ГъащIэм ухуешэ уи гум илъым

Къанокъуэ Башир и къуэ Руслан и ныбжьыр мы гъэм илъэс 80 ирокъу. Ар I946 гъэм КъБАССР-м и Аруан щIыналъэм хиубыдэ Шытхьэлэ къуажэм къыщалъхуащ. 2014 гъэ лъандэрэ хэтщ «Урысейм и Художникхэм я зэгухьэныгъэм», 2017 гъэм хагъэхьащ Урысейм и Абстракционистхэм я зэгухьэныгъэм, 2019 гъэм гъатхэпэм и 26-м, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик цIэ лъапIэр къыфIащащ. 
ЦIыхур зыхуэIэрыхуэ, и псэм фIэIэфI лэжьыгъэм пэрымытмэ, зыгуэр хуэныкъуэу къыщыхъуу мэпсэу. Апхуэдэ IэнатIэ Iуувэну хъунт сурэтыщI Къанокъуэ Руслан, и анэм и жыIэкIэ зыщIэтIысхьа еджапIэм къыщIэнатэмэ. Абстракцэ, фантастикэ жыпхъэм иту сурэт гъэщIэгъуэнхэр зыщI художникыр нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуну дыщыхуэзэм дыкъригъэдэIуащ хъыбар гъэщIэгъуэн.
- Сурэт щIыным ущыдихьэхар сыт щыгъуэ, Руслан?
- Нобэ сурэт щIыныр школ программэм хэт щхьэкIэ, сэ курыт еджапIэм сыщыщIэса зэманым дытезыгъэгушхуэн егъэджакIуэ щхьэхуэ диIэтэкъым. Черчениещ дызыхуеджар. Мис а черчением щхьэкIэ зы альбом дахэшхуэ къысхуащэхуат, тецIуукIыу. Сурэт щIыныр къызэныкъуэкъурти, къэрэндащ быдэмрэ альбом напэ щабэмрэ схузэмыгъэзэгъыу сигъэбампIэми, кхъуэщыным удз гъэгъа иту сщIауэ щытащ. Абы щыгъуэ черчениемкIэ дезыгъаджэм жиIат: «Художник диIэщ!». Гагариныр хьэршым лъэта нэужь, лIы цIэрыIуэм и сурэтыр сщIат. Ещхь хъуауэ жаIэурэ, псори къысщытхъурти, абы нэхъри сытригъэгушхуэрт. Курыт еджапIэр къэзухри, медицинэмкIэ училищэм сыщIэтIысхьащ. Ди анэм хуабжьу фIэфIт фельдшер къысхэкIынуи, жиIэм сыфIэкIыфакъым. Мис абдеж сурэт щIыным сыхунэмысурэ, сIэщIэхуащ. 
- Дауэ укъыхуэкIуэжа-тIэ, сурэт щIыным?
- Училищэм сыщIэсу дзэм сраджащ. Медицинэм епхауэ сэ зырат частым дэтри, узыфэхэмрэ абыхэм зэреIэзэ щIыкIэмрэ теухуауэ сурэтышхуэ сщIыну си пщэ къыщыдалъхьэм, сыхущIыхьэ-сыхущIэмыхьэми, къэрэндащыр къэсщтэжын хуей хъуащ. «УзэрысурэтыщIыр щхьэ жумыIарэт?!» - жиIэри, командирым игъэщIэгъуауэ щытащ, сурэтыр хьэзыр хъуауэ и пащхьэ щислъхьам. Сурэт гуэр щIын, пэшыр гъэщIэрэщIэн хуейми ар си пщэ къыдалъхьэурэ, нэгъуэщI IэщIагъэ сызэрыхэмызэгъэнур абдеж къыщызгурыIуащ. 
- АтIэ, сыт жыпIэу училищэр IэщIыб пщIа? Уи анэм и жагъуэ хъуатэкъэ?
- Армэм сыкъикIыжа нэужь, еджапIэм пысщэжыну сыхэтащ. Сыхэзагъэртэкъым. Ауэ щыхъум, си адэ-анэм яжесIащ си Iуэху зыIутыр. Пэжу, ди анэм хуабжьу и жагъуэ хъуат, ауэ ди адэр къысщхьэщыжащ. «Упэрымыуэ, и псэм хэлъыр къыпхухэхынукъым», - жиIат абы. Си гур къызэрыгъуэтыжри, сурэт щIыным щыхурагъаджэу Орёл дэт училищэм сыщIэтIысхьащ. Ар 1976 гъэм къэзухри, сурэтыщIу илъэс 40-м нэблагъэкIэ сылэжьащ. Совет лъэхъэнэр гуащIэти, гугъут уи щхьэ Iуэху зепхуэжыну. Къэрал лIыщхьэхэм я сурэт щIыным си зэманыр зэрыщыту ихьырти, нэгъуэщIым селэжьыфыртэкъым. КъищынэмыщIауэ, IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэр, унэщIэхэр  зэрагъэщIэращIэ гъущI псыхьахэм, дамыгъэхэм я сурэтхэр сщIыну си къалэнт. 
- Сурэт пщIахэм тхыпхъэхэмрэ дамыгъэхэмрэ щхьэхуэу яхэту гу лъыстащ. 
- ГъущIым, пхъэм сызэрелэжьам и Iэужь щхьэпэщ ар. Си щхьэ Iуэху зесхуэжыну Iэмал щызгъуэтар иужьрей илъэсхэращ. Си ныбжь нэсу лэжьапIэм сыIукIа нэужь хуиту зестащ си гум къилъыхъуэм. 
- Уэ уэщхь хъужа яхэт уи щIэблэм, Руслан? СурэтыщI къахэкIа? 
- Къапщтэмэ, дэтхэнэ зы сабийми зэчий бжыгъэншэхэр хэлъу дунейм къытохьэ. Жьыуэ щIэбдзэрэ удэлажьэмэ, сабийм къыпхуемыгъэщтэнрэ зыпэмылъэщынрэ щыIэкъым. Ауэ уэ пщIэркъым сабийр абы хуейрэ хуэмейрэ, и гум Iэпихрэ Iэпимыхрэ. Аращи, си бынхэр хэзгъэзыхьакъым, икIи щIалитIрэ зы хъыджэбзрэ сиIэти, сурэтыщI къахэкIакъым. ИужькIэ сакIэлъыплъыжри, къызгурыIуэжащ – сыту фIыт щыцIыкIум зэрыхэзмыгъэзыхьахэри, щхьэж зыхуей и лъагъуэр езым зэрыхишыжари. Ауэ си къуэрылъху-пхъурылъхухэм сахоплъэри, сурэт щIыным дихьэх, ар къызэхъулIэ зэрахэтым гу лъызотэ. Хэт ищIэрэ, абыхэм къахэкIынкIэ хъунщ художник. Дэ сыт жыдмыIами, а цIыкIухэм щхьэж я насып яIэжщи, зыхуейм я Iэр техуэнущ. ГъащIэм ухуешэ уи гум илъым, хуэмурэ. Ар згъэунэхуауэ, сощIэ фIыуэ!
 Гъуазджэм и лIэужьыгъуэ зыбжанэм зэхуэдэу хуэIэзэ сурэтыщIым къегъэнахуэ гъущIымрэ пхъэмрэ зэрелэжь IэмалыщIэхэр, графикэми диджитал-артми хуэIэижьщ. 
Сытым емылэжьами, Къанокъуэм и Iэр кърипцIыхужу щабагъэ гуэр хэлъщ абы ищI сурэт телъыджэхэм. Жыгым зэщхъу тхьэмпитI зэрыпымытым хуэдэу, цIыхуитIи зэщхьу дунейм теткъым. Апхуэдэщ псэри. Руслан и IэдакъэщIэкIхэм уащыхэплъэкIэ, зыхыбощIэ ахэр гумрэ псэмрэ къызэрикIыр. Зыми емыщхь псэ дахэм и джэрпэджэжу ди пащхьэ къызэриувэр. 
Къанокъуэм и сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр мызэ-мытIэу щекIуэкIащ Налшык къалэ, Сочи, Минеральные Воды, Грознэ къалэхэм. 

 

Епсэлъар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться: