ИНАРЫКЪУЕЙ МАФIЭС2014 гъэм, «Инарыкъуей мафIэс» уэрэдыр илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу, абы и хъыбарыр къащIэн мурадыр яIэу «1КъБР» телерадиокомпанием и журналист КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ, режиссёр Дадэ Ритэ, оператор Соколов Игорь сымэ кIуауэ щытащ Тэрч куейм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм. Абыхэм къапежьахэт а къуажэм дэс нэхъыжьыфIхэу Тумэ Мухьэрбийрэ Джэрмэншык Хьэжмуратрэ. ЗытекIухьар щажетIэм, езыхэр зыщыгъуазэ хъыбарыр къыхуэIуэтэжащи, адэкIэ абы фыщыдогъэгъуазэ. 1866 гъэм щIышылэм и 26-м унагъуэ 70 Ислъэмей къуажэм пагъэтIысхьауэ щытащ. ЩIы кIапэ зратахэм, щхьэж зэрыхузэфIэкIкIэ, унэ-лъапсэ яухуащ. А зэманым псоми яIэр ятIэ чырбышым къыхэщIыкIа бгъэныщхьэ унэт. ЗакъуэтIакъуэххэт кхъуэщын зытелъ чырбыш унэ зыщIыфыр. Апхуэдэу зэманыр кIуэурэ 1914 гъэм гъатхэпэм и 13-м къуажэм щIэщхъушхуэ къыщыхъуащ. Уэзыр Нахъуэ ипхъу Хьэсибэт Болэтей къуажэм Къущхьэунэхэ яшати, ар щыпэшэж къашэжауэ, къахуеблэгъахэр здагъэхьэщIэм, цIыхухъухэм фадэ хущIахьащ, цIыхубзхэр фошыгъу шей ирагъэфэну сэмэварышхуэ трагъэуващ. МафIэ ящIам къыщIэлъеикIа дэпыр зыщIэна шхийр жьым ирихьэжьэри, мафIэс къэхъуащ. Ар яхуэмыгъэункIыфIурэ сыхьэтитIым къриубыдэм къуажэр зэтрисхьащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, зы унэ закъуэщ къэнар, мы уэрэдым къыхэщыж Шогуэ ефэндыжьым ейр. А зырат жылэм кхъуэщыныщхьэ зытелъ унэу дэтар. Къуажэм дэсхэм я мылъкуи, я Iэщи хисхьащ, ауэ, цIыху зыри хэкIуэдакъым. ТIэкIуи ауан къыхэщ хуэдэу, ауэ пэжыр щIамыуфэу, Шэрий Даут, Ныбэжь ЛитIэ, Бэрокъуэ Сэхьид сымэ джабащхьэм тетIысхьэри, псалъэхэр зэпадзыжурэ мы уэрэдыр яусыжащ. Уэрэдыр цIыхубэм яхэзыхьар Ныбэжь Хьэбалэщ. Ар уэрэджыIакIуэ куэдым ягъэзэщIащ, ноби жаIэ. * * * Уэзырхэ Нахъуэм, уо, хьэщIэ къыхуокIуэ, уо! Хьэутий нокIуэри, уо, шыхэр щIетIыкIкъэ, уо!
Ибг щIэтIыкIауэ, уо, Елдар мэпщафIэ, уо! Фадэ нэхъыфIхэр, уо, Борэ къахуехь!
Щоджэн Елмырзэ уи ныбжьэгъу гупсэщ, Нышыр къахуихьри, уо, Жэрэ къэсащ, уо!
Дыщэ Iэлъыныр, уо, дэпым егъэлъейри, уо! Улъэрэ-улъейуэ, уо, Хьэжмуд къэсащи, уо!
Тумэ ХьэтIытIэр, уо, уи зэхэзежэщ, уо! Хьэжмуд дэжыхукIэ, уо, аркъэхьэ макIуэ, уо!
Ныбэжь Бэчырым, уо, ахъшэ кърех, Абдж нэщI къыдехри, уо, Алий къыдокIыр, уо!
Уэзырхэ пщIантIэм, уо, сэмэвар щагъэув, уо! Фызыжь увахэр, уо, джабэм йожэкIыр, уо!
Тумэ Хьэжбийри, уо, уи цIырыхъущIэщ, уо! Сэмэвар IэрыщIыр, уо, щыблэм екъутэ, уо!
Тумэ ТIатIымыр, уо, зэрынэзакъуэ, Нахъуэ и закъуэ, уо, щэ дигъэсащ, уо!
Шэрий Къасымыр, уо, сабырщIэгъейщ, уо! Уэзырхэ дгъейуэрэ, уо, жылэр тфIисащ, уо!
Мэкъуо Жамботыр, уо, уи фIыцIагъэшухэщ, уо! Шэрий хьэблэшухэр, уо, фIыцIагъэм щIащтэ, уо!
Шэрий Iэуесыр, уо, зэрыхуэIушэ, уо! Ислъэмей шухэр, уо, къызэрохьэхыр, уо!
Мэкъуо Жамботыр, уо, уи лIы мылажьэщ, уо! Сытхэр ди лажьэу, уо, дыкъебгъэсэкIрэ, уо!
Мэкъуо Хьэмашэр, уо, уи молэ нэпцIщ, уо! Къумыкъу тхьэгъэпцIым, уо, дигъэунэхъуащ, уо!
Тумэ Бэрокъуэм, уо, пхъэхэр къефыщI, уо! Хьэблэ фызыжьхэм, уо, зогъэфыщIыж, уо!
Шэрий ТIырыгур, уо, хъыдан бгырыпхщ, уо! Фызыжь бгырыпххэр, уо, мафIэм хисхьащ, уо!
Дзыгъурхэ витIыр, уо, бэкхъым къыщожьэ, уо! Шыл гъэжьа фшхынум, уо, Уэзырхэ фыкIуэ, уо!
Пщыншэхэ Шокуэр, уо, дамыгъэтедзэщ, уо! МафIэм зытеддзэурэ, уо, тIэщIэлъэтащ!
Шогуэ ефэндыжьым, уо, хьэжыгъэр къешэч, уо! Дэ тхуэмышэчыр, уо, Уэзырхэ Нахъуэщ, уо!
Уэзырхэ Нахъуэ, уо, дыжьын къамэшхуэщ, Уи адэшхуэм и хабзэри, уо, къэбублэжащ, уо!
Хьэткъут зэшитIыр, уо, фызкъэмышэщ, уо! Ямышэжыныр, уо Хьэсибат къыхукIуэ, уо!
Шогуэ ефэндыжьыр, уо, шэрихьэт мыщIэщ, уо! КъуажэкIэм ямыщIэурэ, уо, мафIэр нэсащ, уо!
Ныбэжь Къасботыр, уо, ди къуажэ гъуощ, уо! Хьэблэ фызыжьхэм, уо, гъуэгыу къажыхь, уо!
Шэрий Даутыр, уо, уи пцIыIуэпцIышэщ, уо! Инарыкъуей унэхэр, уо зэрагъэпцIыж, уо!
Шогуэ ефэндыжьыр, уо, чытапым йоплъэ, уо! Алыхьым еплъыр, уо, Уэзырхэ феуэ, уо!
Поделиться:
Читать также:
11.06.2026 - 17:00 →
Лъэпкъым и набдзэ
10.06.2026 - 18:45 →
Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ театрымрэ
10.06.2026 - 18:39 →
Сабийхэр дихьэхын хуэдэу
09.06.2026 - 17:26 →
Лъагъуныгъэм къытекIуэн щыIэкъым
09.06.2026 - 17:20 →
БЛАНЭ ЩАЛЪХУ МЭКIУЭЖ
| ||




