Щэнхабзэр гъэсэныгъэм и зы Iыхьэу жыпIэ хъунущ. Абы псэм зыдеузэщI, цIыхур зыкIэлъегъэплъыж. Апхуэдэ лэжьыгъэщ иджыблагъэ Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIар. Абы щагъэлъэгъуащ «Настоящая» проектым хыхьэу, адыгэ, балъкъэр бзылъхугъэхэм траха фильмыр.
Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр гъэлъэпIэным хыхьэу. Ди къэралым щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я щэнхабзэм, хабзэхэм, анэдэлъхубзэм теухуа документальнэ фильмхэр техыныр зи жэрдэмыр «Щэнхабзэм и волонтёрхэр» урысейпсо жылагъуэ IуэхущIапIэмрэ «Добро.Медиа» зэгухьэныгъэмрэщ. Лэжьыгъэр 2026 гъэм и пэм зэхаублащ икIи япэ фильмыр Москва щагъэлъэгъуэну хунэсащ. Абы дегъэцIыху мордва лъэпкъым щыщ мокшихэмрэ эрзяхэмрэ я хабзэхэр. ЕтIуанэ Iыхьэр, зэрыжытIауэ, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ ятеухуащ.
КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыхагъэщымкIэ, фильмхэм къыщыгъэлъэгъуащ цIыхубзым и гъащIэр, къыщалъхуам щегъэжьауэ «дыжьын» ныбжьым нэсыху, зэрекIуэкIыр. ДыкIэлъагъэплъ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я цIыхубзхэм унагъуэм и мыхьэнэмрэ лъапIэныгъэхэмрэ къазэрыгурыIуэм, хабзэхэр зэрахъумэм, унэгуащэм игъэзащIэ къалэнхэмрэ яхь жэуаплыныгъэмрэ. Гулъытэ хэха хуащI бзэм, лъэпкъ фащэм, щэнхабзэм. Мы Iуэхум и гупсысэ нэхъыщхьэр зыхуэкIуэжыр щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэхэм зыр адрейм гурыIуэу зэригъасэрщ.
«Настоящая» фильмым хыхьэу траха етIуанэ лэжьыгъэм дыщегъэгъуазэ Къэбэрдей-Балъкъэрым лIэщIыгъуэкIэрэ щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэрэ щэнхабзэрэ яхъумэжу къызэрыгъуэгурыкIуам. Адыгэ цIыхубзым илъэс 12-м сыт и пщэрылъ? Илъэс 86-м-щэ? Балъкъэрхэм я щэнхабзэм и зы Iыхьэу ущытыным сыт къикIыр? Мы упщIэхэри нэгъуэщIхэри я лъабжьэу, бзылъхугъиплIым я хъыбархэмкIэ къытхуагъэнаIуэ лъэпкъитIым я щхьэхуэныгъэхэр: гъэсэныгъэр, нэхъыжьхэм пщIэ яхуэщIыныр, унагъуэ хабзэхэр, бзэр, IэщIагъэр, къафэр, макъамэр. Фильмым къегъэлъагъуэ щэнхабзэр псалъэ къудейуэ зэрыщымытыр, атIэ Iуэху пыухыкIахэмрэ цIыхум и Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ ар къызэрагъэщIыр.
«Хуабжьу гуапэщ ди щIыналъэм теухуа фильмыр яфIэгъэщIэгъуэну щыхьэрым къызэрыщыхахар. Республикэр цIыкIущ, ар нэхъ цIэрыIуэ мы лэжьыгъэм ищIыфынуи си гугъэщ. ФIыщIэ ин яхузощI дэ ттеухуауэ ар тезыхыну мурад зыщIахэм», - жеIэ фильмым лIыхъужь нэхъыщхьэу хэт, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Гъэсашэ Наталье.
Фильмым хэтхэм ящыщщ Жангуразовэ Iэсияти. Ар кином нэхъапэми хэтащ, ауэ апхуэдэ лэжьыгъэ иджыщ щигъэзэщIар. Абы зеумысыж: «Фильмым сыхэтыну къызэрысхуагъэлъэгъуар, сызыпэмыплъа Iуэхут. Ар къызэхъулIэнми шэч къытесхьат, ауэ иужьым арэзы сыхъуащ. Сызыхэта едзыгъуэр Балъкъэр Ипщэм щытрахащ. ЖытIэнухэр дгъэхьэзыратэкъым, ди лъэпкъ хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ теухуа упщIэхэм жэуап еттынырт ди пщэрылъыр. Хуабжьу узыгъэпIейтейщ фильмыр къэрал псом зэрыщагъэлъэгъуэнур, абы къыхэкIыу си дежкIэ ар жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъщ».
Фильмыр щагъэлъагъуэм зыкъригъэхьэлIащ «Щэнхабзэм и волонтёрхэр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Богдановэ Миленэ. Абы жиIащ лэжьыгъэр щытраха щIыналъэм зэрыщагъэлъэгъуэжым жэуаплыныгъэ зыхащIэр нэхъыбэ зэрищIыр, цIыхухэм ягу ирихьыну зэрыщыгугъыр.
- «Настоящая» зыфIэтща фильм пычыгъуэхэр 2026 гъэм тетхыну тедухуат ди Президент Путин Владимир нэгъабэ УФ-м и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къыщыхилъхьам. Лъэпкъхэм я псэукIэр къэдгъэлъэгъуэну мурад тщIащ бзылъхугъэхэм я гъащIэмкIэ. Мы гъэм апхуэдэу 10 тетхынущ. Мы Iуэхум пытщэу, етIанэгъэ ди мурадщ цIыхухъухэм ятеухуа документальнэ фильм дгъэхьэзырыну. Абы, зэрыгурыIуэгъуэщи, «Настоящий» фIэщыгъэр иIэнущ, - жеIэ Богдановэм.
Фильмым еплъахэм къыхагъэщащ щIалэгъуалэм я дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр, лъэпкъ хабзэхэм дызэрыщигъэгъуазэм и мызакъуэу, щIыналъэхэм я щэнхабзэр зыхъумэ цIыхухэри зэрыдигъэцIыхур.
Лэжьыгъэхэр школхэм щыбгъэлъэгъуэну зэрыщхьэпэри жаIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэр щогугъ апхуэдэ жэрдэмхэр сэбэп хуэхъуну ди щэнхабзэ къулейр хъумэнымрэ Урысейм и лъэпкъхэм я хабзэхэм хуащI гулъытэр ирагъэфIэкIуэнымрэ.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министерствэм щэнхабзэ-зыгъэпсэхупIэ лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Санэ Иннэ къыхегъэщ: «Мы Iуэхум псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иIэщ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Урысейр щIыналъэ къудейкъым, атIэ лъэпкъ, щэнхабзэ, хабзэ куэду зэхэт дунейщ. Абы щыщ дэтхэнэ лъэпкъри кIапсэ щхьэхуэм хуэдэщ, икIи ахэр щызэпыщIам и дежщ къэрал псо къызэгъэпэща щыхъур. Фильмым мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэр егъэзащIэ: ар сэбэп мэхъу щIыналъэм и щэнхабзэм нэгъуэщIхэр щыгъэгъуэзэнымкIэ, Iэмал къует адрей лъэпкъхэр нэхъыфIу къэпцIыхуну, псоми я зэхуэдэ щIэинхэр уригушхуэу зыхэпщIэну».
Фильмыр мыгувэу, псори еплъыфын хуэдэу, Интернетым къралъхьэнущ, цикл псор «Культура.рф» порталым Iэрагъэхьэнущ. НэгъуэщI лъэпкъхэм ятеухуауэ къыкIэлъыкIуэну гъэлъэгъуэныгъэхэр къэралым и адрей щIыпIэхэм щекIуэкIынущ, Москва, Орловскэ, Владимирскэ щIыналъэхэр яхэту.