«Зы уэрэдым и хъыбар»Мы фIэщыгъэр иIэу «1 КъБР» телерадиокомпанием илъэс зыбжанэкIэ къитащ нэтын щIэщыгъуэ. ЦIыхухэри дихьэхыу, я гуапэу абы еплъырт. Нэтыныр езыгъэкIуэкI КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ 1991 гъэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал телевиденэм и адыгэ редакцэм щолажьэ. А зэманым къриубыдэу абы гъэсэныгъэм, егъэджэныгъэм теухуа нэтын купщIафIэ куэд игъэхьэзыращ. Иужьрей зэманым йолэжь езым и жэрдэмкIэ иригъэжьа «Уэрэдыр фэеплъ мыкIуэдыжщ», цIыхухэм я хуитыныгъэр хъума хъун папщIэ ящIэн хуей хабзэхэм щытепсэлъыхь «ЦIыху къэс хуитщ», нэгъуэщI нэтынхэм. Аннэ къиухащ Ивановэ дэт Текстильнэ институтыр, Москва щыIэ Гуманитар академиер. Ар хэтщ Журналистхэм я Урысей Федерацэ, Дунейпсо союзхэм, Дунейпсо Арткомитетым и лауреатщ. КъБР-м щIыхь зиIэ и журналистщ. - Куэд щIауэ си щхьэм илъу, ауэ Iуэху схуэмыщIурэ къыздесхьэкIащ «Зы уэрэдым и хъыбар» зыфIэсща нэтыныр, - жеIэ Аннэ, абы и къежьэкIэ хъуам теухуауэ. - А Iуэхум и хъыбарыр жыжьэ къыщожьэ. Зы махуэ гуэрым школым сыкъикIыжу унэм сыщыщIыхьэжам, си анэ Шал-КIунтIыщ Хьэлимэт гъыуэ щыст. Сыкъэщтауэ сыщыбгъэдэлъадэм: «Умыгузавэ, тIасэ, зы уэрэд радиом къиту седэIуати, ар си гум щIыхьауэ аращ. Согупсыс, хэту пIэрэ ар зытхар жызоIэри. Дауи, ар цIыху гуэрым и гъащIэщ», - жиIащ мамэ. Ебланэ классым сыщIэсу арат абы щыгъуэ, ауэ си гум къинащ ар. Сыт хуэдиз зэман блэкIа абы лъандэрэ?! Телевиденэм сыкъэкIуа нэужьи, илъэс бжыгъэ гуэр дэкIыжыху къысхуехьэжьакъым а Iуэхур. ИкIэм-икIэжым, 2012 гъэм мурад сщIыри езгъэжьащ. Абы сыщелэжькIэ сытым дежи си анэм жиIар сигу къэкIыжырт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а нэтынхэм ящыщ зыи абы илъагъуну хунэсакъым. Адыгэ уэрэдхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ лъэпкъым ди тхыдэщ, ди бзэщ, ди хабзэщ. Зи гугъу ящI IуэхугъуэмкIэ зэщхьэщыкIми, ахэр гъэнщIащ гъащIэмрэ зэманымрэ я пэжыпIэкIэ. Апхуэдэ уэрэдхэр щIэблэм я дежкIэ щапхъэ хъууэ къогъуэгурыкIуэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэрей щIалэгъуалэм куэд яхэту пхужыIэнукъым адыгэ уэрэдыжьхэм едаIуэу. Сэ сызэреплъымкIэ, ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкIа уэрэдыжьхэм, дзапэ уэрэд хъуахэм, нобэ уэрэджыIакIуэхэм къагъэщIэрэщIэжу ди пащхьэ къралъхьэжхэм я хъыбар пщIэныр, ахэр зыгъэзащIэу, зытхауэ щытахэм уащыгъуэзэныр куэд и уасэщ. Япэ дыдэу нэтыныр «Лъагъуныгъэм жаIэр къигъэзэжу» уэрэдым теухуауэ щытащ. ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2026 - 11:18 →
Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр
17.05.2026 - 10:33 →
Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь
14.05.2026 - 17:00 →
Щэнхабзэм и хъумакIуэ
14.05.2026 - 14:00 →
ГъащIэм и «пэж» шынагъуэхэр
14.05.2026 - 13:00 →
Щыгъыным куэд егъэпщкIу
| ||




