«Музейхэм я жэщ»

«Музейхэм я жэщ - 2026» урысейпсо Iуэхум ди щIыналъэри жыджэру хэтащ. КъБР-м и Лъэпкъ, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейхэм щекIуэкIащ зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр.
Хабзэ зэрыхъуауэ, иужьрей илъэсхэм ди къэралым щрагъэкIуэкI мы щэнхабзэ Iуэху щхьэпэр. Ар къыхэзылъхьахэм я мурадыр цIыху нэхъыбэ, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр, музейхэм кърашалIэу хуэсакъыу яхъумэ хъугъуэфIыгъуэхэм, щапхъэу къалъытэ цIыху цIэрыIуэхэм, лIыхъужьхэм я гъащIэм щагъэгъуэзэнырщ.
Iуэхур пщыхьэщхьэхуэкIуэу яублэ. Республикэм и музейхэм, галереехэм, гъэлъэгъуэныгъэ пэшхэм я бжэхэр зэIуахащ гъэлъэгъуэныгъэхэм еплъынухэм лекцэ зэхуэмыдэхэм едэIуэнухэм, лIыхъужьыгъэм и дерсхэри хэту, зэпеуэхэм хэтынухэм, мастер-классхэм кIэлъыплъынухэм папщIэ. 
Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым екIуэкI «Музейхэм я жэщ» Iуэхур зытеухуар щIыналъэхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я щхьэхуэныгъэхэрщ. Абы хыхьэу республикэм и музейхэм, ищхьэкIэ зи гугъу тщIахэм къинэмыщIауэ, викторинэхэр, зэIущIэхэр, сабийхэм папщIэ джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэпэщащ.
КъБР-м и Лъэпкъ музейм щокIуэкI Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщахьам теухуа, дэфтэрхэр зи лъабжьэ сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр. Абы хагъэхьащ иужьрей зэманым музейм и фондым халъхьа лэжьыгъэхэр. КъинэмыщIауэ, Iуэхум ирихьэлIэу къызэрагъэпэщащ Бай Галинэ и «Ода республике» 3D Iэмалым щыщ ART гъэлъэгъуэныгъэр. СурэтыщIым и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр теухуащ щIыпIэ дахэхэм, цIыху щхьэхуэхэм. Iуэхум хэтахэм я нэгу зрагъэужьащ «Укулеле-Нальчик» клубым екIуалIэхэм.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэхэм я теплъэ дахэмрэ щэнхабзэ къулеигъэмрэ къызэрызгъэлъэгъуэным, музейм къекIуалIэ цIыху къызэрыгуэкIхэми тхыдэм пыщIэныгъэ зэрыхуаIэр зэрызыхезгъэщIэным сыхущIэкъуащ, - жиIащ Бай Галинэ. - Гуапэщ «Музейхэм я жэщым» куэдым зэралъэгъуар икIи ягу зэрыдыхьар си Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэр. 
СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм щагъэлъагъуэ Налшык и Сабий художественнэ школым и егъэджакIуэ ПIаз Iэминэ и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса «Между собой и миром» выставкэр. Абы хыхьэу ирагъэкIуэкIащ «Образ в орнаменте: роспись глиняных подставок в национальном стиле», «Роспись по дереву» мастер-классхэр. 
Iуэхум щыпащащ ЩоджэнцIыкIу Алий, Кулиев Къайсын, Вовчок Маркэ я цIэр зезыхьэ музейхэми. Республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я музейхэми мы жэщым ехьэлIа зэхыхьэхэр щекIуэкIащ. 2002 гъэ лъандэрэ ирагъэкIуэкI «Музейхэм я жэщ» Iуэхур сабийхэми балигъхэми яфIэгъэщIэгъуэнщ. Аращ зызыгъэпсэхуну, щIэ гуэр къэзыщIэну хуейхэр унагъуэкIэрэ зэгъусэу мы зэхыхьэм щIекIуалIэм и щхьэусыгъуэр. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: