Псэущхьэхэр къызыхэщ джэгукIэхэрПасэрей адыгэ сабий джэгукIэхэм куэдрэ къыхощ псэущхьэхэм я цIэхэр. Ахэр ирагъэцIыхуу, гущIэгъу хуащIыным хуаущийуэ, таурыхъхэм къыхэщыж мэз, унэ псэущхьэхэм я хьэл - щэнхэм трагъэпсэлъыхьу ирагъасэ сабийхэр щагъэджэгум дежи къахьэхурт псэущхьэхэм я цIэхэр джэгукIэхэм къыхагъэхьэурэ е абыхэм зыпрагъэщIыжурэ. Псалъэм папщIэ, куэдрэ зэхэтххэм ящыщщ «Си хьэм бажэ къеубыд» джэгукIэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, бажэр кърахуэкI. Сыт щхьэкIэ? Зы хьилагъэ гуэр ищIэурэ къыщIагъэщ хабзэр бажэращ. ДыщыцIыкIу дыдэм ди анэхэм ди Iэгур зэтрыдагъэхырти, «Мыбдеж мэл щохъурэ, мыбдеж хъурей щоджэгурэ, мыбдеж накIуэ-къакIуэ, мыбдеж дывгъэкIуэж, мыбдеж тIэкIу дымышхэу дыкӀуэжын? Еуэ, еуэ, пщафIэ цIыкIу, еуэ, еуэ, пщафIэ цIыкIу ...» жаIэурэ къыддэджэгухэрт. «Дзыгъуэ-джэду» жыхуэтIэ джэгукIэри псоми дощIэ – джэдум дзыгъуэр кърехуэкI. «Жьынду цIыкIу» джэгукIэми жьындум и хьэлырщ щынаIуэр. ЦІыкІухэр хъурейуэ къоувэкI, зыр и кум йоувэ. Ар - жьынду цIыкIуращ. ДжэгукIэм и хабзэм тету, и кум ит цIыкIур жэщым жанщ, махуэм мэжей. Псэущхьэхэр къыхэщу иджыри щыIэщ сабий джэгукIэ куэд. Щапхъэу къыдохь МафIэдз Сэрэбий итхыжа джэгукIэхэм ящыщ зыбжанэ. Бажэ Хъыджэбз цIыкIуи щIалэ цIыкIуи мэджэгухэр. Я ныбжькIэ зэхуэмыдэми ягъэ кIынукъым. Илъэсих-блы хъуахэри нэхъыжьыIуэхэри хэтщ. Джэгухэм зы бажэ хах. Ар, дауи, нэхъ жэрщ. Мыдрейхэм псоми я кIэр зэрыIыгъыу е ІэпэкIэ зэрыубыдауэ, зы я пашэу къакIухь. Пашэм жеIэ: - Къаз-къаз. П сом и жаIэ: - ХъуакIуэ докIуэ. Пашэм: - Къаз-къаз. Псоми: - ДыкъокIуэж. Апхуэдэурэ къыздакIухьым, къыздажыхьым, бажэр къахолъадэри и ужь дыдэ итыр пеху. ИтIанэ адэкIэ пащэ, гупым щыщу зы къазрэ пашэмрэ фIэкIа къэмынэжыхукIэ. Абы и ужькIэ пашэр бажэ мэхъу, бажэр гупым яхохьэжри щIэрыщIэу къыщIадзэж. Къру-къру Сабий гупым я кIэр зэрубыдырти, я пашэм зэрызищIым хуэдэу защӀурэ къажыхьырт, кӀуэ пэтми нэхъ псынщӀэ хъуурэ жэрыгъэм хуэкӀуэрт. Абы щыгъуэми пашэм щӀэмычэу кIийурэ жиIэрт: «Къру-къру, гублащхьэдэсэ зыщI». Джэгухэм я кIэр зэрызэрыӀыгъым хуэдэу дыкъуакъуэ защIыну хэтт. АдэкIэ пашэм жиIэрт: «Къру-къру, блащхъуэжьейм зегъэш». Сабийхэм зэрызэрыIыгъыу заIуантIэ-зашантIэ хуэдэу зэщIырт. «Къру-къру, блащхъуэжьейм зешэщI». Псоми аргуэру захуэу къажыхьу щIадзэжырт. Апхуэдэххэурэ, пашэм зэрыжиIэм хуэдэурэ защIырт, гупым къакIухьырт, къажыхьырт щыуэу е псынщIэ зыщащIкIэ якIэщIэмыхьэжу я кIэхэр зэрутIыпщыжыхукIэ. Пашэм сыт жиIэнуми хуитт: «Къру-къру, шыр щIакъуэ хъуащ», «Къру-къру, лъакъуэпцIэрыхь зыкъэфщI», «Къру-къру, бажэр къытхолъадэ», нэгъуэщІ Іэджэхэри. Бажэр е дыгъужьыр къахэлъадэмэ, зэры гурыIуэгъуэщи, псори зэбгрыжын хуейт. Бжьэдыгъу Хъыджэбз цIыкIухэри щIалэ цIыкIухэри мэджэгу. ЯпэщӀыкӀэ зы бжьахъуэ, зы бжьэдыгъу, бжьахъуэм ейуэ хьитI хах. Мыдрейхэр псори бжьэ матэщ. А бжьэ матэхэр пщIантIэм е губгъуэм зэпэмыжыжьэурэ щотIыс, бжьэ зыдэс матэм ещхьу ву хуэдэу защIу. ХьитӀым матэхэр яхъумэ. Бжьэдыгъур (языныкъуэ жылэхэм ар мыщэу жаIэ) къыщыкIуэкIэ бжьахъуэм жей нэпцI зещI. Ар бжьэ матэхэм къащыхыхьам деж бжьахъуэр къыщолъэтри бжьэдыгъум хьэхэр иреушт. Бжьэдыгъур хьэхэм къаубыдмэ, бжьэдыгъуу (мыщэу) нэгъуэщӀ хах. Къамыубыдыфу езыр матэ зы-тIум еIусэмэ, зэIусахэр и ужьым иту ешэ, хьэхэр зылъэщIимыгъэхьэу. И гъуэм нэсыжамэ, хьэхэм зыри яхузэфIэкIакъыми, къагъэзэж. Апхуэдэурэ хьэхэм бжьэдыгъур яфIэкIуэжмэ, хьэхэр зэрахъуэкI. Хьэхэм къаубыдын хуейр бжьэдыгъурщ, армыхъумэ бжьэ матэ абы здишэххэркъым. Бжьэдыгъум шынагъуэр къыщӀэзэрыхьамэ, зы матэми емыIусэу щIэцIывэж хъунущ. Шыхъуэ щӀакъуэ Джэгухэм зы шыхъуэ хах. ЛъэбакъуипщӀ нэс и кум къикIыу зы гъуэ къатхъыхь. Псори абы итщ. Шыхъуэр щIакъуэщ. НэгъуэщI IужыпIэмэ, лъакъуэпцIэрыхьу фIэкIа къижыхь хъунукъым. Ауэ шыхэри щIакъуэщ. Абыхэм и лъакъуэпцIэрыхьущ къызэражыхьынур. Гъуэм имыкIыу шыхъуэм шы щIакъуэхэр къиубыдыну хэтщ. Дауи, модрейхэм зыкърамыгъэубыдыну ІуопкІ, лъакъуэпцIэрыхьу къажыхь. Шыхъуэ щIакъуэм къиубыдахэр абы и дэIэпыкъуэгъу мэхъухэри, мыдрейхэм зэгъусэу йощэ. Псори къаубыдмэ, нэгъуэщI шыхъуэ хахри, адэкIэ пащэ. Дыгъужьымрэ тхьэкIумэкIыхьхэмрэ Щыджэгуну щIыпIэм зэпэщыту лъэныкъуитIымкIи екъуа иратхъэ, метр 15 - 20 я зэхуакуу. А зэхуакур джэгупIэщ. Зы итхъам адэкIэ тхьэкIумэкIыхьхэм я псэупIэщ, адреймкIэ дыгъужьым и псэупIэщ. ТхьэкIумэкIыхь цIыкIухэр джэгупIэм къокIуэри щоджэгухэр, дыгъужьым и псэупIэм нэс макIуэ, мыпхуэдэу жаIэурэ: «Дыгъужьыжьыр щымыIэху, дыхуеихукIэ дыджэгунщ». Дыгъужьым и псэупIэм нэса нэужь, ахэр щIоупщIэ: - УкъэкIуэну, дыгъужь? Дыгъужьым жеIэ: - Сэ иджыри сыкъэтэджакъым. ТхьэкIумэкIыхьхэр зэрыгъэкIийуэ къыIуокIыж, «Дыгъужьыжьыр щымыIэху, дыхуеихукIэ дыджэгунщ», - жаIэурэ Іуохьэжри щIоупщIэ: - УкъэкIуэну, дыгъужьыжь? - Сэ сыкъэтэдж къудейуэ аращ, - жеIэ дыгъужьым. Апхуэдэурэ зихуапэу, зитхьэщIу, шхэуэ жиIэурэ, иужьым: - СынокIуэ фыкъэзубыдыну! – жеIэри, къыщIопхъуэ. ТхьэкIумэкIыхьхэр къыIуожыж, дыгъужьым зыгуэр къиубыдмэ, ар дыгъужь мэхъури, дыгъужьу щытар тхьэкIумэкIыхьхэм яхохьэ.
Поделиться:
Читать также:
15.05.2026 - 14:55 →
Ухуэмыхукъэ - улъагъугъуейщ
15.05.2026 - 12:49 →
Хъуэжэ и хъыбар Iущхэр
14.05.2026 - 15:04 →
ГъащIэм и тхылъ
07.05.2026 - 12:26 →
Франджы усакIуэм и лъэIур
30.04.2026 - 17:49 →
УсакIуэм и гъуэгу
| ||




