Ахъмэтыкъуэ Юрэ и пьесэхэр

Мы гъэм илъэси 125-рэ ирокъу япэ адыгэ  пьесэр дунейм къызэрытехьэрэ. Адыгэ узэщIакIуэхэм  драматическэ жанрым  гу зэрылъатауэ щытам, апхуэдэуи я творчествэм а гъэпсыкIэ хэхар къыщагъэсэбэпу зэрыхуежьам и щапхъэ нэрылъагъуу къалъытэ  Ахъмэтыкъуэ Юрэ Къазбэч и къуэм (ар икIи Хьэжылъашэ Мыхьэмэт Къазийщ) (1870-1929) и тхыгъэхэр.  Адыгэ пьесэм щIэдзапIэ хуэхъуа а  Iуэхугъуэм топсэлъыхь филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и доцент  Абазэ Албэч.

«Адыгэ драматургием и щIэдзапIэ хуэхъуа, ар зыужьыныгъэм и гъуэгум тезыша апхуэдэ тхыгъэ дунейм къытехьауэ щытащ блэкIа лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэ дыдэм.  Зи гугъу тщIыр  1901 гъэм Ахъмэтыкъуэм Бобруйск къалэм къыщыдигъэкIауэ щыта «Къалэн хьэлъэ» пьесэращ. УрысыбзэкIэ тха ар щIэгъэщIэгъуэныр япэу адыгэхэм  ятеухуа  драматург тхыгъэу зэрыщытым и закъуэкъым, атIэ авторым мыбы пэжу къыщигъэлъэгъуэжащ  зэманыр,  тхыдэм епха къэхъукъащIэхэр, лъэпкъым и къекIуэкIыкIам щыщ Iуэхугъуэхэр, абы зэрихьэ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ.

Жэпуэгъуэ Революцэшхуэм ипэ къихуэ илъэсхэм бгырыс лъэпкъхэм яку къыдэхъуэу щыта зэныкъуэкъуныгъэхэрщ Ахъмэтыкъуэм и драмэм лъабжьэ хуищIар. Абы и лIыхъужь нэхъыщхьэщ къызэрыгуэкI адыгэ унагъуэм къыхэкIа Уэсмэн. ЩIалэщIэр еджэным щIохъуэпс икIи тогушхуэ щалъхуа къуажэр къигъанэу Урысей жыжьэм еджапIэ кIуэну.  ЕджапIэ щIэтIысхьэныр занщIэу къыщемыхъулIэм, Уэсмэн лэжьэн щыщIедзэ Москва дэт завод гуэрым. Адыгэ щIалэр абы щахуозэ дунейм и зэхэлъыкIэмрэ цIыхухэм я зэхущытыкIэхэмрэ ятеухуа гупсысэ жанхэр,  гъэщIэгъуэнхэр зиIэ цIыху пэрытхэм. Абыхэм яжь къыщIихуу, Уэсмэн и дуней еплъыкIэм, гупсысэкIэм зеужь, и зэхэщIыкIыр нэхъ лъагэ мэхъу.

 Пэжымрэ захуагъэмрэ я телъхьэ цIыхуу авторым зэфIигъэуващ Уэсмэн и образыр. Иджырей щIэблэм я щхьэр лъагэу езыгъэIэт, зыми щхьэщэ хуезымыгъэщI Iуэхугъуэу авторым дегъэлъагъу адыгэхэм я блэкIар, хабзэр, я культурэр. Ар хыболъагъуэ Хьэжымырзэ лIыжьым и дуней еплъыкIэмрэ Уэсмэн еймрэ щызэригъапщэкIэ. Пьесэм и композицэр тыншу иухуащ, лIыхъужьхэм я монологхэр зэрызелъафэкъым, шэщIащ.

Литературовед Хьэщхъуэжь Раисэ гу лъитауэ зэрыщытащи, «драмэм и ухуэкIэр нэхъ тынш ищIу, лъэпкъ фащэ нэщэнэхэмкIэ имыпсыхьу, просветительскэ унэтIыныгъэ иримыту Ахъмэтыкъуэм нэгъуэщI мурадхэр иIэт: нэхъ тегъэчыныхьауэ ар хуейт театральнэ искусствэм хэзымыщIыкIыщэ бгырысхэм и тхыгъэхэр я фIэщ щищIыну, абы щIилъхьа общественно-политическэ программэр къагурыIуэну».

Мы пьесэм къыщыхьащ адыгэ IуэрыIуатэм къигъэсэбэп Iэмалыр - иджырей зэманыр  тхыдэм и блэкIам, романтическэ лIыхъужьхэм пэгъэувыныр. А зэманым ар мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ зэхэмыбзт. Адыгэ (шэрджэс)  дунейпсо академием а академик, литературовед, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, тхакIуэ  цIэрыIуэ Хъупсырокъуэ Хъызыр  жиIауэ зэрыщытамкIэ, «пьесэр мыхьэнэ зимыIэ лъыщIэжыр гъэкIуэдыным хуэунэтIат». А Iуэхугъуэми мыхьэнэшхуэ иIэт, дауи, а лъэхъэнэ къызэрымыкIуэм щыгъуэ».

Зыгъэхьэзырар ТАМБИЙ Линэщ.

 

  

 

Поделиться:

Читать также:

13.08.2026 - 10:51 Адэм и гущыщIэ
12.08.2026 - 16:36 УзэщIакIуэ цIэрыIуэ
12.08.2026 - 15:33 Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
03.08.2026 - 19:28 Уэрэд