БЛАНЭ ЩАЛЪХУ МЭКIУЭЖДэтхэнэ зыми и щхьэм хуихьу, и гум щигъафIэу, и гъащIэм иригъэщхьу иIэщ хэхауэ уэрэд гуэр. Ди гуапэ зэрыхъущи, апхуэдэ дзапэ уэрэдхэр лъэпкъым и мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ усакIуэ Гъубжокъуэ Лиуанрэ композитор Молэ Владимиррэ зэдатха «Бланэ щалъху мэкIуэж» уэрэдыр. «Зы уэрэдым и хъыбар» нэтыныр езыгъэкIуэкI, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ абы къежьапIэ хуэхъуар зэхигъэкIыну и ужь щихьэм, япэ дыдэу зыхуэзгъэзащ ар зи къалэмыпэм къыщIэкIа Гъубжокъуэ Лиуан и щхьэгъусэ Ритэ. - Лиуан и усэу макъамэ зыхуатха псоми сыщыгъуазэщ икIи псори сфIэдахэщ. Лиуан сызэрыбгъэдэса мащIэм сыхунэсащ абыхэм я хъыбар жезгъэIэну. НэхъапэIуэкIэ, унагъуэ дымыухуэ щIыкIэ, иусахэми, зы дыхъуа иужь итхахэми сыщигъэгъуазэрт, къызэрысщыхъур къищIэмэ фIэфIт, жыпIэнурамэ, пIащIэртт псоми къысхутепсэлъыхьыну, - жиIащ Ритэ. - Иджыпсту ауэрэ согупсысыжри: «Ярэби, ищIэу пIэрэт куэдрэ зэрымыпсэунур?» - жызоIэж. Нобэ къыхэпха уэрэдым абы япэу фIищауэ щытар «НэкIуэж щэбэтым къуажэм» жиIэу. Ауэ уэрэдыр хьэзыр хъуа иужь, фIищар зэрахъуэкIащ. А усэр Лиуан итхын хуей щIэхъуари и нэпсыр къекIуэу куэдрэ къызжиIэжащ. Ущысабийм, ущыщIалэм уегупсысыркъым гъащIэр зэрыкIэщIым, псори и пIэм итыну, адэ-анэри сыт щыгъуи уи гъусэну къыпщохъу, ауэ ущалъхуа пщIантIэмрэ къуажэмрэ уи дежкIэ зищIысыр щызыхэпщIэр, уи адэ-анэм гулъытэ нэс зэрахуумыщIар къыщыбгурыIуэжыр ахэр ущимыIэжым и дежщ. Лиуани, дауи, и пщIыхьэпIи къыхэхуакъым пасэу и анэр IэщIэкIыну - ар дунейм ехыжащ Лиуан ещанэ курсым щIэсу. Къалэм икIыжу щэбэт къэс и анэм деж зэрымыкIуэжар игу къеуэу итхыжауэ щытащ мы усэр, езыр зыхущIегъуэжа Iуэхур нэгъуэщIхэм къагуригъэIуэну, укъэзылъхуахэм япэ зыри ибгъэщ зэрымыхъунур щIэблэм яригъэщIэн мурадкIэ. Композитор Молэ Владимир I966 гъэм усэм макъамэ хуитхауэ щытащ. Уэрэдыр хьэзыр зэрыхъуу, ар япэу зыгъэзэщIар ХьэхъупащIэ Хьэсэнщ. Нэхъ иужьыIуэкIэ уэрэдыр жиIащ Къашыргъэ Мухьэмэд. Ди гуапэ зэрыхъущи, ди уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэми мы ар ягъэзащIэ. *** ЩегъафIэ и гум хэти щалъхуауэ и къуажэжь, Химых ар и псэм хэлъми, и адэм и пщIантIэжь.
Ежьу: НэкIуэж щэбэтым къуажэм, Си къуажэр сигу къэкIащ, СыхущIэмыхьэу жысIэу, Илъэсыр изгъэкIащ. Бланэ щалъху мэкIуэж, Бланэ щалъху мэкIуэж.
Уэ къыппежьэнщ уи анэр – насыпыр ар мыгуэшщ, Къысхуэхъуу ади ани, сэ къыспежьэнщ си къуэш.
Ежьу.
Зы махуэм махуэр пытщэу ди гъащIэм аурэ хощI, КIуэжыныр Iуэху тхуэмыщIу, Iыхьлым я жагъуэ дощI.
Ежьу.
Iыхьлыхэри тлъагъунщи, зы джэгу дыкъыщыфэнщ. Кхъуейжьапхъи едгъэщIынщи, махъсыми дыкъефэнщ.
Ежьу. Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:
Читать также:
15.07.2026 - 11:26 →
Адыгэ тхыдэм и гъуджэ
14.07.2026 - 15:40 →
ЕтIанэгъи къыпащэну я мурадщ
14.07.2026 - 14:39 →
Унэ-музейр зэрагъэпэщыж
14.07.2026 - 10:01 →
Май жыг хадэ
13.07.2026 - 19:17 →
Бай Галинэ и лэжьыгъэхэр
| ||




