«Сэ хамэщIкъым сыкъызыхуалъхуар»Адыгэхэр дуней псом къыщацIыху литературэм, макъамэм, къафэм, сурэтыщI гъуазджэм, IэпщIэлъапщIагъэм щаIэ зэфIэкIхэмрэ лъэпкъ щIэин къулей къазэрыдекIуэкIымкIэ. Хэхэс гъащIэми абы и щэнхабзэ дахэр щихъумащ. Литературэр къапщтэмэ, абыи хэлъхьэныгъэфI хуащIащ Хэкум пэIэщIэу псэуныр зи натIэ хъуа куэдым. Ар къызыхэкIар лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ щэнхабзэ щIэинымрэ я закъуэу къыщIэкIынутэкъым, атIэ IэмалыншагъэкIэ хэхэс хъуахэр нэгъуэщI лъэпкъхэм хэмышыпсыхьыжынри хэлът. Кавказ зауэр иухыу, адыгэхэр Уэсмэн къэралыгъуэмрэ нэгъуэщI къэралхэмрэ (Тыркум, Иорданием, Сирием, Мысырым, США-м, Германием, нэгъуэщIхэми) Iэпхъуа нэужь, хамэ щIыналъэхэми ди лъэпкъэгъухэм я литературэр къыщыунэхуащ. Абы зрагъэужьащ щыпсэу къэралхэм я бзэхэмкIи я анэдэлъхубзэкIи. Мидхьэт Ахьмэд и «Кавказ» романыр (1877 гъэм дунейм къытехьат) адыгэхэм я къекIуэкIыкIам тепсэлъыхь япэ тхыгъэшхуэ хъуат. Омер Сейфеддин и новеллэхэм («Бгырыпх», «Фыгъуэнэд», «Чысэ», нэгъуэщIхэми) адэжь лъахэм исхэр «нэгъуэщI дуней» хигъэплъат - адыгэ-мухьэжырхэр зыхэхуа гущIэгъуншагъэмрэ гъэпцIагъэмрэ. А лэжьыгъэхэр хэхэс адыгэхэм я литературэм лъабжьэ хуэхъуащ. АнэдэлъхубзэкIэ тхэ усакIуэхэм я гугъу пщIымэ, я цIэ къраIуэ Аталай Мулидэ (Инэмыкъуэ), Уйсал Мусэ, Онер Четин, Челик Уэсмэн сымэ. Иужьрейм и «Къафэ» пьесэр хэхэсхэм я хъуэпсапIэ щэхур къызыхэщ тхыгъэ цIэрыIуэ хъуащ. Лъэпкъым и щэнхабзэ фэеплъыр хъумэным и Iэмэпсымэ нэхъыщхьэ хъуауэ къэплъытэ хъунущ литературэр, апхуэдэуи ар куэдым я губампIэдэхт. Хамэ щIыпIэ щауса тхыгъэ зыбжанэ фыщыдогъэгъуазэ. ЖыркIагуэ Фэтихь (Сирием щыщ усакIуэ), «Анэм и макъ»: Анэм и макъыр щысхуэбзэрабзэкIэ, КъысфIощI си хэкур къэзгъуэтыжа. ЖызмыIэфыни анэдэлъхубзэкIэ, Къысщохъур зыри къимынэжа.
Анэм и макъыр щысхуэбзэрабзэкIэ, Бзухэм я усэр сфIощI ефэгъуэкI. ГъащIэ, зыгуэркIэ укъысхуэупсэмэ, Анэм и макъым сыпумыгъэкI.
Бабыгу Эргун «Хабзэр зищIысыр» (Тыркум къыщалъхуаш): Хабзэр лъэпкъым и уэрэдщи, Ар жыпIэхукIэщ узэрылъэпкъыр. Хабзэр щыпфIэкIуэда махуэм, Япхауэ бжы уи Iэпкълъэпкъыр.
Хабзэр щыгъынщ укъихуапэу, Ар пщыгъмэщ ущыцIыхур. А щыгъыныр зыщыпхамэ, ФIым хуэкIуэнукъым уи Iуэхур.
Хабзэр хьэщIэщ къеблэгъауэ, БгъэлъапIэу щхьэщыт. ПщIэр хабзэм къемызэгъауэ, А Iуэхум яужь уимыт.
Хабзэр Iэщэщ узауэмэ, Ар пIэщIэлъу укъимыкIуэт. УтекIуэнущ узахуэмэ, Шэч къомыхь, уигу умыгъэкIуэд.
Хабзэр жыгщи, бгъэбагъуэм, И жьауэм ущIэсынущ. Ар пфIэмыIуэхуу, пфIэмыщIагъуэм, МафIэм и бзийм уисынущ.
Хабзэр лIыжьщ, илъэс куэд псэуауэ, Абы уэ куэд уигъэщIэнущ. Къыпхуэгъункъым уелъэпэуау, Ар зэ гуауэу зэбгъэщIэнущ. Хабзэр напэщ, напэр пщIэмэ, Ар уиIэхукIэ уадыгэщ. Напэр зищIысыр умыщIэмэ, Мес уи гъуэгур хьэдрыхэ нэсщ.
Хабзэр лIыгъэщ, хабзэр фIыгъуэщ, Хабзэр зэхэлъу IэфIыгъэщ. НобэкIэ ди Iуэхур Iейми, Ди хабзэр ди гурыфIыгъуэщ. Уджыхъу Исам (Сирие): Жэщ зекIуэныр къохъу къыщысхэхъыжьэ. Си гупсысэ щхьэм къищхьэрыуам Сыхешэжри зэман блэкIа жыжьэм, Къобэуэжыр тхыдэм и хьэуар…
Сытехьащ ныжэби а гъуэгу жыжьэм, Гъуэгум тхыдэр къытызоджыкIыж. ЛIэщIыгъуищэ ныбжьхэм я лъэужьу Зы гъуэгу Iыхьэ пащхьэм щотэджыж.
Мыр си лъахэм и лъэхъэнэ дыщэщ, Нартыжь лъапсэм хабзэр щошууей. Адыгэжь и хабзэр хуэхъуу фащэ, Си лъэпкъышхуэм къыдоплъей дунейр…
Нэгум щIэтщ иджы нэгъуэщI лъэхъэнэ: Адэжь хэкум топкIэ къыхэуа Бийм пэщIэтщ бгырысыр лIэнкъэнэну, Хуитыныгъэщ лъэпкъыр щIэзэуар. Губжьым зауэм ехьыр псори, ешхыр, Лей зэрахьэм мывэр къигъэчащ. Ауэ игъэлъахъшэу и щхьэр лъахэм Бийм мэскъалкIэ худимычыха…
Гъуэгу ещанэр - ар ИстамбылакIуэщ: Гур зыкъутэ гъуэгум я гъуэгужь, - Сабий къупщхьэ гъуэгум телъщ IэплIакIуэу, ЛIыжь жьакIэхум и щхьэр егъеиж.
Гъатхэ пщIащэу щIалэ, пщащэ шырхэр, Зи къабзагъ, дахагъэр зэнзэныпс. Пщащэхэр ящIащи гъэр - Гъыбзэ къэIум къожэбзэхыр нэпс.
Хы ФIыцIэжьым и толъкъун къэджалэм Къэгъэзэншэу жьэделъафэ кхъухь. Зы лъэпкъ псо щысхьыншэу ягъэджалъэ, Зы лъэпкъ псо щIыгушхуэм щракъухь.
Гъунэгъу пэжу дызыщыгугъахэм Лъым, нэмысым иращIыф сату. НэжьгъущIыдзэу дзэр тхузэрагъэшхыр Бгъэжь нэпсейхэм дащIу хэутэн.
Гъуэгу еплIанэрщ. Нэгум щIокI Апсынэ, Лъэпкъ Iэщэншэ, гужьгъэжьыншэ лъэпкъ. ХьэIуцыдзым къыщипхъуащи и нэр, ИщIэркъым щыIэжу гущIэгъу лъэпкъ.
Ауэ пэлъэщакъым пэжым мысэр. Шэрджэс къалэ, Мейкъуапэ, Налшык – ЗылI и быну лъэпкъыр щызэгъусэм, Гуауэм я нэхъ хьэлъэри пхуошэч…
ЗэщIимыхыу иджыри и шы-уанэр, Лъэпкъым ноби пещэр и гъуэгуанэм. СтIащ Издин (Сирие): Сэ хамэщIкъым сыкъызыхуалъхуар – Сэ къыспоплъэ адыгэу си къуэшхэр. ИIэт, маржэ, фIэт дамэ гуэхуар, Ди анэшхуэм и нэпсщ дэ къыттешхэр.
Гъуэгур кIыфIым хыхьэу тфIэкIуэдам, ДиIэр дэ зы закъуэщгъуэгугъэлъагъуэу – Адыгэ быдзышэу дэ тIухуам Зэрытхуигъэнэхурщ ар лъэпкъ вагъуэу.
Хъуапсэу щытмэ псэр, имыIэу еш, КIуэдкъым жаIэ апхуэдэм и гъащIэр. Гурылъ хъуаскIэм нобэ гъуэгу хреш, МыжэщI щIыкIэ дэхуэхам и гуащIэр. БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
20.07.2026 - 12:13 →
ЦIыхур блэи дыгъужьи мэхъуф
17.07.2026 - 14:58 →
ГушыIэ хъыбархэр
14.07.2026 - 16:23 →
Налом и псалъэгъэпсахэр
08.07.2026 - 12:00 →
Хабзэм куэд къызэщIеубыдэ
07.07.2026 - 18:39 →
Псэущхьэ гъэщIэгъуэнщ
| ||




