Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ЭлектроникэмкIэ, робототехникэмрэ акъыл IэрыщIымкIэ и институтым щекIуэкIащ «IэнатIэм и махуэ». Iуэхур зытеухуар щIыналъэм хъыбарегъащIэ технологиехэм епха и IэнатIэхэм щылэжьэнухэр зэрахуримыкъурщ.
Абы къеблэгъащ еджапIэ нэхъыщхьэм и индустриальнэ партнер нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэхэр, щIыналъэ компание инхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщIхэри. Ахэр студентхэм яхутепсэлъыхьащ я зэгухьэныгъэхэм зэрыщылажьэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм теухуа хъыбархэмкIэ икIи я IуэхущIапIэхэм щыIэ лэжьыгъэхэм я гугъу ящIащ.
Урысей телерадио IэнатIэм и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Шорэ Жамбулэт къыхигъэщащ техникэ IэщIагъэлIхэм зэрахуэныкъуэр.
«Иджыпсту зэи хуэмыдэжу щIэупщIэ яIэщ электросвязым и инженерхэм, радиотелевизионнэ нэтынхэмкIэ IэщIагъэлIхэм, электромеханикэм, техникэм, связым я монтажникхэм, антенно-мачтэ ухуэныгъэхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ IэпщIэлъапщIэхэм. Бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэм и лъэхъэнэм, псом хуэмыдэу, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI IT-IэщIагъэлIхэр мащIэ дыдэщ», – къыхигъэщащ абы.
Налшык Вольт лъагэ Iэмэпсымэхэр къыщыщIагъэкI и заводыр хьэзырщ ЭлектроникэмкIэ, робототехникэмрэ акъыл IэрыщIымкIэ институтыр къэзыухахэр нобэ лэжьапIэ къащтэну. Генеральнэ унафэщIым и къуэдзэ Лазарев Игорь зэрыжиIамкIэ, коммуникацэ Iэмэпсымэхэр къыщIэгъэкIыным елэжь техникэ компаниер хуабжьу яхуэныкъуэщ бжыгъэр зи лъабжьэ программэхэр зезыгъакIуэ станокхэмкIэ программистхэми, проектировщикхэми, технологхэми.
Горбулин Александр КъБКъУ-м микроэлектроникэмкIэ и факультетыр къиухащ. Инженеру къыщIидзэри, «Севкаврентген-Д» ООО-м электроннэ Iэмэпсымэхэр щызэпкъралъхьэ къудамэм и унафэщI хъуащ.
КъБР-м и ГЛОНАСС щIыналъэ навигацэ-хъыбарегъащIэ центрми ехъулIэныгъэхэр иIэу щолажьэ КъБКъУ-м ЭлектроникэмкIэ, робототехникэмрэ акъыл IэрыщIымкIэ и институтыр къэзыуха зыбжанэ.
- Абыхэм Iуэхум мащIэу хащIыкIыу къакIуэри, ди гупым тыншу икIи псынщIэу щыщ хъуащ. Ди компаниер республикэм и IT-компание нэхъ ин дыдэщ, штатым унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэм пэрыт IэщIагъэлIи 100-м щIигъу щолажьэ, иджыри дыхуэныкъуэщ, - къыхигъэщащ центрым и къудамэм и унафэщI Смирнов Дмитрий.
КъБКъУ-м IэнатIэм зегъэужьынымкIэ и управленэм и унафэщI Куэцэ Ратмир къыхигъэщхьэхукIащ еджапIэ нэхъыщхьэр и программэхэр IуэхущIапIэхэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр иригъэджэным зэрытещIыхьар, нобэ ипэжыпIэкIэ республикэр зыхуеину лэжьакIуэхэр игъэхьэзырыну зэрыхущIэкъур.
ЩIалэгъуалэм компаниехэм я лIыкIуэхэм жыджэру упщIэхэр иратащ, яфIэгъэщIэгъуэнт IэнатIэм щаIэну ехъулIэныгъэхэмрэ къахьыну улахуэмрэ.
«Иджырей дунейм псынщIэу зехъуэж, акъыл IэрыщIым уэру зэрызиужьым ижь къыщIихуурэ. А унэтIыныгъэм аращ сыщIыдихьэхар икIи си гъащIэр а IэнатIэм еспхыну сыхуейщ», - жиIащ 3-нэ курсым щеджэ Къанкъул Ратмир. Абы къыхигъэщащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ Iуэхухэми елэжьыну зэримурадыр. Хуабжьу фIэгъэщIэгъуэну едэIуащ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Информатикэмрэ щIыналъэ управленэм хэлъ гугъуехьхэмкIэ и институтым информатикэмкIэ, проектированэмрэ шынагъуэншагъэмкIэ системэхэмкIэ, робототехникэмрэ акъыл IэрыщIымкIэ иригъэкIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм теухуа презентацэм.
ЭлектроникэмкIэ, робототехникэмрэ акъыл IэрыщIымкIэ институтым и 3-нэ курсым щеджэ Маслов Кирилли жеIэ зызыхъуэж IT-IэнатIэм IэщIагъэлI нэсхэм сыт щыгъуи я увыпIэ къызэрыщагъуэтынум шэч къызэрытримыхьэр.
«Зи гугъу ящI Iуэхугъуэ псори зэрызыгурызгъэIуэным, зэрызэхэзгъэкIыным, зыри зэрызыIэщIэзмыгъэкIыным сыхущIокъу. Институтым зэрызыдужьын лъабжьэ бэлыхь къыдет. Зэбгъэгъуэт IэщIагъэм ухуэIэкIуэлъакIуэмэ, фIыуэ хэпщIыкIмэ, дуней псом щынэхъ лъэрызехьэ компаниехэм я бжэхэр зэрыпхузэIухам шэч хэлъкъым», - жеIэ Кирилл.
Институтым и унафэщI Щомахуэ Замир къызэрыхигъэщамкIэ, студентхэр IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм зэраIущIам Iэмал къарет дяпэкIэ нэхъ щIэупщIэ зиIэну зэфIэкIхэр зыхуэдэр къагурыIуэну, дунейр нэхъ зыхуеинкIэ хъуну IэщIагъэлIхэр зрагъащIэу, я гупсысэр абы теухуауэ я гъуэгур яунэтIыну.