ЩIэщыгъуэ куэд къыхилъхьащКIуантIэ Iэзид лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм ящыщщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ хэплъыхь зыщI нобэрей тхылъеджэм и пащхьэ иплъхьэ хъун тхыгъэ хьэлэмэт куэд. Дэтхэнэми уи фIэщ ящI тхакIуэм къалэм гуащIафIэ зэрыIэщIэлъар, абы и бзэр зэрыжаныр. ГъащIэм набдзэгубдзаплъэу хэплъэф тхакIуэт КIуантIэ Iэзид, абы и лъащIэмрэ и купщIэмрэ къыщIигъэлъэфу, акъыл бзыгъэрэ псалъэ жанкIэ белджылы ищIыфу. ТхакIуэм бгъэдэлъа зэчийм теухуащ Къэрмокъуэ Хьэмид и тхыгъэр. «Сабийм игъащIэкIэ и гум къонэ и адэ-анэм, и шынэхъыжьхэм я деж щызэхиха таурыхъхэр, шыпсэхэр, усэхэр. Абыхэм я нэхъыбэр цIыхум и гум илъ зэпытщ балигъ хъуа нэужьи, зэгуэр къызэринэкIа сабиигъуэ IэфIым и даущщи. Нобэрей сабийр нобэрей тхылъщ нэхъ зыхуейри нэхъ зыхуэныкъуэри. Тхылъым ныбжьыщIэм иригъуэтэн хуейщ лэжьэн щIэзыдза акъыл пцIанэр зэригъэнщIын хъыбар – къэзыухъуреихь дунейм и хъыбар гъэщIэгъуэн. КIуэ пэтми щIэпсынщIэурэ зеужь нобэрей гъащIэм, дыгъуасэ фIэщIэщыгъуар пщэдей тIорысэ, зэшыгъуэ къыIэщIэхъуэнущ цIыхум. Псом хуэдэжкъым зи хэхъуэгъуэ сабийр: Iэджэм хуопабгъэ абы и гур, и акъылым лажьэу щIидзащи, сытри фIэхьэлэмэтщ, куэдым щIоупщIэ, нэхъыбэжым къагъэуIэбжь, и гупсысэр зэхэзехуэн мэхъури, балигъхэми зэрапсэлъафэщи, дунейр тIэу пкIэгъуэ хуэхъуркъым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, къэтIэщIыгъуафIэкъым апхуэдэ щIэблэм я дунейр, ар къалэн зыщызыщI тхакIуэм и пщэм куэд къыдохуэ. А къалэным пэлъэщын щхьэкIэ тхакIуэр сабий дунейм (абы и гурыгъу-гурыщIэхэм, и хьэл-щэным, и гупсысэм) куууэ щыгъуазэу щытын хуейщ. Шэч хэлъкъым КIуантIэ Iэзид апхуэдэ тхакIуэу зэрыщытам. Абы гурэ псэкIэ зыхищIэрт сабийм и гурыгъу-гурыщIэхэр – ар нэрылъагъу щохъу абы и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэм. КIуантIэм и къалэмыр ноплъысыф ныбжьыщIэм и гущIэ лъапсэм, сэтей ещIыф абы и гум щыщIэри и псэм щыушэри: гукъанэ зиIэми гуфIэгъуэм зэщIигъэнэхуами я псэлъэгъу Iущт ар. Сабийри балигъри тезэшэнукъым, псалъэм папщIэ, «Сусаннэ», «Мурат», «ЗэныбжьитI», «Тыгъэ», «Цыджан», «Лъэмыж» рассказхэм. Абыхэм дэ дащрохьэлIэ зи гур жан, зи гупсысэр нэху, зи псэр къабзэ ныбжьыщIэхэм. КIуантIэм и мащIэкъым апхуэдэ тхыгъэхэр – сабиигъуэм и IэфIыр зыхозыгъащIэ рассказхэр, хъыбархэр, повестхэр. А тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа КIуантIэ Iэзид илъэс плIыщIым щIигъукIэ ди литературэм щылэжьащ. Нэрылъагъущ ар къалэм гуащIафIэр зыгъабзэ, гъащIэм куууэ щыгъуазэ, иIуэтэнрэ узригъэдэIуэнрэ зи гъунэж тхакIуэхэм зэращыщар. КIуантIэ Iэзид и къалэмым нэхъыбэрэ игъэбатэр сабийм, цIыху ныбжьыщIэм и дунейрщ. КIуантIэр щыгъуазэщ а дунейм, щыгъуазэщ ар зэрызэхэлъым, зэрыкъулейм. Апхуэдэущ ар – сабий дунейр, сабий гъащIэр тхакIуэм ди пащхьэм къызэрырилъхьэр. Апхуэдэущ ар, псалъэм папщIэ, «Къэрабгъэ», «Щэху», «Iэминат», «Баринэ», «Лъапэху», «Гуэл Iуфэм» рассказхэм зэрыщытлъагъур. Я цIэ къипIуэфынущ нэгъуэщI рассказхэми. КIуантIэм и мащIэкъым ныбжьыщIэм и гъащIэмрэ и дунеймрэ куууэ, щIэщыгъуэ къыпщыхъуу, узыIэпишэу, уитхьэкъуу къызэрызэкIуэцIих тхыгъэхэр. Шэч къытетхьэркъым абыхэм еджэну дэтхэнэми и сабиигъуэмрэ и ныбжьыщIэгъуэмрэ IэфIу игу къызэрыкIыжынум – ар цIыху балигъмэ. Езы ныбжьыщIэхэр КIуантIэ Iэзид и тхыгъэхэм щрохьэлIэ ныбжьэгъу пэж, псэлъэгъу Iущ яхуэхъун цIыху щIалэхэм я образ купщIафIэхэм, щагъуэт я гупсысэ жанхэм къыдежьуун псалъэмакъ гъэщIэгъуэн, я акъылыр зыгъэлэжьэн, я псэр зыхьэхун, я гур щыз зыщI хъыбар щIагъуэхэм. 1965 гъэм дунейм къытехьащ КIуантIэ Iэзид и япэ тхылъыр. «Мэз лъагъуэхэр» – аращ зэреджэр абы и рассказ пасэхэр щызэхуэхьэса а тхылъ цIыкIум. Абдежым IyпщI хъуащ иужькIэ зэи тхакIуэм IэщIыб имыщIыжа IэнатIэр – зи цIэ къитIуа тхылъ цIыкIум щызэхуэхьэсар сабий дунеймрэ сабий гъащIэмрэ купщIэ зыхуэхъуа хъыбархэмрэ рассказхэмрэщ. «Мэз лъагъуэхэм» къыкIэлъыкIуащ ди сабий литературэм цIэрыIуэ щыхъуа тхылъхэр: «Гулэз», «Лъэмыж», «Фэеплъ», «Лыгъей нэз», «Ерыщ», «Дыжьын фалъэ», «ГъуэгурыкIуэ», нэгъуэщIхэри. ТхакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIащ ныбжьыщIэхэм папщIэ итха тхылъ 18, абыхэм ящыщ дэтхэнэми ди сабий литературэм щIэщыгъуэ куэд къыхалъхьащ».
Поделиться:
Читать также:
19.04.2026 - 11:00 →
Лианэ и IэрыкIхэр
19.04.2026 - 10:00 →
Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу
16.04.2026 - 14:37 →
Хабзэрмрэ бзэмрэ и гъуазэу
15.04.2026 - 16:38 →
Телъщ ар ноби ди напщIэ
13.04.2026 - 14:52 →
КъэхъукъащIэхэм пэджэжу
| ||





