Юпитер и IэхэлъахэмАстрономхэм гу зэрылъатауэ, уахэ щIэншэм и плIанэпэ жыжьащэхэр къызэринэкIри, ди Дыгъэм и къэухьым къыхэлъэтат щIэныгъэлIхэм «3I/ATLAS» зыфIаща хьэршырыкIуэ пкъыгъуэ абрагъуэр. Астрофизикхэм ящыщ куэдым ар вагъуэкIэху лъэпкъыгъуэ гуэру къалъытами, «уахэхутэу» зызыбжыж мыдрейхэм пкъыгъуэ иныщэр хьэрш жыжьэм акъыл зиIэрэ псэ зыIуту дызыщрихьэлIэнкIэ хъунухэм къагъэкIуа уахэрыкIуэ кхъуафэу ягъэIуащ.
Мывэ скъар абрагъуэу вагъуэкIэхум (кометэм) хуагъэдар ЩIым къызэрыхуэблагъэм астрономхэм япэу гу щылъатар гъэ блэкIам и бадзэуэгъуэрщ. Къызэралъэгъуари дзей щIыкIэу зэдэлажьэ телескопхэу ди планетэм лей нэхъ къытезыгъэхьэнкIэ зыщышынэ астероидхэм якIэлъыгъуэзэнымкIэ «ATLAS» зэгухьэныгъэм хэтхэм я фIыгъэкIэщ.
КъызэрабжамкIэ, а пкъыгъуэр къыздилъэтыкIар Дыгъэм къедза и Iэхэлъахэм адкIэжкIэщ, уеблэмэ хьэршым и зы плIанэпэ жыжьащэхэм ящыщ зырщ. ЩIэныгъэлIхэр апхуэдэм «вагъуэ зэхуаку лъэуджыджэкIэ» йоджэ. Мыбы ирагъэщхьыну уафэр щIэзыпщытыкIхэм абы ипэкIэ ялъэгъуар тIу къудейщ: япэр – 2007 гъэм гу зылъатауэ щыта «Oumuamua» скъар мывэшхуэрщ, етIуанэр - 20I9 гъэм «Борисовым и вагъуэкIэху» зыфIащауэ щытарщ. АтIэми, 3I/ATLAS-р ещанэщ, и шыфэлIыфэкIи астрофизикэр зытет хабзэхэр къызэрыримыдзэри зыгъэнаIуэщ.
Дэнэ, атIэ, мы махуэхэм къыщыщIидзар хьэршым кIэлъыплъ цIыху къызэрыгуэкIхэм ямызакъуэу, астрофизикхэри «бэлыхь» хэзыдза 3I/ATLAS пкъыгъуэ абрагъуэр?
УФ-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Дыгъэм къыщекIуэкIхэр джынымкIэ, астрономиемрэ Гелиофизикэ унэтIыныгъэм епха Iэмэпсымэхэр ухуэнымкIэ и къудамэхэм щылажьэхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, зи гугъу тщIы пкъыгъуэ абрагъуэм и лъэужьым мы зэманым щылъыхъуапхъэр Юпитер планетэшхуэм и Iэгъуэблагъэрщ.
КъызэрабжамкIэ, уафэщI абрагъуэм и къэухьым ар гъунэгъубзэ щыхуэхъуар гъатхэпэм и I6 – I7-хэрщ. ИкIи мыр, вагъуэкIэхур, Юпитерым а далэм зэрыбгъэдыхьар, астрофизикхэм зэрагъэувымкIэ, зи хъыбарыр яхуэмыух абы и «хьэл-щэн» нэхъ зыгъэпIейтейхэм язщ. Сыту жытIэмэ, вагъуэкIэхухэм уахэм къащыхулъыкъуэкI Iуэхугъуэ псоми я проценти 2-м дежщ апхуэдэм ущыхуэзэри.
Къызэрыхэдгъэщащи, уахэрыкIуэ скъарыр зи гущIыIур гъуэзми пшагъуэми щымыщIэ Юпитер планетэм гъатхэпэм и I6 – I7-хэм километр мелуан 53,6-кIэ гъунэгъу зыхуищIри блэлъэтащ. А зэхуакур, дэ, ЩIым щыпсэухэм ди дежкIэ, иныщэу къытщыхъуми, Дыгъэм и къэухьыр зэрыхэшыIуам елъытауэ къызэрымыкIуэу мащIэщ (щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ).
ТIэкIу нэхъапэIуэкIэ
Иджырей мывэ скъарыр и зыгъэзэкIэкIэ, вагъуэ жьэражьэхэм я уэрдыхъу-къэухьым (ди Дыгъэри вагъуэщ) къаIэщIэкIыу къытхуеблэгъауэ щыта адрейхэм нэхърэ тIукIэ нэхъ хуабжьщ, къэдгъэлъагъуэмэ, зы секундэм къриубыдэу километр 65-рэ къызэзынэкIщ, гравитацием и хабзэм тету ди Дыгъэм бгъэдыхьэу (2025 гъэм и дыгъэгъазэм), и хъуреягъри къилъэтыхьу, къыздикIа хьэрш жыжьэмкIэ зэригъэзэжари зыгъэнаIуэщ. АтIэми, нэгъуазэм здитым, абы астрономхэм иджыри къаригъэлъэгъуащ зищIысым езыгъэгупсыс хуэмэбжьымэу щIэныгъэм щIэщыгъуэ къыщыхъуу «жьы Iубыгъуэ» къезыгъэшахэр.
ВагъуэкIэхум и зекIуэкIэ нэхъ узытхьэкъухэм язт ЩIы Хъурейм къыщхьэщыт уафэм телескопкIэ кIэлъыплъахэм 2026 гъэм щIышылэм и 22 - 26-хэм къыщалъэгъуа Iуэхугъуэри: Дыгъэр, ЩIыр, «3I/ATLAS» зыфIащар, зыр адрейм кIэлъыкIуэу, кIапсэ щIыкIэу зэрыщызэдиувыкIар! Астрофизикхэм къызэралъытэмкIи, уахэ жыжьэм хьэщIапIэ къытхуикIхэм мыбы хуэдэ къащехъулIэр илъэс пщIы бжыгъэм къриубыдэу зэзэмызэххэщ.
Ауэ щыхъукIи, зи гугъу тщIы мы махуэм астрономхэр щыхьэт зэдытехъуащ ди Дыгъэм къедза и къэухь-уэрдыхъум (орбита) зыщызыгъэкIэрахъуэ уафэщIхэу Юпитер, Уран, Сатурн, Нептун, Венерэ, Меркурий сымэ, ЩIы Хъурейм къыддэгъуэгурыкIуэ ди Мазэри абыхэм яхэту, уахэм, кIапсэ щIыкIэу, зы лъэныкъуэкIэ зэрыщызэдиувыкIам. Апхуэдэ зэкIэлъыгъэкIуэкIэм уахэм узэрыщрихьэлIэр, астрономхэм зэрагъэбелджыламкIэ, ику иту, илъэс I5-м къриубыдэу зэщ. Ахэр псори зыгуэр хъунт, мазэ бжыгъэ хъуауэ хьэршым кIэлъыплъхэм зи хъыбар яхуэмыухыж «3I/ATLAS» пкъыгъуэ абрагъуэри «планетэхэм я парадышхуэкIэ» дызэджэ а Iуэхугъуэм яхэмыпшэхъуамэ…
Астрофизикхэм я деж щыцIэрыIуэ Хаббл телескопымкIэ хьэрш жыжьэм къикIа ди хьэщIэм зэрызыкъыдигъэлъагъум ехьэлIауэ 2026 гъэм щIышылэм и I4-м траха сурэтхэм къызэрыхэщыжымкIэ, пкъыгъуэ абрагъуэм щхъуэкIэплъыкIэу зэщIэблэ и бажэкIэм километр мини I30-рэ и кIыхьагът. Ар, едгъапщэмэ, ЩIымрэ Мазэмрэ я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэм и Iыхьэ щанэм хуэдизщ.
КIэлъыгъуэзахэм ящыщ куэдым псом нэхърэ нэхъ зыгъэпIейтеяуэ къалъытар «3I/ATLAS»-м и «бажэкIэу» здэщымыIэпхъэмкIэ ешэкIар арат. Иджыри къэс къахута кометэхэм къадекIуэкI хабзэ а кIапэр Дыгъэр здэщымыIэмкIэт здэгъэзар, вагъуэ жьэражьэм и нурым мыбы хуэдэ пкъыгъуэхэм я сабэмрэ гъуэзымрэ зэрызриутхыпщIэкIым къыхэкIыу. АрщхьэкIэ, «3I/ATLAS» уахэрыкIуэ пкъыгъуэм деж, къызэрыщIэкIымкIэ, Iуэхур щынэгъуэщIт.
КъинэмыщIауэ. Израилми США-ми яхуэлажьэ космолог, физик-теоретик Лоуб Ави зэрытригъэчыныхьауэ, «3I/ATLAS» вагъуэкIэхум «нур» нэхъ цIыкIуу («бажэкIэ» нэхъыщхьэм къищынэмыщIа) иджыри щы къызыхиутIыпщыкIат, дэтхэнэри (зыр адрейм елъытауэ) къеблэкIа и уэрдыхъум деж градуси I20-кIэ щызэпэщIэхауэ. Ахэри зищIысыр астрофизикхэм яхузэхэгъэкIакъым.
АфIэкIа тлъагъужынукъым
Юпитер дежкIэ къетIуэнтIэкIыжынщи, телъыджэу гу зылъытапхъэр мыращ. «3I/ATLAS» кометэр абы зэрыбгъэдыхьауэ къабжа километр мелуан 53,6-р, къызэрыщIэкIымкIэ, а планетэм зыщIэзышэ и гравитациер Дыгъэм ейм хуэдиз щыхъу, «Хилл и сферэкIэ» зэджэ и гъунапкъэрщ, абы фIэкIыу нэхъри гъунэгъуу бгъэдыхьэ псори а уафэщI абрагъуэм зыIэщIиубыдэу.
Ауэ щыхъукIи, «Хилл и сферэр» - а планетэм (Юпитерым) и хъуреягъым, узыщIимышэу икIи укъимыутIыпщу, къыщылъэтыхьынымкIэ апхуэдизу зэгъэкIуа уэрдыхъущи, хьэршырыкIуэ кхъуафэхэр щызэдибгъэувыкIынымкIи зэгъщ.
АтIэми, «3I/ATLAS» вагъуэкIэхур икъусыкъужкIэ екIуу Юпитерым зэрыбгъэдыхьэпар телъыджэщ, астрономхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ. Сыту жытIэмэ, хьэршым апхуэдэм узэрыщрихьэлIэр къэхъукъащIэу мин 25-м деж зэщи.
А псом къадэкIуэуи, зы секундэм къриубыдэу километр 65-рэ къызэзынэкI «3I/ATLAS» вагъуэкIэхум, зищIысыр нэгъэсауэ зэхэбгъэкIын папщIэ, улъэщIыхьэрэ гъунэгъу зыхуэпщIынри мы зэманым технологиеу щыIэхэмкIэ плъэмыкIын Iуэхущ. КъинэмыщIауи, «3I/ATLAS-р» цIыху зэрыс хьэршырыкIуэ кхъухьлъатэу къыщIэкIрэ Юпитерым деж зонд гуэрхэр «плъыр» папщIэу щригъэтIысыкIами, ари къытхуэмыщIэнщ, а щIыпIэм къыщызылъэтыхь иджырей спутникхэр зыпэмылъэщын лэжьыгъэщи. Аращи, щIэныгъэлIхэми цIыху къызэрыгуэкIхэми ящыщ куэдыр зыгъэпIейтея вагъуэкIэхур кIуэ пэтми нэхъри нэхъ жыжьэ тхуэхъуху, ди гупсысэр зыхуэкIуэжыр «дауэ дымыщIами, абы теухуауэ дэ афIэкIа зыри къытхуэщIэнукъым» жыхуиIэрщ.
Пкъыгъуэ абрагъуэр, куэдым зэрагугъауэ, цIыху зэрысу къыщIэкIмэ, абы дежкIэ Юпитерым гъунэгъу зэрызихуищIар IэмалыфIщ а планетэшхуэм зыщIэзышэ и гравитациер щIэзыупскIэ икIи езыхужьэ къарууэ къигъэсэбэпынымкIэ, Дыгъэм и къэухьыр нэхъ псынщIэу зэрибгынэнымкIэ щIэгъэкъуэныфIу къыхущIэкIынущи.
Поделиться:
Читать также:
09.11.2026 - 13:45 →
ЩIэрыкIуэр, шыпсыранэр, андэгурэр
02.11.2026 - 13:47 →
Шащхьэр трихуми, джэгурейщи…
28.10.2026 - 16:33 →
Япэ кадет класс къызэIуахащ
23.10.2026 - 14:00 →
Адыгэбзэр зыгъэбзэрабзэ
20.10.2026 - 17:45 →
ЩIалэгъуалэм я зэхыхьэ
| ||




