ЕтIуанэ теплъэгъуэм

Мы тхыгъэм ипэ къихуэу сытетхыхьат Адыгэ Республикэм хыхьэ Еджэрыкъуей къуажэм, лъакъуэрыгъажэм сытесу, пщэдджыжьым жьыуэ сыкъыдэшэсыкIыу, а жылэр зыбгъэдэт Лабэ псышхуэм сыбгъурыту, къуршхэр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ зэрыдэзгъэзеяуэ щытам.

  Псы ежэхыр си гъуазэт      

АдэкIэ къыспэщылъ гъуэгуанэр Лабэ и псыхъуащхьэхэмкIэ адыгэхэм ейуэ нэхъ къыщызэтена Хуэдз адыгэ жылэм сынэсыныр арат.

Сыздэжэм, зыри къыджезымыIэ урыс къутыр зыбжанэ къызэзнэкIащ. Абыхэм я нэхъ ину къалъытэ Натырбейрэ (Натырбово) Лашэпсынэрэ километр 14,6-кIэ зэпэщIэхащ. Натырбейрэ абы ипщэжкIэ щыIэ Хуэдзрэ я зэхуаку километр 27-рэ дэлъщ. АтIэ, мис а гъуэгуанэри, зэхэту къэдбжмэ километр 41-м щIигъур, сызытес гъущIыш цIыкIумрэ сэрэ зы напIэдэхьеигъуэу къызэднэкIащ.  

Апхуэдизу сыкъагъэгумэщIати

Арати, гъуэгур си гъуазэу сыздэжэм, Хуэдз зи фIэщыгъэ къуажэм гъунэгъу сызэрыхуэхъуар кърисщIащ си пащхьэ къихута лъэмыжым ипэ къит пкъом кIэрыIулIа нагъыщэу «Хуэдзыпс» псалъэр зэрытымкIэ. 

ЖыпIэнур арамэ, абдежым сыкъыщыувыIэмэ зэрынэхъыфIыр псэкIэ зыхэсщIащ. Апхуэдэуи сщIащ икIи сыхущIегъуэжакъым. Гъуэгубгъум сыщепсыхри, ихъуреягъыр гупсэхуу къэсплъыхьащ. Къуажэр фIыуэ зэрыпыIудзами, ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ хуэлъэныкъуабэу къызэрысхуехми гу лъыстащ. Ар зи кIыхьагъым къыблэж псым и Iуфэм сыщынэсар шэджагъуэ нэужьыфI хъуауэт.

ГъэмахуэкIэ хуабэвэхым асфальт гъуэгу защIэкIэ кърижа сэ дыгъэ бзийр хъуапсэгъуэу зыхэпсэ-зыхэджагуэ ткIуэпсыбэм самытхьэкъуныр Iэмал зимыIэти, псыр къишкIушкIукIыу щыкIуасэ ныджэм сыдэмыхьэ ипэ, Iэхэлъахэр нэкIэ щIэсщыкIащ. Зысплъыхьмэ, нэгум къыщIэувэр телъыджэщ: ихъуреягъыр губгъуэщ, километр ныкъуэм нэблагъэкIэ зы уни иткъым, итIани щIалэ цIыкIу гуэрхэр лъэмыжым и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ щIокIуадэ-къыщоунэхуж, къакъэ-пщIыпщIыжрэ щызэрызехьэу.

Гу щалъыстэм, къысхуэнэжыр арати (сазэрыхуэсакъри абы хэту), псы зэпрыупIэм и сэмэгу лъэныкъуэмкIэ ныджэм сыдыхьащ. Хуэдз здэжэмкIэ - сэ, къыздикIымкIэ - гуфIэжу къыщызыжыхь, архъуанэм хэлъэн-хэпкIэнкIэ зызымыгъэнщIыж щIалэ цIыкIухэр дыщыIэт.

Пэжым фыхуеймэ, ныбжьыщIэ щынэжэгужэхэр щыслъагъум япэу сигу къэкIар ахэр Хуэдз жылэм унэмыс щIыкIэ мы щIыпIэм узыщрихьэлIэ урыс къутыр гуэрым къикIауэт. АрщхьэкIэ, сызыщIэдэIукIмэ, псом нэхъ телъыджэр арати, ныбжьыщIэхэр зэпадзыжурэ зэрызэпсалъэр дэ Къэбэрдейм къыщыдгъэсэбэп ди адыгэбзэмкIэт! Хуабжьу сыщыгуфIыкIами, а Iуэхугъуэр сэ тIэкIуи  гъэщIэгъуэн сщыхъуат. Дауи апхуэмыдэнрэт, Налшык нэс укъикIыу, урыс хъужа къалэ, къуажэ куэдым уакъыфIэкIыу, щIыпIэ пхыдза дыдэу къэслъытэ хъуну Iэхэлъахэм къыбдалъхуа уи анэдэлъхубзэм ирипсалъэ ныбжьыщIэхэм уащыщыIущIэкIэ?! 

КъимыдэкIэри, сэ сыщыгъуазэт ди лъэпкъэгъухэм ящыщ гуэрхэм мы щIыпIэхэми сазэрыщрихьэлIэнкIэ хъунум. Ауэ, итIани къытозыгъэзэжри, Лашэпсынэ деж къыщыщIэдзауэ урыс фIэкIа зэрымыс хъуа Iэхэлъахэм уи анэдэлъхубзэм утIыпщауэ икIи хуиту ирищызэдэуэршэрхэм уащыхуэзэныр, шэч хэмылъу, гуфIэгъуэшхуэт. Абы къыхэкIыуи, гъуэгуанэ мыцIыхум икIи жыжьэм кърикIуа сэ зыми хуэзмыгъэдэн жьы къабзэ Iубыгъуэ къыщысIурыуа пэлъытэт.     

СызрихьэлIахэм апхуэдизу сыкъагъэгумэщIати, «зыгуэркIэ Iузгъэщтмэ» жысIэри, дуней гуфIэгъуэр зиIэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм сакъыпыIукIуэтащ, зэран сазэрыхуэмыхъунури сазэрыжьэхэмыуэнури си щытыкIэ псомкIи къризгъэлъагъуэу. 

ИтIани сыхуейт ныбжьыщIэхэм сызэрыадыгэр къезгъэщIэнуи, адэкIэ-мыдэкIэ къыщызыжыхьхэм ящыщу, напIэзыпIэу гъунэгъу къысхуэхъуам зыхуэзгъэзащ:

- Мо щхьэкIэ зыщыхэвдзэр апхуэдизу куу? – жысIэри.

- АтIэ! – жэуап къызитыжащ езыми, зэуэзэпсэу. 

«Ярэби, сызэрыадыгэр модрей и гъусэхэми яжриIэну пIэрэ?» - жысIэрэ абыкIи си гур згъэфIэу, псым зыкъыщызгъэщIыIэтыIэри, и Iуфэм сыкъыIутIысхьэжащ. ИкIи, мо сыздешам, ныбжьыщIэхэр зэрызэдэгуфIэм сагъэгушхуэрэ си щхьэми пщIэ хузагъэщIыжу, а щIыпIэм деж тэлайкIэ сыщысыжащ, гупсэхугъуэ иным сызэрыщызэщIиубыдари зэзгъэщIэгъуэкIыжу. 

Ауэрэ здекIуэкIым, щIалэ цIыкIухэм зыкъызэщIакъуэжри, я къуажэр здэщыIэмкIэ драгъэзеижащ, сэри адэкIэ къысщIэлъыр сщIэжырти, а щIыпIэм афIэкIа зыщислъэфыхь зэрыщымыхъунум си гупсысэр хуэзгъэкIуэжащ.       

Арати, адыгэ къуажэу зи цIэр куэдрэ зэхэсхам къыблэж псы уэр къитхъутхъукIым дапхуэдизу симытхьэкъуами, мы иджырей си зекIуэм зыщыхуэзгъэхьэзырым мураду сщIам сытемыкIыныр мызыгъуэгум сэркIэ зэрынэхъапэм сегупсысурэ, зыкъэсIэтыжащ...

    Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.

Поделиться: