Сабийхэр дихьэхын хуэдэу

Лъэпкъ узэщIакIуэхэм пасэу гу лъатащ щIэблэм щIэныгъэ етын зэрыхуейм. Ахэр абы езышэлIэну зыхузэфIэкIынур ныбжьыщIэхэр дэзыхьэх художественнэ тхыгъэхэрауэ зэрыщытыр япэу гукъэкI зыщIахэм ящыщщ Нэгумэ Шорэ. Анэдэлъхубзэр щаджыну еджапIэм щхьэкIэ абы игъэхьэзырауэ щытащ зэрырагъаджэ тхылъ. Ар ди деж къэсакъым, ауэ шэч къытепхьэ хъунукъым сабийхэм къагурыIуэн, ахэр дэзыхьэхын тхыгъэ цIыкIухэр езым зэхилъхьами, IуэрыIуатэм къыхихами абы зэрыхигъэхьам. Езы щIэныгъэлIыр анэмэт еджапIэм зэман пыухыкIакIэ  щылэжьащ,  икIи пасэу зэхигъэкIауэ щытагъэнущ сабийхэм егъэджыпхъэхэр.

Профессор ХьэкIуащэ Андрей зэритхамкIэ, XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм адыгэ сабий литературэм зыужьыныгъэ нэхъ егъуэт. Ар зи фIыгъэхэм ящыщщ лъэпкъ щIэныгъэм псэемыблэжу хуэлэжьа Бырсей Умар. Бзэ зыбжанэ зыщIэ а цIыху акъылыфIэр Ставрополь дэта гимназие цIэрыIуэм илъэсипщIым нэблагъэкIэ анэдэлъхубзэр  щригъэджащ, япэ дыдэуи адыгэбзэкIэ «Шэрджэсыбзэм и букварь» къыдигъэкIащ. Иригъаджэхэм щIэныгъэ къызыхахын, ахэр дэзыхьэхын тхыгъэ зыбжанэ ихуат абы. Тхылъым итхэм я нэхъыбэр щIэныгъэлIым IуэрыIуатэм къыхихащ, ауэ зыкъоми езым зэхилъхьэжащ. Аращ адыгэ сабий литературэм и къежьапIэр абы и цIэм щIрапхыр. Алыфбейм хигъэхьащ «Бажэмрэ дыгъужьымрэ», «Дыгъужьыр, хьэр, бажэр», «АдакъитI», «ТхьэкIумэкIыхьымрэ бажэмрэ»  псысэхэр,  нэгъуэщI лъэпкъ литературэм къыхихауэ «Уэзырымрэ джэгуакIуэмрэ», «Сондэджэрымрэ  жьакIэупсымрэ». Абыхэм сабийхэр зыхуагъасэр пэжагъырщ, захуагъэрщ, цIыху нэсу, хьэл-щэн дахэ яхэлъу щытынырщ. И тхылъым имыхуами, Бырсей Умар а илъэсхэм зэридзэкIауэ щытащ купщIэшхуэ зыщIэлъ и усэ цIэрыIуэр, «Бзу» жыхуиIэр. Абы еджакIуэхэм ягуригъаIуэрт IуэхуфI щIэныр, нэгъуэщIым сытым дежи зыщIэгъэкъуэныр дэтхэнэ зы цIыхуми и псэм хэлъын зэрыхуейр.

Лъэпкъ щIэныгъэмрэ сабий литературэмрэ хэлъхьэныгъэ  щхьэпэ хуэзыщIахэм ящыщщ ХьэтIохъущокъуэ Къазий. И егъэджакIуэ гъуэзэджэ Бырсейм и Iуэху ирихьэжьам пищэурэ, а щIэныгъэлI псэемыблэжым анэдэлъхубзэ щадж еджапIэ Налшык къыщызэIуех, илъэсым нэблагъэкIи абы щолажьэ, «Къэбэрдей алыфбеймрэ» зэджэн тхылъ зыбжанэрэ адыгэбзэкIэ къыдегъэкI. И алыфбейр щызэхилъхьами, анэдэлъхубзэр щригъэджми, абы и нэIэ нэхъ зытетар сабийхэм щIэныгъэрэ-гъэсэныгъэрэ къызыхахын художественнэ тхыгъэхэр къыхэхынырщ. ХэкIыпIэ нэхъыщхьэ абы хуэхъуари адыгэ псысэ, хъыбар, нэгъуэщI лъэпкъхэм я художественнэ тхыгъэхэрщ. И алыфбейм хигъэхьахэм ящыщу езым итхауэ хуагъэфащэ «Джэдыгу зыщыгъ къущхьэ», «Пщы щIалэмрэ лIыжьымрэ», «Хъарзынэ» тхыгъэхэр. Гъэсэныгъэ мыхьэнэ ин зиIэ, купщIэ куу зыщIэлъ тхыгъэхэу абы зэридзэкIащ Лермонтов Михаил и «Ашик-Кериб»-мрэ къэжэр усакIуэ Саади и поэмэ «Гюлистан»-м щыщ хъыбар зыбжанэрэ.

Октябрь революцэм иужькIэ бгырыс лъэпкъхэм езыхэм я тхыбзэ зэрагъэпэщ, еджапIэхэр къуажэхэм къыщызэIуах, я анэдэлъхубзэр яджыж мэхъу. А зэманым сабий литературэми хэпщIыкIыу зыужьыныгъэ егъуэт. ЩIэблэр гъэсэныр, щIэныгъэ етыныр къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр къызыгурыIуэ адыгэ щIэныгъэлIхэм еджапIэхэр зыхуей тхылъхэр ягъэхьэзыр, уеблэмэ езыхэр егъэджакIуэ къалэн мытыншым йоувалIэ. Лъэпкъ щIэныгъэм зегъэужьыным псэемыблэжу а илъэсхэм бгъэдэтахэм ящыщщ ЩэрэлIокъуэ Талъустэн, Цагъуэ Нурий, ЩоджэнцIыкIу Алий, Борыкъуей ТIутIэ, ДыщэкI Мухьэмэд сымэ.

ЩэрэлIокъуэ Талъустэн нэхъ пасэу зэхелъхьэ къэбэрдей азбукэр, иужьыIуэкIэ къыдегъэкI «Алыфбей. Ипэм щаджынур» тхылъыр. Художественнэ тхыгъэ итхахэм нэмыщI, а тхылъхэм абы хигъэхьащ еджакIуэхэм гъэсэныгъэ къызыхахын, я гупсысэм, зэхэщIыкIым зезыгъэужьын хъыбар, псысэ гъэщIэгъуэнхэр. Апхуэдэщ «Бажэмрэ жызумымрэ», «Шыдым и Iэмал», «Джэдымрэ пцIащхъуэмрэ», «Бдзэжьеящэмрэ бдзэжьей цIыкIумрэ», «ЧыцIитI», «Бажэмрэ ажэмрэ», «Хьэмрэ дыгъужьымрэ», нэгъуэщIхэри. А хъыбар кIэщIхэм ящIэлъ гупсысэхэр къахуэмыхутэнкIэ зэрыхъунум тешыныхь щIэныгъэлIым ахэр, псалъэжь щIыкIэу ухуауэ, тхыгъэхэм я кIэм къыщехь. Ущииныгъэ зыхэлъ псалъэкIэщ  абы и хъыбархэр зэриухыр: «Ныбэр ерыскъыкIэ умыкудащэм узыншагъэщ», «Мычэму ягъэкъабзэ Iэмэпсымэр куэдрэ зокIуэ», «Iэуэлъауэ щыкуэдым акъыл щымащIэщ». Абы и усэхэми апхуэдэ къалэн ягъэзащIэ («Гугъэ», «ЦIыхур», «Псэмрэ Iэпкълъэпкъымрэ»).

Цагъуэ Нурий лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэр, и ефIэкIуэныгъэр зрипхыр щIэныгъэрт. Ауэ а къалэныр занщIэуи бгъэзащIэ е, нэгъуэщIу жыпIэмэ, дунейм и къэхъукъащIэхэр тхылъым къыщептхэкI, уи псалъэкIэ къыщыпIуатэ мыхъуу, абы нэгъуэщI зы бгъэдыхьэкIи иIэщ – цIыкIухэм я деж ахэр нэбгъэсын, абыхэм гъэщIэгъуэн ящыпщIын, ебгъэтхьэкъун папщIэ, ахэр хъыбар, рассказ щIыкIэу ухуауэ яжепIэ хъунущ. Апхуэдэ Iэмалым щIэныгъэр, ущииныгъэр щытепщэт.

Цагъуэ Нурий и художественнэ тхыгъэхэр зыхуэлажьэр цIыкIухэм я зэхэщIыкIыр къэIэтынырщ, ахэр къэзуухъуреихь дунейм нэхъ набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ щIынырщ, абы лъагъуныгъэ, гулъытэ лей хуащIу егъэсэнырщ. Апхуэдэ гупсысэхэр щыпхрышащ «ЗэныбжьэгъуитI», «Хьэндыркъуакъуэ», «Хьэмрэ джэдымрэ» рассказхэм.

Цагъуэ Нурий фIыуэ къыгурыIуэрт еджапIэхэм япэу къекIуалIэ къуажэ сабийхэм еджэкIэ, лэжьэкIэ, зыIыгъыкIэ, цIыху хэтыкIэ, я узыншагъэм и хъумэкIэ сыт хуэдэхэр зэгъусэу егъэщIэн зэрыхуейр. Ахэр псори щIэныгъэлIым къыщеIэтыр «Узыншагъэ», «Машэ еджапIэ зэрыкIуар», «Псынэ щIыIэ» рассказхэм. НэщIысыпа ахэр мыхъуами, сабий рассказхэр итхыу япэу зэрыщIидзам, абыхэм гъэсэныгъэ мыхьэнэ  ин зэраIэр къызэрыгурыIуам щхьэкIэ щIэныгъэлIым пщIэ лей хуэфащэщ.

Псым, жьым, уэсым я къэхъукIэ, абыхэм я мыхьэнэрщ «Зы псы ткIуэпсым и таурыхъ», «Трасэхэр», «Уэсыр сытым къыхэкIрэ?» рассказхэр щIэныгъэлIым зытриухуар. Ауэ ахэр художественнэ тхыгъэ ящI зытепсэлъыхь лIыхъужьхэр зэрыхэтым. Пэжщ, нэхъыбэм ахэр сабийхэрщ, ауэ абыхэм я образхэм Цагъуэм хипщэн хузэфIэкIащ япэ лъэпкъ еджапIэхэм щеджэну щIэзыдза цIыкIухэм щIэныгъэм я нэ къазэрыхуикIыр, псори яфIэхьэлэмэту, зрагъэщIэну зэрыхущIэкъур. Образ ухуэкIэм щыгъуазэу, ар къехъулIэу щIэныгъэлIыр зэрыщытар нэхъ хыболъагъуэ «Уэсыр сытым къыхэкIрэ?» рассказым. Абы и лIыхъужь нэхъыщхьэ КIунэ цIыкIу, илъэс пщыкIуз фIэкI имыныбжьми, куэдым йогупсыс, нэхъыбэ зригъэщIэнуи хущIокъу.

А пщащэ набдзэгубдзаплъэм и хьэл нэхъыщхьэу Цагъуэм къыхигъэщхьэхукIыр абы и ерыщагъырщ, мурад зыхуищIа, зи ужь ихьа дэтхэнэ зы Iуэхури и кIэм зэрынигъэсырщ.

Цагъуэ Нурий художественнэ талант зэрыбгъэдэлъыр, зытепсэлъыхьыр, зи гугъу ищIыр пэжу уи нэгу къыщIигъэувэфу, гъащIэм и къэгъэлъэгъуэкIэр ищIэу, къагъэсэбэп художественнэ Iэмалхэм щыгъуазэу зэрыщытам и щыхьэту къэпхь хъунущ «Цыжьбанэ лIыхъужьыр» рассказри. А псэущхьэ цIыкIум и псэукIэр къызэриIуатэм къыдэкIуэу, абы гукъинэжу щызэфIэгъэуващ езы цыжьбанэм и сурэт, сыт хуэдэ шынагъуэми ар зэрыпэщIэувэр, и бийхэм зэратекIуэр, лей зылъысхэм дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъур. Мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ еух а рассказыр: «Пщэдджыжьым дыгъэр къыщIэкIри, удзхэм ятеха уэсэпсыр игъэгъущыжащ. Гъуейм хэс бзухэм уэрэд жаIэрт, блэ шынагъуэм цыжьбанэм зэрыIэщIигъэкIар ящIэрт».

Зыгъэхьэзырар Къэбарт Мирэщ.

 

Поделиться:

Читать также: