Сыт хэкIыпIэр?Уи бзэр бзууэ пIэщIэкIамэ, КIэлъылъати - къэпхъуэтэж. Ар уи щIэблэм Iурыпчамэ, КъэтIи мащэ, итIысхьэж. Лыкъуэжь Нелли и усэ сатырхэм къагъэлъагъуэ цIыхум и гъащIэм абы къыдалъхуа бзэм щигъэзащIэ мыхьэнэр зыхуэдэр. Зи бзэр шэрыуэу зыIурылъ лъэпкъырщ лъабжьэ быдэ зиIэри къэкIуэну дахэ къызыпэщылъри. Лъэпкъ цIыкIухэм щIагъуэ яхэту къыщIэкIынкъым я анэдэлъхубзэмкIэ гукъеуэ яIэу. Ар апхуэдэу щIыщытри, бзэр зыIурымылъыж лъэпкъыр щымыIэжынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэрщ. Ди лъэпкъми иIэщ и анэдэлъхубзэм теухуа гурыгъузхэр. Ахэр къызыхэкIым, абыкIэ щыIэ хэкIыпIэм теухуащ Сэбаншы Камиллэ и тхыгъэр. «ДызыхэпсэукI зэманым гу лъумытэу къанэркъым адыгэ унагъуэ куэдым анэдэлъхубзэр зэрыщытрагъэкIуэтым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, я щIэблэм анэдэлъхубзэр яIурылъхьэныр адэ-анэхэм къазэрыфIэIуэхущэ щыIэкъым. Апхуэдэу щIыжытIэм и щхьэусыгъуэри адыгэ унагъуэхэм ис сабийхэм я нэхъыбэр урысыбзэкIэ зэрыпсалъэрщ. Сыт абы и щхьэусыгъуэр икIи дауэ абы дызэрыпэщIэтыфынур? Мыр нобэ ди лъэпкъым и гурыгъуз нэхъ инхэм ящыщщ. Пэжщ, телевизорымрэ интернетымрэ я къарур инщ, ауэ бзэр зыхъумэр ахэракъым, атIэ унагъуэращ. Унагъуэрщ бзэр щыпсэур, щылажьэр, аращ абы и лъабжьэр къыщежьэри. Сыт хэкIыпIэр? Бзэр унагъуэм къыщыпсэужын щхьэкIэ, ар абы исхэм я гъащIэм щыщ Iыхьэу щытын хуейщ. Сабийм и дежкIэ адэ-анэр щапхъэщ. «Ин жыIэ-цIыкIу Iуатэ» жаIэркъэ? Нэхъыбэрэ адэ-анэр быным и анэдэлъхубзэкIэ зэрепсэлъэным хущIэкъун хуейщ. Зэгъусэу адыгэ тхылъ фыкъеджэ, адыгэ макъамэ федаIуэ. Нэхъ цIыкIу дыдэхэм папщIи адыгэ джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр, усэрыбжэ цIыкIухэр щыIэщ. Бзэр я быным къегугъуэкIыу жаIэуи тхьэусыхафэхэр щыIэщ. Анэдэлъхубзэр ди лъым хэтщ, ар езы псалъэми къызэрыджиIэщи, къыддалъху. Унагъуэм ар щызекIуэмэ, сабийм и тхьэкIумэм ит зэпытмэ, ар зэи абы къытехьэлъэнукъым икIи къегугъуэкIынукъым. Бзэр щIэблэм яIурыплъхьэнымкIэ хэкIыпIэ хъарзынэщ иджырей технологиехэри. Нобэрей сабийхэм телефонхэмрэ планшетхэмрэ яIэщIэкIыххэркъым. Ахэр сэбэпынагъ пылъу къызэрагъэсэбэпыным иужь дивгъэт. Псалъэм папщIэ, адыгэ мультфильмхэм евгъэплъи евгъэдаIуи хъунущ. КъищынэмыщIауэ, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым теухуауэ интернетым адыгэ напэкIуэцI щхьэхуэхэр иIэщ. Сабийм илъагъун хуейщ адыгэбзэр «жьы хъуахэм я бзэу» зэрыщымытыр, ар нобэрей дунейми жыджэру къызэрыщагъэсэбэпыр. Бзэр зыгъэпсэури зыгъэкIуэдри ар зей лъэпкъым и цIыхухэрщ. Абыхэм бзэр яIурылъхукIэ, къагъэсэбэпыхукIэ лъэпкъри щыIэнущ. Бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэнукъым. Абы дрипсэлъэху лъэпкъым и гъащIэм къыпытщэу аращ. Адыгэбзэр хъумэныр дэтхэнэ зы адыгэми и къалэнщ. НэхъыжьыфI зиIэм нэхъыщIэфIи иIэщ, жеIэ адыгэм. Абы къикIращи, нэхъыжьыр щапхъэу щытын хуейщ. Ди щIэблэм адыгэбзэр ящIэркъым, жытIэу дытхьэусыхэкIэ, Iуэхур кIуэтэнукъым, абыкIэ хэкIыпIэу щыIэр зыщ - ар тIурылъын хуейуэ аращ, ди яужь итхэм ар зэхыдагъэхыжыну дыхуеймэ».
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 12:12 →
Щэнхабзэ зэщIэхъееныгъэм я гъуазэт
14.08.2026 - 15:44 →
Iуащхьэмахуэ зи плъапIэхэр
14.08.2026 - 13:43 →
Ар цIыху телъыджэт
13.08.2026 - 14:53 →
Щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэщ
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
| ||




