КъБКъУ-м и «Альтаир» щIалэгъуалэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Урысейр – ди зэхуэдэ унэщ» зыфIаща муслъымэн зэхуэс.
КъБР-м и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм и унафэщIым къыбгъэдэкIыу, зэхуэсым къеблэгъахэм захуигъэзащ муфтийм и къуэдзэ Отаров Хъызыр. «Дэтхэнэ къэралми щIэгъэкъуэну иIэр щIалэгъуалэрщ, бегъымбару къагъэкIуа псоми я ужь иувэу гъуэгу захуэр зыубзыхуахэри зи щIалэгъуэ защIэт, ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэри дызыщыгугъыр фэращ. «Iуэхугъуитхур къэвгъэщхьэпэ адреитхур къэсын ипэ, - дегъэIущ хьэдисым: щIалэгъуэр – жьыгъэм ипэ къихуэу, узыншагъэр – сымаджэным ипэ къихуэу, мылъкур – тхьэмыщкIэным ипэ къихуэу, зэманыр – хущIэмыхьэныгъэм ипэ къихуэу». Аркъудейр чэнджэщу урикъунщ уи щIалэгъуэм и уасэр къыбгурыIуэн папщIэ», - жиIащ Отаровым.
Урысейм лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэрал агентствэм ЩIыналъэ зыбжанэ къызэщIэзыубыдэ и управленэм и унафэщI Лукьянов Сергей мыхьэнэ нэхъыщхьэ зритар къуэкIыпIэ къэралхэм Урысейм мурадыфIхэр къызэрыхуамыIэрщ. Ди къэралым мамыру щызэдэпсэу лъэпкъхэм хуитыныгъэ иратыжыным щIэбэн защIурэ, абыхэм хъыбарегъэщIапIэхэр къагъэщхьэпэ, щIалэгъуалэм я гупсысэкIэр ягъэутхъуэн папщIэ. Иужьрей зэманым ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм япкъ иткIэ, иджы мыхъумыщIагъэ зезыхьэ зэгухьэныгъэхэм хашэ ныбжьыщIэхэр куэдкIэ нэхъыщIэщ, ипэрей зэманым елъытауэ. Узэрызэмыщхьыр узэкъуэувэным зэран хуэхъуркъым. Мы илъэсым и закъуэ махуэшхуитI къыщIыхалъхьари аращ: Урысейр зи хэку лъэпкъхэм я махуэмрэ Урысейм щызекIуэ лъэпкъыбзэхэм я махуэмрэ».
АдэкIэ псалъэ иратащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къалэныр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Гергоков Жамболэт. Абыи къыхигъэщащ Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и илъэсым мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Ди республикэм лъэпкъ 80-м нэс щопсэу, дин зэгухьэныгъи 189-рэ щолажьэ. Дэтхэнэ зыми япэ ирагъэщыпхъэр щIэныгъэм зегъэубгъунырщ, сыту жыпIэмэ, Iуэхум хэзыщIыкIыр къыпхуэгъэпцIэнукъым. Аращ нобэ хуэдэу диным хуеджэхэмрэ КъБКъУ-м щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэтхэмрэ мы зэIущIэм зэрызэришэлIам дыщIыщыгуфIыкIыр».
КъБКъУ-м и проректор Нэзрэн Беслъэн и гупсысэр мыхьэнэ зимыIэ цIыху лъэпкъ зэрыщымыIэм хуишащ. «Дунейм лъэпкъи 194-рэ тету жаIэ. Зыр адрейм нэхърэ нэхъыфIщ щIыжыпIэн щхьэусыгъуэ щыIэкъым, дэтхэнэ зыми щхьэхуагъэ гуэр бгъэдэлъщ, адрейхэм къахуэсэбэпу. Сэ хуитыныгъэм срителъхьэщ, цIыхум зыхуейр жрагъэIэмэ, нэхъыфIщ. Къэбэрдей-Балъкъэр университетым и бжэр сыт щыгъуи яхузэIухащ зэпсалъэу хэкIыпIэфIхэр къагъуэтыным хущIэкъухэм. ЩIэныгъэ уиIэным къикIыр уи закъуэ зыгуэр зэбгъэщIэнракъым. Къыббгъэдэс, ппэгъунэгъуу псэу дэтхэнэ зым щхьэкIи жэуап уохь. Аращ зэпсэлъэн, акъылкIэ зэдэгуэшэн щIыхуейр».
Налшык дэт члисэшхуэм и лэжьакIуэ Бобылёв Валентин щIалэгъуалэм защыхуигъазэм, езым зэрихьэ чыристан диным епха щIэныгъэр къигъэщхьэпащ. «Хьисэ лъапIэм цIыху нэхуу фыщыт жиIэу щытащ. Псори къыщригъажьэр Тхьэм фIыщIэ зэрыхуэпщIырщ, щIыхуэпщIын узэрикуэдыр къыбгурыIуэжыным и дежщ. «Уи гум мамырыгъэ щыухуи, уи хъуреягъкIэ псэу цIыху минхэри къебгъэлынщ», - жеIэ Хьисэ лъапIэм. Адрейхэм зебгъапщэу, сэ абы иIэр щхьэ симыIэрэ щIыжыпIэн щыIэкъым. Зэплъытын хуейр уэ езым уи икIагъымрэ уи фIагъымрэщ. Лъагъуныгъэр уи гъащIэм тепщэ щыпщIмэ, нэхури абы и гъусэу къокIуэлIэнущ. ЩIалэгъуэм Iэмалу иIэр гъунэжщ. Ар щхьэпэу къэбгъэсэбэпыным нэхърэ нэхъ губзыгъагъи щыIэкъым».
КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ахметов Артур щIэныгъэм и мыхьэнэм зригъэубгъуащ. «ЩIэныгъэр цIыхум хъыбар гуэр жепIэжыным деж щиухыркъым, - жиIащ Ахметовым. – ЦIыхум къыгурыIуапхъэр къыгурыбгъэIуэн хуейщ, щIэныгъэ щепткIэ. Иджыпсту ди нэгум щIокI хъыбарегъэщIапIэхэм щIалэгъуалэр щызэблашын папщIэ, ялъэкI къызэрамыгъанэм. Къэралым ифI зезымыхуэхэр куэд мэхъу, абы къыхэкIыу, дэтхэнэ зыми жэуаплыныгъэ ехь и Iэр здынэсхэр мыхъумыщIагъэм щихъумэнымкIэ».
Псыхуабэ дэт къэрал университетым Урысейм щызекIуэ псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэхэр хъумэнымкIэ и центрым къыбгъэдэкIыу, зэхуэсым къыщыпсэлъащ Осипов Станислав. Мы зэхуэсышхуэр ар къызэзыгъэпэща IуэхущIапIэ зыбжанэм ягъэхьэзыра проектым и зэфIэхыныгъэу зэрыщытыр къыхигъэщу, егъэджакIуэр убгъуауэ тепсэлъыхьащ езыр щылажьэ центрым зэфIигъэкIхэм. Проектым плъапIэу зыхуегъэувыж лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр игъэбыдэныр, тхыдэ напэкIуэцIхэр зэблэзышхэм ар хуамыдэныр, лъэпкъхэр зэпызыщIэ урысыбзэм и мыхьэнэр кIэрамыгъэхуныр, къэралым щызекIуэ динхэм ятеухуа щIэныгъэм гъуэгу етыныр. Я мурадхэм ялъэIэсын папщIэ, кинори, викторинэхэри, фестивалхэри, цIыху цIэрыIуэхэм, дзэ Iуэху хэхам хэта лIыхъужьхэм яIущIэнри къагъэщхьэпэ.
Ректор Шыбзыхъуэ Мурат и къэпсэлъэныгъэр нэхъыбэу зытеухуауэ щытар Урысейм ит еджапIэ нэхъыщхьэхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэмрэ я еджакIуэхэм ират щIэныгъэмрэщ. ЕгъэджакIуэхэм я фIыгъэщ щIалэгъуалэм диным теухуауэ гупсысэ щхьэпэ зэраIэрыхьэр. «Нэхъыщхьэращи, дэ сыт щыгъуи япэ идогъэщ псори Урысей къэралым дызэрыщыщыр, абы дрицIыхуу зыкъызэрытлъытэжыр, пэрыуэгъу димыIэу дызыхуей псоми ди къэралым дызэрыщылъэIэсыр. Мы дызытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм махуэ къэс фытопсэлъыхь, дедэIуэжыфыркъым жыфIэнкIи хъунущ, ауэ зэпымыууэ зи гугъу пщIын хуей Iуэхухэри щыIэщ, я мыхьэнэр зэрыиным къыхэкIыу, - жиIащ ректорым. – Япэу къеха КъурIэн Iэятыр къызэрыщIидзэр «Къеджэ» псалъэрщ. Аркъудейм къегъэлъагъуэ муслъымэн диныр щIэныгъэм и телъхьэу зэрыщытыр». Ныкъусаныгъэхэм я гугъу щищIым, Шыбзыхъуэм къыхигъэщащ лэжьакIуэхэр къазэремэщIэкIыр, диныр цIыхубэ гъащIэм хэпщIа зэрыхъум иджыри арэзы укъызэримыщIыр. «Мыр Iимамхэм я закъуэкъым зи къалэныр. Ислъам щIэныгъэм зиузэщIыху, езы къэралми зэрызиужьынум, ар плъапIэ жыжьэхэм яхуэлажьэу зэрыщытым гу лъыдмытэу хъунукъым».
Псыхуабэ дэт университетым Ислъам щIэныгъэм зегъэубгъунымкIэ и центрым и унафэщI Магомедов Магомедсаид и къэпсэлъэныгъэр ислъам диным адрей цIыхухэм фIыкIэ уадекIуэкIыным узэрытригъэгушхуэм ирипхащ. Дин зепхьэным цIыхухэм защыбдзеинуи, абыхэм япэIэщIэ зыпщIынуи къикIыркъым. «Мухьэмэд бегъымбару щэлатрэ сэламрэ зэхам «Мадинэ къалэм и конституцэ» къызэригъэпэщауэ щытащ, цIыхубэ гъащIэр мамыру зэтеубла хъун папщIэ. Муслъымэныгъэр къызэрежьэрэ дин зэкъуэшыныгъэр япэ ирегъэщ. Алыхьталэм и арэзыныгъэр къэплъыхъуэу пщIэ псори къыщежьэр уи унагъуэрщ. Уи унэм щIэсхэм я хьэкъым ухуэсакъмэ, уэ езым къыптехуэр пщIэжмэ, ар къэралми лъэIэсынущ, цIыхубэми заужьынущ. Ислъам диныр къежьэн ипэ щыIа зэманыр лъэпкъ зэгурымыIуэныгъэм и тхыдэщ. Дэ ди дин зехьэкIэм и лъабжьэр зэкъуэтыныгъэрщ», - жиIащ Магомедовым.