КърикIуар нэрылъагъу мэхъуДи республикэм щекIуэкIа Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр хэтахэр зэбгрыкIыжри, щхьэж ар къызэрыщыхъуахэр социальнэ сетхэм къралъхьэжащ, иджыри зэпымыуауэ топсэлъыхьыж абы ныбжьыщIэхэр. Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Ингушым, Шэшэным, Дагъыстэным, Ставрополь крайм, Кърымым, Комим, Башкортостаным, Алтайм, Мордовием, Тэтэрстаным, ДНР-м, Пермь, Москва, Калугэ, Ленинграл, Астрахъэн, Запорожскэ, Омск, Орел, Свердловск, Тамбов, Челябинск областхэм, Москва, Севастополь къалэхэм къикIа лIыкIуэхэр, ди республикэм щыщхэр, Абхъазым къикIа гупышхуэр – зэрыщыту къапщтэмэ, цIыху 300-м щIигъум махуиплIым къриубыдэу куэд зрагъэлъэгъуащ, зрагъэщIащ, зэрыцIыхуащ. А псоми сурэтхэмкIэ, видеохэмкIэ, гурыщIэ къабзэхэмкIэ, псалъэ дыгъэлхэмкIэ щыпещэ иджыри Интернетым. Псом хуэмыдэжу жыджэрыр абхъаз щIалэгъуалэращ. Сэ сызэреплъымкIэ, форумым къыпэкIуа IуэхуфIхэм я нэхъыщхьэщ адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ къащIэхъуэ щIэблэр зэхашэу, ахэр зэрызэкъуэшыр, зы тхыдэ, зы къежьапIэ зэраIэр зэрырагъэлъэгъуар, зэрызыхрагъэщIар.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, КъБР-м и Правительствэмрэ Абхъаз Республикэм ЩIалэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетымрэ УФ-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и федеральнэ агентствэмрэ Урысеймрэ Абхъазымрэ хамэ къэрал IуэхухэмкIэ я министерствэхэмрэ я дэIэпыкъуэгъуу къызэрагъэпэщащ Налшык къалэ дэт ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIа зэIущIэр. ЩIалэ, хъыджэбз щэ бжыгъэ щызэхыхьа гуфIэгъуэ махуэхэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки. «Форумыр зыхуэунэтIар Урысеймрэ Абхъазымрэ я щIалэгъуалэм я зэпыщIэныгъэр гъэбыдэнырщ, ахэр унэтIынырщ, къыхалъхьэ проектхэмрэ жэрдэмхэмрэ зегъэужьынырщ, къэрал щIалэгъуалэ политикэм зиужьыным яхузэфIэкI хегъэлъхьэнырщ», - жиIауэ щытащ Iэтащхьэм зэхыхьэр къыщызэIуихым.
Абы и псалъэхэм къыпищэу, АР-м и вице-премьер Хагбэ Тарас жиIащ зэхуэсыр ди хэгъэгум и къалащхьэ Налшык зэрыщекIуэкIым абхъазхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Ди лъэпкъхэр ижь-ижьыж лъандэрэ зэкъуэшым хуэдэу къызэдокIуэкI, ар зэманми, дызыхэта гугъуехьхэми хьэкъ ящIащ. А зэхущытыкIэр лIакъуэкIэрэ зэIэпытхыу апхуэдэщи, иджырей щIалэгъуалэми къыпащэну ди хъуэпсапIэщ. Абхъазыр гузэвэгъуэ щыхэхуам псом япэу къыкъуэувар Кавказ Ищхъэрэм щыщ ди къуэшхэрщ, абыхэм я дэIэпыкъуныгъэр ди щхьэхуитыныгъэм сэбэп хуэхъуащ. Иджы абы щыгъуэм къыткъуэувахэм я бынхэращ зэхуэсари, ди зэпыщIэныгъэм адэкIэ зевгъэужьыну фи пщэрылъщ, фи адэхэм ящIам хэвгъахъуэу фызэдэпсэумэ, абы нэхъ лъэрызехьэ дищIынущ» - дыщIигъуащ Хагбэ.
Егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм, туризмэм, спортым пэрыт IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр, студентхэр, хьэрычэтыщIэхэр, дзэ Iуэху хэхам хэтахэр щызэхуэса зэIущIэм Iуэхугъуэ куэдым щытепсэлъыхьащ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, «Урысеймрэ Абхъазымрэ: щIалэгъуалэ Iуэхухэр» зи фIэщыгъэ Iыхьэм хыхьэу гупхэр щIэсащ: «Экономикэ Iэмалхэмрэ IэнатIэ зэгъэгъуэтынымрэ, Iэзагъым хэгъэхъуэнымрэ хьэрычэтыщIэ Iуэхумрэ»; «Унагъуэ быдэ: демографие зыужьыныгъэм, социальнэ дэIэпыкъуныгъэм теухуауэ»; «Медиамрэ IT-мрэ»; «Дунейпсо щIалэгъуалэ зэдэлэжьэныгъэ»; «Кавказ бгъэдыхьэкIэ гъэщIэгъуэнхэр: проект лъэрызехьэхэр»; «Зэкъуэтыныгъэм и къарур: егъэджэныгъэ, бзэ, щэнхабзэ лъэпкъ лъапIэныгъэхэр» лекцэхэм, абыхэм къыщыпсэлъащ урысей, абхъаз щIэныгъэлIхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ.
ЩIалэгъуалэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ Урысеймрэ Абхъазымрэ зэрызэхущытым и гугъу ищIу дерс гъэщIэгъуэн иригъэкIуэкIащ АР-м и МИД-м Стратегие зэдэлэжьэныгъэмкIэ и департаментым и унафэщI Бганбэ Джэмал. Абы псом япэу къыхигъэщащ форумыр щекIуэкIа щIыпIэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр: - Мы щIыналъэр дэркIэ лъапIэщ. ТхыдэкIэ дызэрызэпыщIам нэмыщI, дэ зэи дигу икIыжынукъым Хэку зауэр къыщыхъеям адыгэхэм, Кавказ Ищхъэрэм ис адрей лъэпкъхэм псом япэу я Iэр къытхуашияуэ зэрыщытар. Урысеймрэ Абхъазымрэ я зэпыщIэныгъэмрэ зэдэлэжьэныгъэмрэ утепсэлъыхьмэ, псом япэ итщ социально-гуманитар лъэныкъуэр. Абы хохьэ, ди къэралым щагъэзащIэ, щIалэгъуалэм ехьэлIа проектхэр – гъэмахуэ егъэджэныгъэ лагерхэр, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэр, ди щIалэгъуалэр «Мэшыкъуэ» зэхыхьэм хэт зэрыхъур, Росмолодежым и грантхэмкIэ зэпеуэхэм зэрыхагъэхьар, нэгъуэщIхэри.
Форумым хэтхэм Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн куэд я нэгу щIэкIащ. Ди республикэм и щIыналъэхэм щIыпIэ дахэхэр иIэщ, цIыху гуапэхэр, зэчиифIэхэр щопсэу. Ахэри зрагъэцIыхуащ хьэщIэхэм. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Шэрэдж районым абыхэм щалъэгъуа телъыджэ псори зэи ягу икIыжынукъым. НыбжьыщIэхэр тотхыхьыж Балъкъэр Ипщэм и дахагъым, зы куейм щыпсэу адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я зэхэтыкIэм, лъэпкъитIым я хабзэхэр, шхыныгъуэхэр, хьэщIэ егъэблэгъэкIэр зэрагъэунэхуам, адыгэ дэлэнымрэ балъкъэр хъыршынымрэ зэ IуплъэгъуэкIэ зэщхьми, зэрызэщхьэщыкIым, адыгэ лэкъумрэ балъкъэр кхъуеймрэ зэдэпшхыну зэрыIэфым. Гуэл щхъуантIэхэр, Шэджэм и псыкъелъэхэр, Iуащхьэмахуэ лъапэ, «Шато Эркен» гуэлым хэт чэщанэр, куэд, куэд зрагъэлъэгъуащ щIалэгъуалэм. Апхуэдэуи районхэм щылажьэ ЩIалэгъуалэ унэхэм щыIащ, щылэжьащ, я нэгу зрагъэужьащ, я щIэныгъэми Iэзагъми хагъэхъуащ.
Абхъазым, Урысейм и нэгъуэщI хэгъэгухэм къикIа ныбжьыщIэхэм зыщагъэгъуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и хъыбарегъащIэ IэнатIэми. Республикэ газетхэм я гъэхьэзырыкIэр, редакцэхэм я зэхэлъыкIэр зрагъэлъагъуну ПечатымкIэ унэми къэкIуащ ахэр. ХьэщIэхэм яхуэзащ «Адыгэ псалъэ», «Горянка», «Советская молодежь» газетхэм, «РИА-КъБР» хъыбарегъащIэ агентствэм я редактор нэхъыщхьэхэр.
«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Жыласэ Заурбэч редакцэм и хьэщIэщым къыщригъэблэгъащ хьэщIэхэр икIи яжриIэжащ республикэм тхылъымпIэм тедзауэ къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ я редакцэхэр зыщIэс ПечатымкIэ унэр 1987 гъэм зэращIар; газетхэр, радиор, телевиденэр къэралыбзищкIэ - адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ - зэрылажьэр, къызэрыдэкIыр; хэгъэгум и газет нэхъыщхьищым я илъэсищэр 2024 гъэм зэрагъэлъэпIар. ГъэщIэгъуэн куэд хьэщIэхэм жраIащ «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ, «Советская молодежь» газетым и редактор нэхъыщхьэ Суановэ Залинэ, «РИА-КъБР» хъыбарегъащIэ агентствэм и редактор нэхъыщхьэ Аттаев Азнор сымэ. Налшык къалэ махуищкIэ щекIуэкIа форумыр къызэрыщыхъумкIэ къыддэгуэшащ Абхъазым къикIа Хачатурян Аннэ.
- Сэ Абхъаз къэрал университетым туризмэ IэщIагъэм сыщыхуоджэ, етIуанэ курсым сыщIэсщ, - жиIащ абы. - Хуабжьу телъыджэу дыкърагъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Форумым и фIыгъэкIэ гъэщIэгъуэн куэд къэсщIащ, псалъэм папщIэ, адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ зэрызэщхьыр, цIыху гуапэ куэд зэзгъэцIыхуащ, дахагъэ куэд дагъэлъэгъуащ. Джэгум драгъэблэгъати, адыгэ къэфэкIэ зэзгъэщIащ, балъкъэр ныбжьэгъу схуэхъуати, балъкъэрыбзэкIэ псалъэ зытIущ зэзгъэщIащ, ахэр сэркIэ лъапIэщ, абы нэхъ гъунэгъу дызэхуещI.
Налшык иджы япэу сыкъакIуэу аращ, мыпхуэдиз щхъуантIагъэ зыдэт нэгъуэщI къалэ зэи слъэгъуакъым. ЦIыхухэм я гуапагъымрэ нэфIэгуфIагъымрэ-щэ?! Дызыхуэзэу хъуам къытщыгуфIыкIыу сэлам къыдахырт. Машинэр щызежэ уэрамышхуэхэм, цIыхухэм папщIэ лъэс лъагъуэхэр зэриIэр, абы лъакъуэрыгъажэкIэ къэзыжыхьхэм яхухэха гъуэгу щхьэхуэ зэрыбгъурытыр согъэщIагъуэ. СыткIи зэгъэпэщащ Налшык. Щыпсэухэми хуабжьу сыдахьэхащ.
Дэ, Абхъазым къикIахэм нэмыщI, Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIа щIалэгъуалэри къытхэтщ. Сэ нэхърэ нэхъыбэжу абыхэм ягъэщIагъуэ Кавказым щекIуэкI хабзэр, щэнхабзэр, хьэщIэ къегъэблэгъэкIэр, гъэхьэщIэкIэр, шхыныгъуэхэм я IэфIагъыр. Иджы согупсыс, зы зэман щыIащ хабзэр зэрамыпэсыжу, я теплъэкIэ, зыхуэпэкIэкIэ, дуней тетыкIэкIэ нэгъуэщIхэм зрагъэщхьыну хуейуэ, ауэ ди гуапэ зэрыхъущи, иджырей щIалэгъуалэм лъэпкъ хабзэхэмрэ лъапIэныгъэхэмрэ къэIэтыжыну, яхъумэну, ягъэбэгъуэну хуейуэ гу лъызотэ. Абы щыхьэт тохъуэ мы форумым къыщызэхуэса, кавказ лъэпкъхэм къахэкIа щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ, дыкъыздеблэгъа лъахэм ис, иджы ныбжьэгъу тхуэхъуа, лъэпкъ фащэкIэ зэщыхуэпыкIауэ, щхьэж и лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр ди пащхьэ къизыхьэ ныбжьыщIэхэр. Сэ абы хуабжьу сегъэгушхуэ.
Поделиться:
Читать также:
20.07.2026 - 17:18 →
Телъыджэщ жыгхэр
16.07.2026 - 12:26 →
Зэманымрэ ныбжьыщIэхэмрэ
15.07.2026 - 11:30 →
Дунейм адыгэу тетыр зэрепх
30.06.2026 - 09:00 →
Псым теухуауэ
28.06.2026 - 11:00 →
Алинэ иратхэ Гиннесс и тхылъым
| ||




