Сабийхэр ягъэгушхуэ

Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм.

 Мыгъэрей зэхьэзэхуэм зэхуишэсащ ди республикэм и щIыпIэхэм къикIа сабий 58-рэ. Зэпеуэм хэтхэм ягъэлъэгъуащ къафэмкIэ, уэрэд жыIэнымкIэ, утыку итынымкIэ яIэ зэфIэкIыр.

 Гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я IэщIагъэлIхэр зыхэта къэпщытакIуэ гупым къалъытащ зэпеуэм хэтхэм я Iэзагъэмрэ зэфIэкIымрэ. НэхъыфIхэр къыхахыныр мытыншми, къэпщытакIуэхэм дэтхэнэ Iыхьэми щефIэкIахэр къагъэлъэгъуащ.

 Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Бауаев Ахъмэт къыхигъэщащ ныбжьыщIэхэм зэпеуэм фIыуэ зэрызыхуагъэхьэзырар, удихьэхыу утыкур зэрагъэбжьыфIар,  икIи я зэфIэкIхэм папщIэ фIыщIэ яхуищIащ.

 - Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэр зэчий зыбгъэдэлъхэм зыкъыщагъэлъагъуэ утыку къудей мыхъуу, щIыналъэм и щэнхабзэ гъащIэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ. Дыщогугъ зэфIэкI зиIэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ заужьынымкIэ мыпхуэдэ зэпеуэхэр дяпэкIи щхьэпэну, - жиIащ Бауаев Ахъмэт.

 Зэхыхьэр щиухым, абы хэтахэм зэдагъэзэщIащ «Хрустальные звёздочки»  зэпеуэм и гимныр.

 Фестивалым хэта псоми ар щIэщыгъуэ икIи гукъинэж зэращыхъуам шэч хэлъкъым.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

Поделиться:

Читать также: