КъэхъукъащIэхэм пэджэжуДи лъэпкъ тхакIуэхэми литературэм и поэмэ жанрым зиужьынми хэлъхьэныгъэ хъарзынэ хуащIащ. Поэмэм и зэхэлъыкIэм, абы ди тхакIуэхэр зэрехъулIэм теухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къэжэр Иннэ и лэжьыгъэр. Абы щыщ Iыхьэ фи пащхьэ идолъхьэ. «Поэмэм и теплъэри, иукъуэдий Iуэхугъуэхэри нэхъ зэгъэзэхуауэ щытщ, жыпхъэ убзыхуа гуэрым изэгъэгъуей иджырей балладэм ебгъапщэмэ. Иджырей литературэ щIэныгъэм къызэрилъытэмкIэ, поэмэр усэбзэкIэ тха ику ит тхыгъэщ е тхыгъэ убгъуащ. ЩыIэщ нэгъуэщI Iуэху еплъыкIи: поэмэр и инагъкIэ, къызэщIиубыдэ купщIэкIи литературэ тхыгъэшхуэщ, усэбзэкIэ е прозэу тхауэ. А зызымыхъуэж и фащэхэр зыубзыхури Iуэхугъуэ къиIэтхэр поэмэм зэпкърыхауэ, убгъуауэ къызэригъэлъагъуэрщ. Апхуэдэу щытми, псынщIэу зызыхъуэж зэманым, къаIуэтэж къэхъукъащIэхэм зыдащIу, усакIуэхэр хэтщ жанрым и художественнэ Iэмалхэми, гупсысэ къэIуэтэкIэми щIэ гуэрхэр халъхьэну. ЛIэужьыгъуэкIэ къапщтэмэ, бжьыпэ зыубыдыр лироэпическэ поэмэращ. Ауэ абыи ехьэлIауэ литературэдж щIэныгъэлIхэм я Iуэху еплъыкIэр щызыщхьэщыкI щыIэщ. Хэт лирикэ пычыгъуэхэр эпикэкIэ гъэнщIахэм ебэкIыу щытын хуейуэ жеIэ, апхуэдэу щымытмэ, а пычыгъуэхэр эпикэ къэухьым увыпIэ тIэкIу фIэкIа къызыщылъымыс «икIуэтыжыныгъэм» ещхь хъууэ» къелъытэ. Языныкъуэхэм поэмэ лIэужьыгъуэу хъуар эпосым ейуэ къагъэлъагъуэ. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, нэхъыщхэр поэмэр къызыхэкIаракъым, атIэ наIуэу къежьапIитI абы зэрызыщIишэрщ. Я IэдакъэщIэкIхэр зыщыщ лIэужьыгъуэр фIэщыгъэм и лъабжьэм щIэту езы усакIуэхэм къыщраIуи щыIэщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Бещтокъуэ Хьэбас и «Сэроробот» сатирическэ поэмэр, «КхъуафэжьейкIэ хым зэпрысыкIхэр» драматическэ поэмэр, Мыкъуэжь Анатолэ и поэмэ-элегиер, Сонэ Абдулчэрим и поэмэ-шыпсэр, нэгъуэщIхэри. Совет нэужь лъэхъэнэм и япэ илъэсхэр къэхъукъащIэ инхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ. Абы езым и лIыхъужьхэри, «лIыгъэ щIапIэхэри», а Iуэхугъуэхэм зэрыбгъэдыхьэ щIыкIэхэри къигъэщIыжащ. Къыхэгъэщын хуейщ иджырей поэмэм адыгэм и тхыдэ гуузыр IэщIыб зэримыщIари (Бемырзэ М., Къуэдзокъуэ Хь., Тут М., ГъукIэкъул Д.), къэхъукъащIэхэм пэджэжу зэрыщытри (АбытIэ В., МахуэлI Н., ГъущIо З.). БлэкIам и дерсхэр къалъытэурэ нобэрей махуэм къигъэув упщIэ гугъухэм я жэуапхэм мэлъыхъуэ ди усакIуэхэр. Ауэ, занщIэу къыжыIэн хуейщ, ди лъэхъэнэми езым и лъэужь къигъанэурэ зэрыкIуэр къэгъэлъэгъуэныр зэкIэ адыгэ поэмэм къызэремыхъулIэр. Аращи, Кавказ зауэм е Хэку зауэшхуэм щыщ теплъэгъуэхэр мыхъуу, 1992–1993 гъэхэм екIуэкIа Куржы-Абхъаз зауэм, 1990 гъэхэм я кIэухым Косовэм щыIа гузэвэгъуэм (АбытIэ В. «МафIэ удж») теухуахэр лъэпкъ литературэм къыщыхыхьэм деж, абыхэм гулъытэ хэха яхуэщIыпхъэу къыдолъытэ». Безрыкъуэ Данэ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2026 - 11:18 →
Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр
17.05.2026 - 10:33 →
Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь
14.05.2026 - 17:00 →
Щэнхабзэм и хъумакIуэ
14.05.2026 - 14:00 →
ГъащIэм и «пэж» шынагъуэхэр
14.05.2026 - 13:00 →
Щыгъыным куэд егъэпщкIу
| ||




