ФIыщIэм фIыгъуэ къыдокIуэФIы хуащIэну зыфIэмыфI цIыху зэрыщымыIэр гурыIуэгъуэщ. Ауэ абыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ мащIэщ къыхуащIа фIым гуапагъэкIэ, фIыщIэкIэ пэмыджэжыф. Мы иужьрей хьэлыр адыгэ псалъэжьым шэрыуэу къеIуатэ: «Хабзэр убзэу зыфIэщIым хуэпщIэнум и ныкъуэр къегъанэ». «Iэлхьэмдулиллахь» жыIэгъуэрщ къызэриублэр КъурIэн лъапIэр къызэIузых «Фатихьэ» сурэр: «ФIыщIэр ейщ Алыхьу дунейхэм я Тхьэм». Абы ущрохьэлIэ зэпыт махуэкъэс зэчырхэми. Ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, мы псалъэ купщIафIэхэм я къарур дэ къызэрызыфIэдгъэщIым щхьэдох. «Дауэ ущыт?» - жиIэу, зы муслъымэныр адрейм щыщIэупщIэкIэ, псоми я жэуапыр зэщхьщ: «Iэлхьэмдулиллахь. Алыхьым и фIыщIэкIэ, дыхъарзынэщ». Уеблэмэ зи Iуэху мыщIагъуэм а упщIэр щызэхихкIэ: «Дэтхэнэ щытыкIэми Алыхьым дыхуарэзыщ, ди дежкIэ нэхъыфIыр зыщIэр аращи, Алыхьым и фIыщIэщ сыт къытщыщIми», - жеIэф. Аращ я мыхьэнэр «Iэлхьэмдулиллахь хьэла куулли хьал» псалъэхэм. Псэм и узыфэ гукъыдэжыншагъэм пэуву къалъытэ дин щIэныгъэлIхэм «Iэльхьэмдулиллахь»-р. Хъыбарыбэ напэкIуэцIхэр къежьэу, дэтхэнэ зыми ишхри, щитIагъэри, здэкIуэри, къыздикIыжри, къищэхури, къыхэхъуэри утыку къищIын хьэл къызэрищтэрэ, гухэщIым иубыдхэр нэхъыбэж хъуащ. Ауэ щыхъукIэ, фIэщхъуныгъэ куу зыбгъэдэлъыр къэзыухъуреихь дунейм щекIуэкI зэхьэзэхуэм ирищIыкIын хуейкъым. «Сабийхэмрэ мылъкумрэ дунеягъэр зыгъэщIэращIэ цIуугъэнэу аркъудейщ, ауэ Алыхьталэм деж щынэхъ лъапIэр мыкIуэдыжыну фIыгъуэмрэ псапэмрэщ», - дыкъыщоджэ «БгъуэнщIагъ» сурэм (I8:46). Уи Тхьэм фIыщIэ щIыхуумыщIын щытыкIэ узэримыхуэри наIуэ зэпытщ. Дагъыстэным щыщ щихъышхуэ Абдулыхь Фаиз муслъымэным махуэ къэс 500-рэ «Iэлхьэмд лиллахь» жиIапхъэщ, Мухьэмэд Бегъымбару щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и Iумэтым зэрыхэхуам папщIэ, жиIэу щытауэ къаIуэтэж. «ГухэщIыр зи узыфэр псэращи, ар «Iэлхьэмдулиллахь» псалъэхэм ягъэхъужынущ. А щытыкIэм ихуа нэрэбгэм «Iэлхьэмдулиллахь» псалъэхэр пщэдджыжьым щегъэжьауэ жэщ хъуху, махуищкIэ зэкIэлъыпыту къибжмэ», - жеIэ щихъ Абдулыхь иригъэджэжа щихъ Назим. – «Iэлхьэмдулиллахь» псалъэм щIылъэр берычэткIэ егъэнщI, уи нэгум - нэху, уи гум – нур ирырегъадзэ, уи нэкIур дахэ, теплъафIэ ещI. «Iэлхьэмдулиллахь» псалъэр фи бзэгупэм тевгъэлъыху, фи гур хэщIынукъым. Хущхъуи дохутыри хэмыту, узыгъэхъуж хущхъуэгъуэщ «Iэлхьэмдулиллахь»-р. Сыту жыпIэмэ, дэ нэхъ насыпыфIэ дыдэу дунейм тет Iумэтым дыщыщщ, дыщIэмылъэIуу, а пщIэр езыр-езыру къытлъысауэ». Гур ипэжыпIэкIэ щIыхэщIыпхъэр зы щхьэусыгъуэ закъуэщ: апхуэдэ насып ухыгъэм къыпхуигъэфэщауэ, уэ абы и уасэр зыхыумыщIэу, уи гъащIэр пщIэншэу епхьэкIмэщ. УсакIуэ гуэрым ар дахащэу къиIуэтащ: СыщIэмыжейр Уэрмырамэ, си Тхьэ, Ар хэщIыныгъэщ. Згъейр Уэ УзэрысIэщIэкIар армырамэ, Ар щыуагъэщ.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2026 - 11:18 →
Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр
17.05.2026 - 10:33 →
Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь
14.05.2026 - 17:00 →
Щэнхабзэм и хъумакIуэ
14.05.2026 - 14:00 →
ГъащIэм и «пэж» шынагъуэхэр
14.05.2026 - 13:00 →
Щыгъыным куэд егъэпщкIу
| ||




