Псэ къабзагъэ къызыхэщ усэхэр

ХъэтI щIэщыгъуэ зиIэу щыта усакIуэхэм ящыщщ Къэжэр Хьэмид. ГъащIэм и Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм теухуа абы и IэдакъэщIэкIхэр литературэ щIэин хъуащ, сыт хуэдэ зэманми дэгъуэгурыкIуэфу. Къэжэр Хьэмид и усэхэм теухуауэ профессор Бакъ Зерэ и тхыгъэщ фызыщыдгъэгъуазэр.

ГЪУЭТ Синэ.

 

Къэжэр Хьэмид усэ тхын щIидзащ школым щIэсу.  Абы «Гъуэгум и бгъуагъу» зыфIища япэ усэ тхылъыр 1973 гъэм, «Усищэрэ зырэ» тхылъыр - 1978 гъэм къыдэкIащ. Абыхэм иджыри тхылъ куэд къакIэлъыкIуащ. Иужьрейуэ 2013 гъэм къыдэкIащ «ГъэунэхупIэ» зыфIища усэ тхылъыр. Къэжэрым и Iэдакъэ къыщIэкIащ литературэ очеркхэр, эссехэр, щIэныгъэ тхыгъэхэр. УсакIуэр нэбдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъащ дунейм и щытыкIэм, абы и щыхьэтуи я телъыджагъкIэ укъэзыгъэуIэбжь усэхэр и Iэдакъэм къыщIэкIащ. Гу лъитэрт дэтхэнэ Iуэхуми щэху нэрымылъагъу гуэр зэрыхэлъым. АтIэ усакIуэм ар гукIэ къелъэгъуф. Къэжэр Хьэмид и тхыгъэхэм къахощ езым иIа теплъэри: псэ къабзэ, акъыл жан, зыхэщIыкI. Къэжэр Хьэмид и IэдакъэщIэкIхэм куэдрэ уащрохьэлIэ усакIуэм е усэм я образым:

 

УсакIуэм и гур уIэгъэ пцIанэщ.

 

А уIэгъэр щIэмычэу елъэс

 

Гуауэ зиIэм щIагъэж нэпс гуащIэм.

 

Апхуэдизыр зыгъэв усакIуэм,

 

И дзэр зэтрикъузэми,

 

И псэм къыпхев пщIантIэпс пщтыр.

 

Ар тхылъымпIэ къабзэм зэрытеткIуэу

 

Усэ сатыру къогъагъэ, -

 

Аращ усэр къызэрыхъу щIыкIэри.

 

(«УсакIуэм и гур»)

 

А мыхьэнэр хыболъагъуэ «Нэху сыкъекIащи – телъщ уэсыщIэ» усэми:

 

Уэсыр къабзащэщ, нэр щоджыл,

 

Абы щымыщу зы хэмылъ.

 

Апхуэдэщ усэри - зы псалъэ

 

Гум щумыпIауэ хэбгъэхьамэ,

 

Уэ дапхуэдизрэ уелIэлIами,

 

Уи усэр бжы зэIыбгъэхьауэ.

 

ЦIыхум и дежкIэ нэхъыщхьэр напэр къабзэу ихъумэнырщ. Унафи ущии хэмылъу усэбзэ дахэкIэ къыббгъэделъхьэф ар Хьэмид.

 

ЦIыхугъэр фщIэжмэ,

 

ЩIыхьыр фщIэжмэ, -

 

ФыкъикIуэтыж.

 

Уи напэр пщэжмэ,

 

Лъахэр пщэжмэ, -

 

Мыхъу къэпщэхуж.

 

(ЛъэIу»),

Е мыпхуэдэ гуэпсысэр:

 

Жьыгъэр, жьыбгъэшхуэу,

 

Къыхукъуэунущ псэум.

 

Уи напэр пхъумэфамэ,

 

Ар пхуэхъунщ гуэбэнэч.

 

(«Гъуэгу благъэр дзыхьщIыгъуэджэщ»)

 

«ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ» жаIэ. Хьэмид и усыгъэми абы щIыпIэшхуэ щиубыдащ. Ар къыхощ «Дауэ зэрыбгуэшынур?», «Сэ щIыпIэ жыжьэ сыщыIауэ», «ГушыIэ ныкъуэ» «Г. Гейне сигу къигъэкIыжа усищ» усэхэм, нэгъуэщIхэми. «Дауэ зэрыбгуэшынур?» усэм хэт лIыхъужьым фIыуэ илъагъум щIекIужын щхьэусыгъуэ телъыджэ иIэщ:

 

… Дауэ, дауэ зэрыбгуэшынур мо мазэр?

 

Вагъуэу здэдбжахэр дауэ,

 

Дауэ зэрыбгуэшынур?

 

ТIууэ дгуэшыну уафэр?

 

Дгуэшыну мы жэщ мазэгъуэр?

 

Хьэуэ, ар слъэмыкIыну -

 

ДызэгъэкIужи нэхъыфIщ.

 

Къэжэр Хьэмид и лъагъуныгъэ усэхэр нэщхъыфIэщ, лирическэ лIыхъужьым и кIэн къикIырейщ. ЛIыхъужьым «и фIэщ хъуркъым» гурыщIэ щымыIэу. Иужэгъуауэ къыжриIами, я гъуэгу зэтемыхуами, зэхуэзэжыну фIэкI и гум къэкIыркъым. Езым и хъыбар вагъуэм хурегъэщI, мазэр ирегъэшхыдэри, пщащэм зэрыIущIэнуми зыхуегъэхьэзыр.

 

…Ныщхьэбэ вагъуэм си хъыбар уэ

 

КъыпхуимыщIыну си фIэщ мыхъу.

 

МазэщIэр, мащIэу уигъэкъуаншэу,

 

Къомышхыдэну си фIэщ мыхъу.

 

Пщэдей дыгуфIэу дызэгъусэу

 

Демыжьэжыну си фIэщ мыхъу.

 

(«Си фIэщ мыхъу»)

 

УсакIуэм и пэжыр «псэгъу зэфIэкIуэдкъым», атIэ «лъагъуныгъэщ». ТIум ягу зэхуилъырщ нэхъыщхьэр, абыхэм я хъуреягъым щыжаIэр хъыбар къудейуэ аращ:

 

Псори пцIыщ.

 

НэгъуэщI сепсалъэу жаIэ, - пцIыщ.

 

Сымыпсэлъэжу жаIэ, - пцIыщ.

 

Ди хадэм сыкIуэу жаIэ, - пцIыщ.

 

Ди жыгым сеплъу жаIэ, - пцIыщ.

 

Жейр сфIэкIуэдауэ жаIэ, - пцIыщ.

 

Уи бампIэм сихьу жаIэ, - пцIыщ.

 

Сэ пэж бжесIэни, пэж ухуеймэ…

 

Сэ пэж бжесIэни, пэж ухуеймэ…

 

Уэ къэгъэзэжи - мис ар пэжщ!

 

Художественнэ псалъэр екIуу игъэIэрыхуащ, анэдэлъхубзэм и къабзагъымрэ къулеягъымрэ лъэпкъ, дунейпсо щэнхабзэм и Iыхьэ дахэу и IэдакъэщIэкIхэм щихъумащ литературэхутэ, усакIуэ, критик Къэжэр Хьэмид.

Поделиться:

Читать также: