ЩIалэгъуалэм я махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу

Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу ЩIалэгъуалэм я махуэмкIэ!
Фи жыджэрагъым, къыхэфлъхьэ жэрдэмхэрэ фхэлъ жэуаплыныгъэмрэ, Хэкум фыхуэщхьэпэну фызэрыхущIэкъум куэдкIэ елъытащ ди щIыналъэми зэрыщыту къэралми я къэкIуэнур зыхуэдэнур. Къэбэрдей-Балъкъэрым и нобэрей щIалэгъуалэр жанщ, зэчиифIэхэщ икIи лэжьакIуэшхуэхэщ. Дэ дрогушхуэ ди IэщIагъэлI, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм, лэжьакIуэхэм, творческэ IэнатIэхэм пэрытхэм, хьэрычэтыщIэхэм, дохутырхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ, спортсменхэмрэ волонтерхэмрэ. Шэч хэмылъуи, хэхауэ гушхуэныгъэ къытхалъ­хьэ дзэ Iуэху хэхам хахуэу хэт ди зауэлI щIалэхэм, Урысейм и суверенитетымрэ цIыхубэм я сэбэп зыхэлъхэмрэ я къару емыблэжу зыхъумэхэм.
ЩIалэгъуалэ политикэр япэ идгъэщхэм ящыщщ. Дэ республикэм щыпыдощэ фи зэфIэкIым хэвгъэхъуэн папщIэ фызыхуеинухэр нэсу фиIэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэм. Егъэджэныгъэ IэнатIэм зыдогъэужь, щIалэгъуалэ центрхэр къызэIудох, творчествэм епхахэм папщIэ щIыпIэхэр къызыдогъэпэщ, зи щIалэгъуэхэм я зэфIэкIыр лэжьыгъэм, щIэныгъэм, щэнхабзэмрэ жылагъуэ IэнатIэмрэ къыщагъэлъэгъуэнымкIэ щIэгъэкъуэн дохъу. Шэч къытесхьэркъым фэ а Iэмал псори жыджэру къызэрывгъэсэбэпым икIи фи щIэныгъэр, жыджэрагъыр, фи плъапIэхэр зэвгъэхъулIэным фызэрыхущIэкъур Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей къэралыгъуэшхуэмрэ я зыужьыныгъэм зэрыхуэщхьэпэнум.
Сынывохъуэхъу фи мурадхэр, пэхуэщIэхэр, жэрдэмхэр къывэхъулIэну, фыузыншэну, фи Iуэху сыткIи зэпэщу фыпсэуну.

Поделиться:

Читать также: