«ЩIакIуэкъуэплъ» джэгукIэр

Нэхъ пасэм адыгэхэм щIэблэр зэрагъэгушхуэу щыта адыгэ джэгукIэхэм сабийхэм я лъэр жан, я акъылыр бзыгъэ ищIырт.  ДжэгукIэ IэмалымкIэ щIэблэр ягъасэрт. Хэбгъэзыхьмэ, абыхэм хабзэм щыщ Iыхьэ гуэрхэри къыщыхах щыIэт. ЩIалэ цIыкIухэмрэ хъыджэбз цIыкIухэмрэ джэгукIэхэм ягъасэ-яущийрт. Нэхъыбэм ахэр пщIантIэрт щыджэгур. Гуп зэрыгъэхъухэрти, я гуи я пси хыхьэу зэдэджэгухэрт, зэпеуэхэрт. Нэхъ цIыкIу дыдэхэр зэрагъэджэгу джэгукIэхэр, нэхъ инхэм папщIэ къагупсысахэр щхьэхуэхэт. Сабий джэгухэм балигъи яхэтт, цIыкIухэм ящIэн хуейхэр къагуригъаIуэу, ахэр игъэгушхуэу. Апхуэдэт адыгэ сабийхэм я зытегъэукIэр. Ди зэманми цIыкIухэр ирибгъэджэгуну щхьэпэщ а джэгукIэхэр. Сабийм и зэхэщIыкIыр абы лъэщу епсыхь. Щапхъэу къыдогъэлъагъуэ «ЩIакIуэкъуэплъ» джэгукIэр. Абы къигъэув хабзэхэр адыгэ гупсысэкIэм тещIыхьащ.

ЩІакІуэкъуэплъ

Пшапэр зэхэуауэщ щыджэгуу щытар. ЩІалэ цIыкIухэм гупитI защI. Абы ІэдамэкъуэкIэ е пхъэидзэкIэ къащIэ техьэнумрэ темыхьэнумрэ. Техьахэм я тхьэмадэр щIакIуэ щIагъым (упщIэми зы хъыдан гуэрми хъунущ) щIагъэтIысхьэ. УпщIэ сыт ямыIэмэ, и нэхэр щапхэри бжыхь джабэм деж е жыг лъабжьэм тIысыпIэ щыхуащI. А тхьэмадэм и гупыр зы къэмынэу абы и плъырщ, и хъумакIуэщ. Адрей гупыр лъэбакъуэ 30 - 40 хуэдизкIэ ІуокIри я гъунапкъэм зы дамыгъэ гуэр тращIэ, абы къыфIэмыкIыну. Иджы мы темыхьахэм я тхьэмадэм и унафэкIэ щIалэ цIыкIуитI къахокIри адрейхэм я деж хьэщIапIэ е зекIуэ макIуэ.  Ахэр къыщалъагъукIэ, плъырхэр къогуо: «Хэт къакIуэр?» - жаIэри. Мыдрей тIум заущэхуауэ икIи жамыIэIауэ адэкIэ кIуатэ хъунущ, плъырхэр дапщэрэ къэмыгуоуами. Ауэ зэ къызэтеувыIауэ адэкIэ щIадзэжу кIуатэу хэткъым. ЩІалэ цIыкIуитIыр зыри жамыIэу лъэбакъуэ ныкъуэ нэхъ мыхъуми ячурэ кIуэтэхукIэ, плъырхэми абы я бгъуитIыр яIыгъыу, ауэ абыхэм лъэбакъуитху-хыкIэ япэжыжьэу и щIыб защI, икIуэтурэ. ЩІалэ цIыкIухэр щыкIуатэкIэ плъырхэр абы я щIыбагъым къыдэнэу хэткъым. ЗекIуэ къэкIуахэр къэпсалъэ нэхърэ я лъакъуэхэр тIэкIу-тIэкIуурэ ягъэкIуатэурэ техьа гупым я тхьэмадэм нэхъри гъунэгъу зыхуащIмэ, нэхъ къащтэ. Ар лIыгъэу ялъытэ. Лъэбакъуэ зытхух нэхъ къэмынэу ахэр тхьэмадэм щыбгъэдыхьам деж, плъырхэр нэхъри зэрогъэкIий:

«Хэт къэкIуа, хэт къэса?» Ауэ тхьэмадэр къемыупщIауэ хьэщIэхэм (зекIуэлIхэм) зыри жаIэркъым, плъырхэми, псалъэ, зэрыгъэкIий мыхъумэ, зыри ящIэркъым. Сытми щIакIуэм къыкъуэплъ тхьэмадэм хьэщIэхэр къэкIуэтэхукIэ щIэмыупщIэурэ ахэр гъунэгъу зыхуещI, ауэ къэувыIауэ щилъагъукIэ щIоупщIэ:

- Хэт фыхъуну, дэнэ фыкъикIа?

- Дэ дыхьэщIэщ, - жаIэ щIалэ цIыкIуитIым, зэрыхъукIэ я макъыр яхъуэжри. АдэкIэ абыхэм пащэIакъым, нэхъ мащIэрэ зэрыпсэлъэнум хэту. Хэгъэрейхэр, тхьэмадэри яхэту, я ужь итщ хьэщIэхэр къагъэпсэлъэну. Абы Іэджэ жраIэ чэнджэщ ират, йоупщIхэр:

- Ди хьэщIэщыр фцIыхуркъэ? Феблагъэ абыкIэ, пщIантIэм хьэ дэлъкъым ... НэгъуэщІ Іэджэхэри кърагъэкIуэкI.

ИкIэм икIэжым хьэщIэхэм зэпеуэу жаIэн хуейщ: дэ дыхьэщIэкъым икIи дызекIуэкъым, мыр дыгъужьщ, сэ сы-мыщэщ, е мыр абрэджщ, сэ сышыдыхъуэщ. Абы и ужькIэ щIакIуэ щIагъым щIэс тхьэмадэр, ахэр я макъкIэ къыхуэцIыхуами къыхуэмыцIыхуами зэхэгъэж имыIэу, къогуо:

- Дыгъужьыр (е абрэджыр) Лэкъумэнщ, мыщэр (е шыдыхъуэр) Ахьмэдщ. А тIури я макъкIэ тхьэмадэм къицIыхуфамэ, зыкъагъэкIэрахъуэри псынщIэу къыщIоцIывэхэ, плъырхэм зыкърамыгъэубыдыным хэту зыщIадз-зыкъыщIадзу. Мыщэмрэ дыгъужьымрэ къалъэщIэмыхьэIауэ дамыгъэм деж къэсыжамэ, абыхэм я гъусэхэм я Іэхэр зэрубыдауэ хъурейуэ щытщи, тIум я Іэр зэроутIыпщ (куэбжэ ящIри), къэсыжахэр пщIантIэм дагъэлъэдэжыну. КъэхъункIэ мэхъу ахэр кIэщIу къэзыху плъырхэм ящыщи щIихьэу а пщIантIэм къыдэхутэу. Абы щыгъуэ ар езыр гъэр хъуауэ аращ. ЩІакІуэ щIагъым щIэс тхьэмадэм щIалэ цIыкIуитIым я зыр къицIыхуу адрейр къыхуэмыцIыхуамэ, плъырхэм закъримыгъэубыдыну къыщIэцIывэжыр къицIыхуарщ. Адрей къимыцIыхуам езыр зэгуакIуэр (дауи, абы къыхишыр плъырхэм ящыщу нэхъ жэр, и гупым щхьэкIэ нэхъ шынагъуэу илъытэрщ) гъусэ ещIри гъэру къешэ. Дамыгъэм къэмысыжу плъырхэм яубыдар абы я гъэрщи, яшэри лъэхъуэщым щIадзэ - тхьэмадэ щIакIуэм щIэсым и щIыбкIэ ягъэтIыс. Ауэ мыдрей гупым я пщIантIэм дэлъэдауэ гъэр ящIар ягъэтIысыркъым, атIэ яхэту здагъэджэгу, ауэ хьэщIапIэ, зекIуэ ягъакIуэркъым. ЩІакІуэ щIагъым щIэс тхьэмадэм къыхуэмыцIыхуа хьэщIэм къишар аращ мыдрей гупым лъэхъуэщым «ирадзэр». Апхуэдэурэ зы гупым тхьэмадэм фIэкIа къэмынэжыхукIэ гъэр ящIамэ, дауи, а гупыр хонэ.

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться:

Читать также: