Утыку псэлъэкIэм хуагъасэ

Зи жьабзэр нахуэм, зи гупсысэр шэщIам, зи псалъэр IупщIым адыгэхэм я деж дапщэщи пщIэ щиIащ, нобэми а Iулыджыр зымащIэкIи къелъэхъшэхакъым. ПсэлъэкIэ зыщIэ цIыхур жылагъуэм лIыкIуэу къыщыхахыр куэдрэт, хэгъэгу хасэ хъуамэ е зэхыхьэ щыIэмэ, къуажэм и хъерымрэ гуныкъуэгъуэмрэ утыкум кърилъхьэну дзыхь зыхуащIыр арат.

Зи псалъэр нахуэм и Iуэхур хуитщ, жаIэ адыгэхэм. Апхуэдэу зи жыIэкIэ зэпэшэчамрэ зи псэлъэкIэ утIыпщамрэ хеящIэу е щыхьэту Iэджэрэ щагъэув къэхъурт, щIыбагърэ нэфI-нейрэ къыхимыгъэкIыу цIыхум къэхъугъэм и пэжыр къыщIигъэщынущ, жаIэрти. Нобэми псалъэм и пIалъэ зыщIэхэм къыхалъхьэ Iуэхугъуэхэм гъуэгу ягъуэт, куэдым зэлъащIыс, гулъытэкIэ псыхьа мэхъу. Налшык къалэм дэт, Щэнхабзэм зегъэужьынымкIэ центрым иджыблагъэ къыщыхалъхьа жэрдэм щIагъуэр зытеухуар арат: псэлъэкIэ зэпэщым и мардэхэм цIыхухэр щыгъэгъуэзэнырт, Iуэхугъуэ хъарзынэмкIэ цIыхухэр зэгъэуIунырт.

«Утыку псэлъэкIэм хэлъ шынагъэхэр» зыфIаща мастер-классыр курых хуэхъуат утыкушхуэхэм итхэм я псэлъэкIэр зэтеува хъун папщIэ, цIыхум къигъэIурыщIэн хуей Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэм яхэлъ щхьэхуэныгъэхэр къызэпкърыхыныр, ахэр утыкум зэрыщылажьэ щIыкIэхэм шэщIауэ ирипсэлъэныр. Пушкин картэмкIэ къызэрагъэпэща зэIущIэм и жэрдэмщIакIуэ хъуар Центрым и унафэщIым и къуэдзэ, художественнэ IуэхухэмкIэ унэтIакIуэ, уэрэд жыIэкIэмкIэ егъэджакIуэ, псэлъэкIэ зэпэщымкIэ курсым и зэхэублакIуэ Мэзыхьэ Анастасиещ. ЗэIущIэм къекIуэлIащ Налшык къалэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм я 9-11-нэ классхэм щеджэ ныбжьыщIэхэмрэ абыхэм я класс унафэщIхэмрэ.

Мастер-классым нэхъыщхьэу хэлъахэм ящыщщ утыку псэлъэкIэм и мыхьэнэмрэ цIыхур и гупсысэхэр зи пащхьэ итхэм зэралъигъэIэсыну щIыкIэхэмрэ. Куэдым ящIэ утыкум къихьэу псэлъэным темыгушхуэхэр мымащIэу зэрыщыIэм. Iэпкълъэпкъыр зэщIэзыIулIэ гузавэм псалъэр цIыхум IэщIегъэху, жиIэну зыхуейр хузэхэмыхыжу зэхегъэзэрыхь. Гузавэ зиIэр утыкушхуэм и закъуэкъым щымыпсэлъэфыр, атIэ цIыху мащIэ дыдэ фIэкIа щызэхэмыс пэшми и псалъэр IупщIу щигъэIуфыркъым. Ар къызыхэкIыр цIыхур зэрыгузэвэхым и закъуэкъым, атIэ и цIыху щIыкIэм психологие и лъэныкъуэкIэ зэлэжьын хуей зэриIэрщ. Мастер-классым и къызэгъэпэщакIуэ Мэзыхьэ Анастасие и фIэщ мэхъу апхуэдэ гуныкъуэгъуэхэр къызыхэкI щхьэусыгъуэхэм утелажьэмэ, хэти къызэрызэринэкIыфынур.

– Илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ десэжауэ екIуэкI щытыкIэ куэдым нобэрей дунейм псынщIэ дыдэу зыщахъуэж, нэгъуэщI щIыкIэ-гъэпсыкIэ ягъуэт. Нэхъапэхэм еджакIуэхэр библиотекэм къыщIэмыкIыу щIэст, егъэджакIуэм къахуигъэува къалэныр зыхуей хуэзэу зэфIахын папщIэ, тхылъыбэ щIаджыкIын, итхэм зыщагъэгъуэзэн хуей хъурт. Текстым мыхьэнэшхуэ иIэт, ар зыгъэхьэзырам абдеж щызэригъэуIуа гупсысэр езым къызэрыбгъэдэкIар къэзыгъэлъагъуэ псалъэ зэгъэпэщыкIэ уней хэлъын хуейт. Текстыр утыкум къизылъхьэм и псэлъэкIэм гулъытэ игъуэтми, пхыкIын хуейр тхыгъэрати, абы нэхъ тещIыхьауэ сыт хуэдэу утыку Iуэхури екIуэкIырт. Иджы апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр лэжьэжыркъым. Япэрауэ, тхылъ еджэу библиотекэм зэманыр щызыгъакIуэ еджакIуэ е студент куэд дыдэ щыIэкъым. Зыхуейр интернетым къыщагъуэт хъуащ, е интеллект IэрыщIым яхузэIуищэ хъуащи, текстым и зэгъэпэщынкIэ гугъуехь зыри щыIэжкъым. ЕтIуанэрауэ, псалъэм и гъэIукIэм, абы и утыку къихьэкIэм мыхьэнэшхуэ игъуэтащ. Утыкум къиувэм и гупсысэр зэрызэригъэпэщым, жиIэну зыхуейм тегъэщIапIэ хуищI щапхъэхэр къызэрихьым, езым и Iуэху еплъыкIэхэр абы зэрыхиухуанэм къызэрымыкIуэу кIэлъыплъ хъуащ. А теплъэгъуэ дыдэращ щыплъагъур лэжьапIэ къэзылъыхъуэр IуэхущIапIэм и унафэщIым и пащхьэм ису и щIэныгъэр здынэсымрэ IэнатIэм теухуауэ иIэ гупсысэхэмрэ щызэкIэлъигъакIуэм деж. Текстым я нэхъ цIыкIуми щемыджэж лъэхъэнэщ дызыхэпсэукIыр. Ди нэгу щIокI текстым и пIэм «рилс» зыфIаща видеотеплъэгъуэхэр зэриувэр. Дакъикъэрэ ныкъуэм фIэмыкI видеотеплъэгъуэм къыщыпсалъэм хузэфIэкIын хуейщ зытепсэлъыхьым нэхъыщхьэу хэлъымрэ ар зыхуэгъэпсамрэ зэхэщIыкIыгъуэу икIи узыIэпишэу къыщиIуэтэн. Арыххэуи, псэлъэкIэ утIыпщам мыхьэнэ зэриIэр абыи къегъэлъагъуэ. Ди мастер-классымкIэ къалэн зыщытщIыжар ныбжьыщIэхэр зыIууэну гугъуехьхэм къыхэкIыфу, зэщIэзыIулIэ шынагъэхэм зыкъыIэщIахыфу егъэсэнырщ, псэлъэкIэм и пIалъэмрэ мардэмрэ егъэщIэнырщ, – жеIэ Мэзыхьэ Анастасие.

Мастер-классыр Iыхьэ зыбжанэу зэхэтт. ЯпэщIыкIэ къаIуэтэну зыхуей гупсысэр пкъыгъуэ-пкъыгъуэкIэ зэщхьэщахыу, дэтхэнэр япэ игъэщыпхъэми, дэтхэнэр иужь къинапхъэми убзыхун хуейт. А къалэныр къызэранэкIа нэужь, зэкIэлъагъэкIуа текстым макъкIэ къеджэн хуейт. Ауэ къыщеджэкIэ, зэпыугъуэхэри, жьы Iурыхьэгъуэр щызэгъэгъуэтыпхъэхэри, нэхъ хэIэтыкIауэ къэпсэлъыпхъэхэри къыхэгъэщын хуейт. Iэмалыншэу псалъэм и макъри, и псалъэр псынщIэу е хуэму къыщыпсэлъыпхъэри, ину щыдэшеипхъэмрэ цIыкIу щыщIыпхъэмрэ къэлъытэни хуейт. Ауэ, нэхъыщхьэращи, псалъэр и нэгумрэ и пкъым и щIыкIэмрэ кIэлъыплъу есапхъэщ. Бзэмрэ пкъыбзэмрэ зэдэмыкIуэмэ, даIуэр къыдэпхьэхыфынукъым.

Мэзыхьэм зэрыжиIэмкIэ, утыку псэлъэкIэ зыпхуегъэсэнущ, абы и лъэныкъуэкIэ цIыхум иIэ есэныгъэхэми зыпхуегъэужьынущ, ауэ гушхуэныгъэр е харизмэкIэ зэджэр цIыхум къыдалъху, ар псэлъэкIэм хэмылъмэ, имыIэу аращи, хузэгъэпэщынукъым.

Мастер-классыр и кIэм щынэблагъэм, Мэзыхьэ Анастасие ныбжьыщIэхэм яжриIащ ар япэ лъэбакъуэу зэрыщытыр, дяпэкIи Iуэхугъуэм къызэрыкIэлъыкIуэнур, псэлъэну хуейхэм, утыкум ихьэу екIуу и гупсысэхэр щызыгъэIуну хущIэкъухэм зэрапэплъэр къыхигъэщащ.

Утыку псэлъэкIэр кIуэрыкIуэ Iуэхум (импровизацэм) къызэрыдэунэхур хьэкъ ящищIу, Мэзыхьэ Анастасие къекIуэлIахэм папщIэ уэрэдитI игъэзэщIащ, и щIыкIэм кIэлъигъэплъу, макъхэмрэ псалъэхэмрэ зэригъэIум щIигъэдэIуу.

ЗэIущIэм хэтахэм псоми фIыщIэ яхуищIа нэужь, Мэзыхьэм дэтхэнэми ехъуэхъуащ, гуращэ зыхуащIа Iуэхум и ужь ерыщу итыну, еши щхьэхи ямыщIэу я мурадхэм телэжьэну. «КупщIэ зыхэлъ хъуапсэкIэ гъэнщIа гъащIэращ мыхьэнэ зиIэр, сыт хуэдиз гугъуехьрэ лъэпощхьэпорэ фыIумыщIэми, зыщывмыгъэгъупщэ – фэ фыщызыгъэIэр фи хъуэпсапIэхэращ, фыздэщытам е къыщыщIэвдзам елъытауэ, зы лъэбакъуэкIэ нэхъ жыжьэу фыкIуэтамэ, зи фIыгъэр фщIа гуращэхэращ», – жиIащ Мэзыхьэ Анастасие.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

Читать также: