Нало Заур и новеллэхэм теухуауэНовеллэ жанрым хъэтI щхьэхуэ щиIэщ Нало Заур. Абы и сюжетхэм укъагъэуIэбжь зэпытщ, Iуэхугъуэхэр телъыджэу зэхэухуэнащ. Ар новеллэ жанрым и хьэл-щэнщ. ГъэщIэгъуэну игъэпсащ Нало Заур и «ТхьэIухуд нэкъуэлэн» новеллэм и сюжетыр. ЛIы бзаджэмрэ гугъуехьымрэ къыпхуэмыцIыхужыну жьы ящIа, тхьэIухуду щыта Налжан тфIэгуэныхь хъуарэ, абы теухуа ди гупсысэхэр зэдгъэпцIыжу лъэныкъуэ едгъэзыну дыхущIэмыхьэурэ лIы щабэIуэм щигъэкIа, щыуагъэ ищIэу унэхъужа Нузэ тхьэмыщкIафэу ди пащхьэм къоувэ. Новеллэ жанрым и хьэлщ Iуэхугъуэхэр зы хьэлэмэт гуэру зэблидзу укъигъэуIэбжьыну. «Сыт апхуэдизым къатепха тхьэIухудыр иджы щIэбукIыжыр? ТхьэIухуду къэпшар алмэсты хъуным нэбгъэсащ…» - жриIат Муса Налжан и щхьэгъусэ Iэбу. Пэжу, Налжан гугъуехьым жьы ищIат: «…пщэдджыжьым мо дыгъэ нэкIутIэр къыщIэмыкIыу, а тхьэIухудыр къэтэджырт, Урыхужь кIуэрти зэнзэныпс къихьырт… пхъэ икъутэрт, джэдкъазыр игъашхэрт, майор пырхъыр къигъэтэджырт абы, игъашхэрти дигъэкIырт, гуащэри игъашхэрт абы, щхьэнтэм тригъэтIысхьэжырт». Iэбу и шейтIаныр къытекIуэри, и щхьэгъусэм щысхьатэкъым. Ауэ…езы Iэбу и жыIауэ «шейтIаныр лIэужьыгъуэ Iэджэ мэхъу…шейтIан пэшэгъу щыIэщ, шейтIан егъу щыIэщ, шейтIан фIыцIэ, шейтIан щIыху, шейтIан хужь, шейтIан кусэ… А псори шейтIанщи, дзыхь яхуэпщI хъунукъым». АтIэ Муса къытекIуа шейтIаныр сыт хуэдэт? «Сыт а уи фызыжь цIыкIур щIэбгъэщIэращIэр, и пхэр къыщIэщу къыщIебгъэкIухьыр? А уэ делэ пщIам дэплъейуэрэ дыдейхэри делэ мэхъу…» - къыжраIэрт абы и къуажэгъухэм. Муса Мэзкуу щыIауэ къокIуэж махуэ гуэрым… «Лэгъунэбжэр Iуехри, уэздыгъэр щIигъанэмэ…Нузэ и гупэм лIы бацэшхуэ хэлъу…» «ПцIыупс» новеллэм дытепсэлъыхькIэрэ, ипэмкIэ къыщIэдмыдзэу, абы икIэ дыдэ псалъэухамкIэ къыщIэддзэнщ: «ПцIы дахэм укъигъапцIэркъым!» Горькэм и лIыхъужьхэр (Лукарэ Сатинрэ) щIызэдэуауэ щытам Налом кIэ ирита хуэдэщ. Iэпщо и пцIыр сэбэпт, щхьэпэт. ПцIыкIи деджэнкъым абы, Жунэ зэрыжиIауэ, «пцIы шыпсэ» жытIэнщ. Шыпсэм нэхъ ещхьщ абы къигупсыс хъыбархэр. Ауэ апхуэдизкIэ фIэщхъуныгъэ хэлъу жеIэ, и гум къырехри, ар зыжриIэми и фIэщ мэхъу. Iэпщо зыгуэрым зэран хуэхъун пцIы иупсыркъым. Абы ещIэ а къигупсыс къомыр зэрыпцIыр къызэрыщIэщыжынури, и псэр хилъхьэурэ хъыбар мыпэж гуэр къигупсысу аркъудейщ. «Псэ гъуамэ зыхэплъхьэр сыту щытми, гъуамэ мэхъу. Псэ дахэ зыIумытыр IэщIагъэлI хъунукъым. НтIэ а сэ бжесIа пцIы псысэми мы си псэр хэлъщ» - жеIэ Iэпщо. «ПцIыупс» - м хыболъагъуэ арэзы укъэзымыщI Iуэхугъуэхэр. Псалъэм папщIэ, сюжетым и ухуэныр нэхъ гугъуехьыншэ хъун щхьэкIэ къигупсысауэ къыпфIощI Жунэ лIы мыцIыхум деж екIуалIэу, абы фэтэру зэрыщIэтIысхьэр. Тхыгъэм къыхощ хъыджэбзыр здэкIуа къуажэм и благъэ дэсу. Пэжщ, Iэпщо Жунэр къигъэпцIат, таурыхъ гуэрхэм иригъэдэIуат. Ауэ, езы Iэпщо егупсысын хуейтэкъэ хъыджэбзыр и деж къанэ зэрымыхъунум… МыгурыIуэгъуэ гуэру щытщ Жунэ зэпсалъэ щIалэм – Юрэ - и Iуэху зытетри. Мы образыр тхакIуэм дигъэцIыхухакъым, и цIэ къытхуриIуа мыхъумэ. «ФIыуэ илъагъу» пщащэр Iэпщо и деж зыкъомрэ щыIэщ, тхакIуэм Юрэ и гугъу къытхуищIыжыххэркъым, щыIаи – щымыIаи. Зэман докIри, къыздикIари къыздихуари къыдгурымыIуэу, ар къокIуэри, Жунэ чачэу делъэфыж. «Мы хъыбарыр и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэсыху, зэблэгъэувыкIи зэблэдзи хэмыту, къызэрекIуэкIа дыдэм тету вжесIэжмэ нэхъ къызощтэ» - жеIэри кърегъажьэ Налом «Мазэм фIэкIа зыми имылъэгъуа» новеллэр. УкъэзыгъэуIэбжь Iуэхугъуэхэр къызыкъуипхъуэтурэ, абы дыкIэлъегъэплъ Тинэ и гъащIэм. Тхыгъэм и кIэм тхакIуэм и пIэм ирегъэувэж зэхигъэзэрыхьа къомыр, уеблэмэ и лIыхъужьхэм псэгъукIэ яхуоупсэж, ахэр унагъуэу егъэтIысыж. Нало Заур и бзэ шэрыуэм новеллэр еджэгъуафIэ ещI. Абы и персонажхэр зыпсалъэ закъуэкIи егъэбелджылыф. КIушкIулу и бынхэм щхьэкIэ жеIэ «пэшынкъижитху» е «цIрушырухэр». Тинэ щхьэкIэ - «тхьэIухуд». ГъэщIэгъуэнщ Налом и щIагъыбзэр. Къэтхьынти щапхъэу зы диалог: - ТIинэ бэлацэ цIыкIу, - жи, - пщэдей шхыпхъэ къэтщэхунщ, иджыпсту нэгъуэщI щыдимыIэкIэ, уэрдыхъуншэ бошкIэ цIыкIу тхуэгъажьэ… ГъэжьэкIэ пщIэххэмэ… ТIинэ къоуIэбжь - Ар жыхуаIэр сыт? БошкIэ ягъажьэрэ? – ИтIанэ игу къокIыж Мачэ къуажэхькIэ зэрыгушыIэри йоупщI: - Сыт хъуну а уэрдыхъу зыщымыукIа бошкIэр? - Iау, уэ игъащIэм плъэгъуа уэрдыхъу щыгъыу зыгуэр джэдым къакIэцIу? Тхыгъэр зэхэлъщ жыIэгъуэ дахэу, щIагъыбзэу, псалъэ шэрыуэу, псалъэжьу: «Къэп лъащIэр зэ гъуанэ хъуамэ, илъыр къимылъэлъу увыIэркъым», «IэщIагъэ зиIэр лъапцIэ хъуркъым», «Бзылъхугъэпсэр и лъащIэм нэсу къипщытэфакъым щIэныгъэми къэзыгъэщIа Тхьэми», «Мазэ изыбзэр зэрихабзэжьу щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъри, къэхъуар щилъагъум, укIытэщ абы, пшэхужь тIэкIу къилъэфри, зытрипIащ».
Поделиться:
Читать также:
15.05.2026 - 14:55 →
Ухуэмыхукъэ - улъагъугъуейщ
15.05.2026 - 12:49 →
Хъуэжэ и хъыбар Iущхэр
14.05.2026 - 15:04 →
ГъащIэм и тхылъ
07.05.2026 - 12:26 →
Франджы усакIуэм и лъэIур
30.04.2026 - 17:49 →
УсакIуэм и гъуэгу
| ||




