Бахъсэн щIыналъэм и къэфакIуэ ныбжьыщIэхэр
КъБР-м и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «В ритме танца» урысейпсо фестиваль-зэпеуэр. Зэхьэзэхуэм жыджэру зыкъыщагъэлъэгъуащ Бахъсэн щIыналъэм и къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм. Ислъэмей, Зеикъуэ къуажэхэм икIахэр къэфэным зэрыхуэIэзэр, зэфIэкI зэраIэр къыхагъэщащ, дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. КъэпщытакIуэхэм псом хуэмыдэу ягу дыхьащ Ислъэмей къуажэм и «Дух Кавказа» ансамблым и къэфакIуэ цIыкIухэр. НэхъыщIэ дыдэхэм, илъэси 4-5 ныбжьым итхэм зыкъыщагъэлъагъуэ Iыхьэм хыхьэу, Абазэхэ Ясинрэ Яшэррэ удахьэхыу ягъэзэщIащ «Бжьэдыгъу ислъэмей» къафэр икIи япэ увыпIэр къахьащ. Илъэси 6-8 хъухэм хыхьэу, сэшхуэхэр игъабзэу къэфа Къэбардэ Имран зэпеуэм къыхэжаныкIащ. Япэ увыпIэм къыдэкIуэу, Гран-при саугъэт нэхъыщхьэри абы къыхуагъэфэщащ. Ислъэмей къуажэр зэрыгушхуэ артист ныбжьыщIэхэр ирагъэблэгъащ Батуми щекIуэкIыну «Гордость Кавказа» международнэ фестивалым. Фестиваль-зэпеуэм ехъулIэныгъэшхуэ щиIащ Зеикъуэ къуажэм ей, щапхъэу къалъыта «Азорелла» ансамблми. Гупым «Къафэ къуаншэ», «Лъапэрисэ», «Хала Вайнах», нэгъуэщI къафэхэри утыку щагъэлъэгъуащ. КъэпщытакIуэхэм дэтхэнэ зы къафэми саугъэт щхьэхуэхэр къыхуагъэфэщащ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 18:20 →
ДыщэидэмкIэ дерсхэр
27.11.2026 - 12:47 →
МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!
26.11.2026 - 14:04 →
КъежьапIэхэр къэзылъыхъуа бзылъхугъэ
26.11.2026 - 12:30 →
Хабзэр къызэрежьар
25.11.2026 - 13:00 →
Сатыр пщыкIуплI хъу усэ
| ||




