МУIЭЕД«Зэман жыжьэкIэ узэIэбэкIыжмэ, дунейм къытехьа уэрэд, гъыбзэ, тхьэусыхафэхэр нобэ ди гъащIэм куэду хэтщ. Абыхэм къаIуатэ цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр, и нэгу щIэкIахэр, и хъуэпсапIэхэр. Ахэр, дауи, зыгуэрым и IэдакъэщIэкIщ. Утыку илъадэу «мыр ттхащ» жаIэу щымытами, зым адрейм хуиIуэтэжурэ цIыхубэм яхэIуа хъуащ а уэрэдхэр. Зэманыр кIуэуэрэ ахэр цIыхубэм яй хъуащ. ЩыIэщ илъэс бжыгъэ гуэр дэкIа иужь уэрэдыр зытхар наIуэ къыщыхъуи. Хэт ищIэрэ нобэ зи гугъу тщIы уэрэдми и къежьапIэр къэзыIуэтэжын къыкъуэкIынкIэ хъунщ, - жеIэ «Зы уэрэдым и хъыбар» нэтыныр езыгъэкIуэкI КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ. - «МуIэед» уэрэдым теухуауэ дызыщыгъуазэр мащIэщ. Ар цIыхубэ уэрэду къыхыхьащ ди гъащIэм. I950 гъэхэм ШэджыхьэщIэ Лолэ уэрэдыр итхри, радиом и дыщэ фондым хилъхьауэ щытащ. Ауэрэ ар жызыIэ нэгъуэщI уэрэджыIакIуэхэри къэунэхуащ. ПащIэ Ленэ къызэрызжиIэжамкIэ, а уэрэдыр апхуэдизкIэ игу ирихьырти, ЩэджыхьэщIэ Лолэ и унэм кIуэри елъэIуауэ щытащ ар и репертуарым хигъэхьэну хуит къищIыну. А зэманым пщIэшхуэ хуащIырт уэрэдыр япэу утыку къизыхьам икIи абы фIэмыфIауэ ар зыми игъэзэщIэнутэкъым. Лолэ арэзы техъуа иужь, ПащIэ Ленэ утыку итыху а уэрэдымкIэ и концертыр къызэIуихыу екIуэкIащ. Зэныбжьэгъухэр согъэджэгур, Си кIэсынкIэр фэзэхъуэкIкъэ, Мы си пшынэр мэбзэрабзэ, Гъатхэ удзхэр мэщIэращIэ,
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 12:12 →
Щэнхабзэ зэщIэхъееныгъэм я гъуазэт
14.08.2026 - 15:44 →
Iуащхьэмахуэ зи плъапIэхэр
14.08.2026 - 13:43 →
Ар цIыху телъыджэт
13.08.2026 - 14:53 →
Щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэщ
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
| ||




