къащти, пщIантIэр къэпхъэнкI, ауэ IэхъуэтегъэкIыу здэнукъым, къабзабзэу пхъэнкI.
Гуащэ нэхъ псынщIэIуэу кIуэжыну хуейти, жыхапхъэр къипхъуатэри, пхъэнкIэн щIидзащ. Иухри, Псыхъуэ Нанэм еджащ.
– Хъунщ. Иджы пщIэнуращ: си унэ лъэгухэр къэлъэс къабзэу, зыщIыпIэ зы сабэ щызмылъагъуу.
Сыт ищIэнт, хъыджэбз цIыкIур жыIэщIэу Iуэхум и ужь ихьащ. Псыхъуэ Нанэм и унэр инт, пэш куэду зэхэтти, зыкъомрэ елIэлIащ. Гуащэ пIащIэрт, и адэ-анэм ямыгъуэтыжу зэрыгузавэр ищIэрти. Псыхъуэ Нанэм и хэщIапIэм деж зэманыр куэдкIэ нэхъ хуэму зэрыщыкIуэм зыри хищIыкIыртэкъым абы. Зы сыхьэтыр зы дакъикъэ пэлъытэт.
Сытми, зэфIигъэкIащ мы лэжьыгъэри, Псыхъуэ Нанэми игу ирихьащ.
– НтIэ, иджыри зы Iуэху къысхуэщIэ. Мо псыутхыр къащти, пщIантIэм удз гъэгъауэ дэтым псы ящIэкIэ.
Гуащэ псыутхыр къипхъуатэри, гъэгъахэм псы ящIикIэу хуежьащ. Удз гъэгъа мащIэ иIэт Псыхъуэ Нанэм… МащIэрэ псы къригъэхъуа псыутхым. Я унагъуэм ар ямыгъуэтыжу зэрыгузавэр, гъуэгыу къызэражыхьыр и нэгу щIэтт хъыджэбз цIыкIум.
ИкIэм-икIэжым Iуэхур нигъэсащ. Псыхъуэ Нанэм псори къиплъыхьри жиIащ:
– БжесIауэ хъуар бгъэзэщIащи, узоутIыпщыж, Гуащэ. Ауэ дяпэкIэ щхьэхынэу ущыту здэнукъым, ядэIэпыкъу уи анэмрэ анэшхуэмрэ. ФIыуэ узэрылэжьам щхьэкIэ, мис, кIэнфет узот.
Гуащэ фызыжь цIыкIум фIыщIэ хуищIри, кIэнфет Iэбжьыбыр и бостей жыпхэм ирикIутащ. Ауэ дауэ иджы зэрыкIуэжынур?!
Псыхъуэ Нанэм хъыджэбз цIыкIур псынэм бгъэдишащ.
– Уи Iэ ижьымкIэ псым хэIэби, уи унэм укъыщыхутэжынщ.
И Iэр псым хищIэри, асыхьэтым хъыджэбз цIыкIур фэндырэм къыбгъэдэхутэжащ. Сыту насыпышхуэ уи унэ ущыIэжыну! Ауэ сыту зыми къамылъыхъуэрэ? Нанэ и макъ бэкхъымкIэ щызэхихри, гуфIэжу щIэлъэдащ. Анэшхуэм иджыри жэм къэшыныр иухатэкъым.
– Сэри къысхуэшым сегъэплъ, – елъэIуащ Гуащэ. Нанэ ар фIэхьэлэмэт хъуащ, зыхуихьынур имыщIэу.
И анэ Iэминат зыкIи игъэщIэгъуакъым и пхъум и жыпым кIэнфет изу къыщилъагъум. «Гуащэ цIыкIу фIыуэ къэзымылъагъу щыIэ, гъунэгъухэм къратауэ къыщIэкIынщ», – жиIащ абы игукIэ.
Абы лъандэрэ Гуащэ зихъуэжащ, Iуэху щIэным хуэмыщхьэхыу, нэхъыжьхэм ядэIэпыкъуу. Балигъ хъури, хъыджэбзыфI дыди къыхэкIащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




