Гъудэ-бадзэхэр гъэщIэгъуэнщЦIырэ-цIырэхэр ЦIырэ-цIырэхэм шэдхэмрэ гуэлхэмрэ я Iэхэлъахэхэр хэщIапIэ ящIауэ щытащ иджыри илъэс мелуан 350-рэ япэкIэ. Гъудэ-бадзэр лIэужьыгъуэ минищу зэщхьэщокI, дунейм и сыт хуэдэ щIыпIи щопсэу. ЦIырэ-цIырэхэм яхэтщ дамитI зытетхэри, дамиплI зиIэхэри. ДамитI зиIэхэм я дамэр ныбэгум иракъузылIэ, щымылъатэм деж. Мыдрей лIэужьыгъуэхэм я дамэхэр зэтралъхьэу аращ. ДамитI зиIэ цIырэ-цIырэхэм я нэхэр зэжьэхэуэу зэбгъурытщ, адрейхэм я нэхэр зэкIэщIэхащ. Ижь-ижьыжым цIырэ-цIырэхэр къатехъукIауэ хуагъэфащэ меганисоптерхэмрэ протодонатхэмрэ. Ахэр палеозой эрэм щыгъуэ щыIауэ жаIэ. ЦIырэ-цIырэхэм къагъэIу макъым абыхэм я дамэхэр холэжьыхь - щылъатэкIэ я дамэхэр зэщахъуэри, абы ирагъэщI макъыр хьэуам гъэщIэгъуэну хозэрыхь. Ахэр лъэтэным тыншу полъэщ, къэмыувыIэуи гъуэгуанэшхуэ зэпаупщIыфынущ. Уеблэмэ тенджызышхуэхэми щхьэщолъэтыкIыф. Ахэр щIыбагъкIи мэлъэтэф, напIэзыпIэм я гъуэгур яхъуэжыф, къыщалъэтыхькIэ хъурейуэ зыщагъэджэрэзи къахуохуэ. Я дамэхэм къару ящIэлъщи, сыхьэтым къриубыдэу километр 36 - 54-рэ хуэдиз гъуэгуанэ зэпаупщIыф. ЦIырэ-цIырэхэм я шхыныгъуэщ бадзэхэр, хьэндырабгъуэхэр, гъудэхэр. Здэлъатэм, къэмыувыIэу я шхыныгъуэр япхъуатэу ирагъэлъэтэхыфынущ. ГъэщIэгъуэнщ: цIырэ-цIырэхэр зэщакIуэм и ужьым иувэу кIэлъыплъыркъым икIи кIэлъылъатэркъым, атIэ я гупэмкIэ къыпоуври, кIуапIэ иратыжыркъым. ИкIи блэIэбыкIыркъым - нэ зращар щаIэщIэкIыр зэзэмызэххэщ. Европэм цIырэ-цIырэр гъудэ-бадзэ шынагъуэу, зэраныгъэхэр къихьу къыщалъытэ. Псалъэм папщIэ, Португалием абы щоджэ «нэкъичкIэ», Америкэ Ищхъэрэм «шейтIан банэкIэ». Ауэ Японием къыщалъытэ цIырэ-цIырэр къарумрэ лIыгъэмрэ я нэщэнэу. Абы и нэр линзэ куэдыкIейуэ - 24000-рэ хуэдизу - зэтопщIыкI. Градус 360-кIэ я хъуреягъым щыIэу хъуар къалъагъуф, я щIыбагъ дыдэм гъунэгъуу къыдэтым къыщынэмыщIа. ЦIырэ-цIырэхэм я лъыр щIыIэщ. Я Iэпкълъэпкъыр езыхэм къагъэхуэбэжын хуей мэхъу Iэмалхэм хуекIуэурэ. Абыхэм яфIэфIщ дыгъэм зрагъэуну. Ауэ нэгъуэщI Iэмали яIэщ: я дамэхэр егъэлеяуэ псынщIэу ягъэлажьэурэ мэвури, апхуэдэ щIыкIэкIэ загъэхуабэ. А гъудэ-бадзэхэр гъэщIэгъуэнщ, укъэзыгъэуIэбжь куэд ядэплъагъуу. Ахэр зыджхэм (одонатологхэм) я бжыгъэм кIуэ пэтми щIыхэхъуэр арагъэнущ. ПкIауэхэр Илъэс мелуан 300 ипэ къэунэхуауэ щытащ пкIауэхэр. Гъудэ-бадзэ удзыфэ цIыкIум щхьэхуэныгъэхэр иIэщ и зэхэлъыкIэми, и хьэлми. И бгым и кIыхьагъщ сантиметри 2 - 4. Нитху иIэщ, лъакъуищ щIэтщ, и тхьэкIумэр и ныбэгурщ здэщыIэр. Граммищ хуэдиз и хьэлъагъыу арарщ. ПкIауэр езым и кIыхьагъым нэхърэ хуэдэ 20-кIэ нэхъ жыжьэу мапкIэ. ПкIауэм и пащIэ кIыхьыр сэбэп къыхуохъу мэ къыщIихьэнымкIэ. ПкIауэм и лъым «гемолимфо»-кIэ йоджэ. Ар хужьщ, удзыфэщ е плъыфэншэщ. ГъэщIэгъуэнщ, языныкъуэ пкIауэ лIэужьыгъэухэр гуэлым зэрызэпрысыкIыфри. ПкIауэхэр езыхэр зэрощIэ я цIру макъымкIэ. НэгъуэщI гъудэ-бадзэхэм е псэущхьэхэм къащхьэщыкIыу, абыхэм яIэкъым зэпымыууэ щыпсэу щIыпIэ хэха. Зы щIыпIэм икIым нэгъуэщIым къыщыхутэурэ яшхын къалъыхъуэ. ПкIауэхэм яхэтщ апхуэдэу километр щэ бжыгъэ зэпызычхэри. МазитIым щегъэжьауэ илъэситIым нэс мэпсэу ахэр. Куэд-мащIэ псэуныр елъытащ здэщыIэ щIыпIэм и щытыкIэм, хуабапIэм куэдрэ щыпсэуфми, щIыIэ яхуэхьыркъым. Африкэм, Америкэ Ипщэм, Америкэ Курытым пкIауэр цIыхухэм я шхыныгъуэм щыхагъэхьэ. Японхэм я дежкIэ пкIауэр ехъулIэныгъэм и нэщэнэщ. Абыхэм пкIауэр зэрыт сурэтхэр я унэ блынхэм фIалъхьэ, я лэжьапIэхэм щIэтщ пкIауэ теплъэ зиIэ статуэткэхэр. ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:
Читать также:
09.11.2026 - 13:45 →
ЩIэрыкIуэр, шыпсыранэр, андэгурэр
02.11.2026 - 13:47 →
Шащхьэр трихуми, джэгурейщи…
28.10.2026 - 16:33 →
Япэ кадет класс къызэIуахащ
23.10.2026 - 14:00 →
Адыгэбзэр зыгъэбзэрабзэ
20.10.2026 - 17:45 →
ЩIалэгъуалэм я зэхыхьэ
| ||




