IуэрыIуатэм и дыщэ пхъуантэм и IункIыбзэIухыр къэзыгъуэта, адыгэлI щыпкъэу дунейм тета, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» и IэдакъэщIэкIым ит псалъэгъэнахуэхэм ящыщщ адэкIэ къыщытхьынур.
Къэбыстэшх – къэбыстэ тхьэмпэхэр зышх хьэндырабгъуэ хужь цIыкIу.
Къэвэбжэ – къэвэбжэр зэIухын – псэлъэреин, увыIэгъуэ зэзымытыжу псалъэ, куэд жызыIэ.
Къэгугъэгъуэ – жыгхэм къэтIэпIыну зыщагъэхьэзыр зэман.
Къэгъэхьэрджэн – къэгъэхьэрычэтын, фейдэ къыхэхын.
Къэдабэ щиху – зи тхьэмпэхэр хужьыфэ щиху лIэужьыгъуэ.
Къэдэхь – «дзыдзэ» жыхуаIэ псэущхьэ цIыкIум и лъэпкъыгъуэ.
Къэжыхь – зы щIалэрэ зы пщащэрэ зэдащI адыгэ къафэ псынщIэ.
Къэзан сабын – Тэтэр щIыналъэм (Къэзан къалэ) кърашу щыта сабын лIэужьыгъуэ.
Къэзджэн – къэскIэн, къэщтэн, къыхэгулэзыкIын.
Къэлэтамэ – зэпщ-зэгъажьэ (зэ щIыгъуэу жыхуиIэщ) щIакхъуэ пIащIэ.
Къэнат – адыгэш лъэпкъхэм язт, илъэсищэ зауэжьым здихьащ.
Къэпщыкъей – гъуэгу зэхэкъута, цIыху щыземыкIуэжу ябгынэжа.
Къэрабгъэ джанэ – лIыгъэншэу зыкъэзыгъэлъагъуэм щатIагъэу щыта джанэ, жыжьэу къаплъэм къызэрицIыхуным хуэдэу, къуэлэну щIауэ.
Къэрмакъ – адыгэ бзылъхугъэм и щыгъыным хэт щIыIу зэфIэдзэм и щхьэр зыфIагъанэрщ (гнездо застежки).
Къэрмэн – дыкъуэнагъ лъэпкъым щыщ жыг лъэпкъыгъуэ (вязь, ильм).
Къэсракъ – шыщIэм и кIэм и пыупщIыкIэ.
Къэущкъулэн – гъатхэм щIым удз щхъуантIэр къытрикIутэн.
Къэшхыхь – хъэуан лIэужьыгъуэ IэфI дыдэ.
Къэякъ – кхъуафэжьейм и зы фIэщыгъэ.
Къей – бгы, къыр, нэпкъ екIуэлIэпIей (екIуэлIэгъуей).
КъекIауэ – бдзэкъунтхым фIэлъ пхъэмыф (поплавок).
Къелы – арэзы техъуэн, къабыл щIын.
Къиикъ – шабзэкъум ещхьу къэгъэша.
Къиякъ – бгъэшхуэ лъэпкъ, кIэрыхуа, хьэдэкъупщхьэ хуэдэхэр зэщIэзыкъуэ.
Къыдырыгу – жыгым гъуэ пызыщIыхь тхьэрыкъуэ цIыкIу.
Къылыкъ – щхьэ кIуцIым къыхузэщIэубыдэ и гупсысэкIэ, акъыл жыхуаIэр (сознание, мышление, работа мозга).
Къылыш - хьэ е нартыху хьэжыгъэм къыхащIыкI хьэтыкъ (мэжаджэ) лIэужьыгъуэ, дэпкIэ гъэжьауэ.
КъыпскIэ – мэз мэракIуэхэм ящыщ.
Къыргъ (Тэрч) – псы здэщымыIэ щIыпIэ гъущэ, губгъуэшэкъракъ.
Къыркъ – къурмакъейм къыхэпIиикI хъыщт (кадык).
Къыркъыр – I) кхъуэщын щхьэ зэв, абы псы къыщрагъэжкIэ ищI макъым къытращIыкIащ и цIэри; 2) зекIуэлIым и псылъэ.
Къырыкъ – пкъы зыщIэт щэкI Iув.
Къыутан – хьэтхэмрэ фирхьэунхэмрэ я зэманым щыIа зауэгу, шитI-щы щIэщIауэ, шэрхъитI щIэту, уэрдыхъу ныкъуэ лъагэ и пэмкIэ къыIущIыхьауэ.
Къыщ (междометие) – къазхэр зэрагъащтэ псалъэ.
Къуажэ баш – жэщым къуажэм хуэплъырыну зи чэзум и унэм кIэрагъэувэу щыта баш, плъырыфын цIыхухъу балигъ узыншэ зэрымыс унэм апхуэдэ баш кIэрагъэувэртэкъым.
Къуажэгуу – накIэм къыхэлъэта цIыкIурщ, зэфыкIым и фэр ирихрэ къеузу.
Къуажэ дэху – япэм къуажэм дыгъуакIуэу, жылэм и напэр тезыхыу, мыдаIуэу дэсар, жэмыхьэт зэхуэсым и унафэкIэ дахуу щытащ, къигъэзэжыну хуимыту.
КъуажэкъехуэкI – япэм зыгуэрым езым и къуажэгъум и мылъку е и Iэщ къидыгъуамэ, хеящIэмрэ къидыгъуар зеймрэ зэгурыIуэрти, дыгъуакIуэм къидыгъуар иIыгъыу е, Iэщу щытмэ, ипэм иту къуажэм къыщрахуэкIырт, уэрам къэс ищIа «хьэдэгъуэдахэр» ину жрагъэIэурэ.
Къуампырэ – лъэмыж.
КъуанщIэ кIакIэ – къанжэ.
Къуардэ – Iэщышхуэм и кIэн.
Къуэгъул – зекIуэлIхэм гъуэмылэу зэдащтэу щыта лы мыпшэр, ар нэхъыфIу гъууэ, зэIымыхьэу куэдрэ зекIуэу зэрыщытам папщIэ.
Къуэдз – пасэм щыгъуэ пщы уэлий (нэхъыщхьэ, нэхъыжь) щыхахкIэ, абы и дэIэпыкъуэгъу-чэнджэщэгъуу зы лIакъуэлIэши хахырт, къуэдзкIэ еджэу.
Къуэлэн – зи фэм плъыжь цIыкIу хэс бдзэжьей (форель).
Къуэрэдэрэ – нэрэтей, къырхэм къытекIэ гъурц.
Къуэтыр – зи лъабжьэр жыжьэ екIых хадэхэкI удз (шпинат).
КъуэтIыхь – быдапIэр къызэратIыхь къуэ, шытх иIэу (крепостной вал).
Къубас - лъэгущIыхьыпхъэу (вакъэм и лъэгущIэдзу), уанэм и джабэщIэлъу къагъэсэбэп Iэщыфэ гъэтэджа.
Къудэ – фIыжыIэгъу узымыIуэтэж, дзыхь зэбгъэз хъу псэлъэгъу.
Къуентхъ – текIуахэм зэрапхъуэ бийм и мылъку (трофей).
Къузгъун – цIыху быдэжь, хьэтырыншэ, псори зыкъуз.
Къулъкъэшхъэн – пщым IэщIэкIыу ежьэжа пщылI, языныкъуэхэм дежи абрэджу хыхьэжу.
Къулътыкъу – лулэм (тутын зрагъэтIысхьэ къупщхьэм) икъу.
КъулъшэуапIэ – хэщIапIэ, псэупIэ (офис, имение).