Франджы усакIуэм и гупсысэхэрМэлыжьыхьым и 9-м илъэс 205-рэ ирокъу франджы литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Бодлер Шарль. УсакIуэ цIэрыIуэм теухуа тхыгъэ газетым и «Махуэку» къыдэкIыгъуэм худогъэхьэзыр. Электрон тедзэгъуэм хухэтхащ абы и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм хабжэ, прозэкIэ тха усэу зэхэт «Париж губампIэ» тхылъым щыщ. Тхыгъэ 50 зэрыхуа «Париж губампIэр» езы усакIуэр дунейм ехыжа нэужьщ къыщыдагъэкIар. А тхылъым уасэшхуэ хуищIауэ щытащ франджы тхакIуэ Сартр Жан Поль. УрысыбзэкIи зэдзэкIыгъэ куэд дыдэ щыIэщ а «Париж губампIэм» къыхахауэ. ГъащIэм, лIэныгъэм, усыгъэм, гъуазджэм, захуэным, къуэншэным, диным, гупсысэ куухэм ятеухуащ Бодлер и усэхэр. Жэщу сыхьэтыр зым Уэху! Си закъуэщ! Иджыри емыкIуэлIэжа машинэ ешахэм я Iэуэлъауэ къоIукI уэрамымкIэ. Щэхуу, гупсэхугъуэ къыздахьын гугъи щыIэу, сыхьэт зыбжанэ си Iэрылъхьэщ. Уэху! ЦIыху нэкIухэм къыздахь хьэзабыр IукIуэтащи, иджы сэ езым си фэм дэсхыжым фIэкIа сымышэчыну сыхуитщ. Пшапэ зэхэуэм зыхезгъэлъафэу зызгъэпсэхуми хъунущ иджы. Япэрауэ, IункIыбзэIухыр бжэм тIэу щызогъэкIэрахъуэ. Абы сызэризакъуэр нэхъ куууэ зыхызигъащIэу, дуней нэрылъагъумрэ сэрэ дяпэкIэ ди зэхуаку къыдэувэну блынхэр нэхъ лъагэжу къыдрищIеин къысфIощI. ГъащIэ гуемыIу! Къалэ гуемыIу! Нобэрей махуэр cигу къэзгъэкIыжынти. ТхакIуэхэм сахуэзащ. Языхэз «Урысейм щIылъэкIэ укIуэ хъуну пIэрэ?» - жиIэри къызэупщIащ. Абы Урысейр хытIыгуу къызыфIигъэщI къыщIэкIынщ. Журналым и редакторым си фIэщу седэуащ. Зыгуэр пэздзыжыху, «ЦIыху зэтетхэр апхуэдэущ Iуэхум зэреплъыр», - къызжиIэрт. Адрей журналхэр къыдэзыгъэкIхэр псори мыхьэнэншэ защIэщ жыпIэнт. Щхьэ зыхуэсщIа цIыху тIощIым ящыщу пщыкIутхур игъащIэм слъэгъуакъым. Iэлъэ сIэрымыгъыу сэлам зэсха къомым я бжыгъэри нэхъ мащIэкъым. Уэшх къешхыху зэманыр згъэкIуэн папщIэ, «Венерэ и фащэ къыхуэзгупсысыну» къызэлъэIуа къэфакIуэ гуэрым сылъыгъуэзащ. «Мыст убгъэдыхьэмэ, ущыуэнукъым. Си тхакIуэхэм абы нэхърэ зи жыIэ нэхъ пхыкIи, нэхъ цIэрыIуи, нэхъ акъылынши яхэткъым. Абы гъуэгу гуэр утригъэувэнкIи хъунщ, итIанэ деплъынщ», - жиIэу сыкъыщIэзыгъэувыкIыжа театр унафэщIым сеубзащ. ИгъащIэм сымылэжьа Iуэху мыфэмыцхэмкIэ (хэтыт абы хуейр?) зызгъэщIэгъуащ. СфIэфIыпсу сщIа нэгъуэщI напэтех Iэджэ - утыку сыкъилъэдэн, хабзэр зэIысщIэу цIыхухэр згъэбэлэрыгъын къудей щхьэкIэ сызытегушхуахэр - сышынэри сыбзыщIащ. Ныбжьэгъум зыкIи къыстемыхьэлъэн гуэр пэзубыдащ. ТхьэгъэпцI гъущэр зэрыцIыху пэжымкIэ щыхьэту сыкъэуващ. Куэдкъэ-тIэ ар? Зыми хуэмыарэзы, и щхьэми хуэмыарэзыж сэ сыту сыхуейт гуэныхьу стелъыр къысхуэгъуауэ жэщ Iэуэлъауэншэм и егъэзыпIэм си гур щызэрызгъэгъуэтыжыну. Си нэм и нэхуу щытахэ, си сатырхэм щызгъэфIахэ! ПсэкIэ зыкъысщIэвгъакъуи, мы дунейм и пцIымрэ абы къыщхьэщих бахъеймрэ сщхьэщывгъэкIуэт. Уэри, ди Тхьэ, гущIэгъу къысхуэщIи, сэ нэхърэ нэхъ цIыху Iей зэрыщыIэр, мы сигу зыщыкIа къомым нэхърэ сызэрымынэхъыкIэр си фIэщ ящIыфу, дахащэу усэ зыбжанэ сыгъэтх.
Поделиться:
Читать также:
20.04.2026 - 11:18 →
Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
17.04.2026 - 10:52 →
Псэущхьэхэр къызыхэщ джэгукIэхэр
08.04.2026 - 11:48 →
Отаров Керим и тхылъыщIэ
03.04.2026 - 16:20 →
КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьыр зыукIам и къэгъуэтыкIар
01.04.2026 - 11:38 →
Нало Заур и новеллэхэм теухуауэ
| ||





