ГугъапIэ нэхухэр зи гъуазэ

УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм зэриубзыхуам тету, нобэ, мэкъуауэгъуэм и ­27-м, ди къэралым и щIыналъэ псоми щекIуэкIынущ курыт школыр къэзыуххэм папщIэ зэхашэ гуфIэ­гъуэ пшыхьхэр. IэнатIэм и унафэщI Кравцов Сергей зэрыжиIамкIэ, ныщхьэбэрей зэ­хуэсхэм екIуэлIэнущ зи щIалэгъуэу мин 660-м щIигъу. А зэ­хыхьэхэм къэрал, жылагъуэ мы­хьэнэ зэраIэр ягъэбелджы­лы­уэ, апхуэдэуи гуфIэгъуэр зи щIа­лэгъуэхэм даIэтыну абы ­къе­кIуэлIэнущ къэрал къулыкъу лъагэ зыIыгъхэр, жыла­гъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр, егъэджакIуэ пашэхэр, адэ-анэхэр, ныбжьэгъухэмрэ благъэхэмрэ.
Иужьрей илъэсхэм еплъытмэ, мыгъэрей пшыхьхэр зэрекIуэ­кIыну щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ. Псом япэрауэ, ахэр нэсу къызэгъэпэщауэ щы­тыпхъэщ шынагъуэншагъэ и лъэ­ныкъуэкIэ. АбыкIэ жэуап яхь хабзэхъумэ IэнатIэхэм я IэщIагъэлI­хэм. ЕтIуанэрауэ, гуфIэгъуэ зэIущIэ псори яублэнущ УФ-м и Къэ­рал ныпыр IэтынымкIэ, Къэ­рал гимныр къеуэнымкIэ. Абы къегъэлъагъуэ пшыхьхэм хэкупсэ унэтIыныгъэ яIэу зэры­щы­тынур. КъыкIэлъыкIуэу псэлъапIэр хуит хуащIынущ хьэщIэ лъапIэхэм, школ унафэщIхэм, егъэджакIуэхэм. АдэкIэ фIыщIэ псалъэкIэ егъэджакIуэхэм зыхуа­гъэзэнущ школыр къэзыуххэр, абыхэм я адэ-анэхэр. А псори къызыхуэтыншэу зэрызэпащэнум шэч хэлъкъым.
Курыт школыр къэзыуххэм я пшыхь ин мэкъуауэгъуэм и 26-м щекIуэкIащ Москва и Утыку Плъыжьым. 2000 гъэм къыхалъ­хьауэ щыта а зэIущIэр къалъытэ къэралым и апхуэдэ пшыхь нэхъыщхьэу. ГуфIэгъуэм къыхузэ­рагъэпэща Iуэхугъуэхэр утыку­шхуи 5-м щекIуэкIащ, сыхьэт 12 хъу концерт программэшхуэ щIыгъужу. Кремлым и Уардэунэм ще­­кIуэкIа   а пшыхьым хэтащ ныбжьыщIэ 6000, къэралым щыла­жьэ курыт школ 300-м щIигъум я лIыкIуэу. Дауи, абы ирагъэблэ­гъар фIым я фIыж ныбжьыщIэхэращ.
Ныщхьэбэ ди къэралым щызэхашэ хабзэ пшыхьхэм къахолы­дыкI «Парус плъыжьхэр» фIэщыгъэр зиIэу Санкт-Петербург ще­кIуэкI хабзэ гуфIэгъуэ пшыхьыр. 1968 гъэ лъандэрэ къызэрагъэпэщ а нэгузыужь зэхыхьэм къызэщIрагъэубыдэ ныбжьыщIэ­хэм гукъинэж ящыхъун Iуэхугъуэ куэд. Нева псым трагъэхьэнущ жьыкIэ зекIуэ кхъуафэжьей, и чэтэн плъыжьым дэхуарзэу. Къалэр зэрыщыту къызэхикIухьурэ абы гуфIэгъуэм хэтыным псори къыхуреджэ. ИтIанэ, сыхьэт 22-м щIидзэнурэ щыхьэритIми нэху щыху щекIуэкIынущ концерт инхэр. НыбжьыщIэхэм папщIэ нэхущым ягъэлъэтэнущ хьэрэкIытIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. 
Москварэ Санкт-Петербургрэ нобэ щекIуэкI хабзэ гуфIэгъуэ зэхуэсхэм яхуэдэ дыдэу щымытми, ди республикэм и курыт школ псоми щызэхашэнущ ар къэ­зы­уххэм яхуэгъэпса пшыхь гу­къи­­нэжхэр. Абыхэм екIуэлIэнущ зи гукъыдэжкIи теплъэкIи дагъуэ гуэри зыхуэпщI мыхъуну щIалэгъуалэ екIу, дэтхэнэми и нэгум ­гуфIэгъуэм и нурыр кърихрэ пкъым имызэгъэж гукъыдэжри «къы­щхьэпрыпкIыу». Апхуэдэ­хэщ ди ди бгырыс щIалэ екIухэр, данэ­псым зэрехьэ зыхужыпIэным хуэдэ бостей дахэ зыщыгъ ди пщащэ тхьэIухудхэр. Лъэпкъ гъэсэныгъэрэ щIэныгъэрэ курыт школым илъэс 11-кIэ щызэзыгъэгъуэта ныбжьыщIэхэм яхэтщ къэрал къэпщытэныгъэхэмкIэ балли 100 къэзыхьахэр. Ахэр хэхауэ щаIэтынущ пшыхьхэм. 
Илъэс куэдкIэ я нэIэм щIэта я гъэсэнхэм щогуфIыкI я егъэджакIуэхэр, хьэщIэ лъапIэхэри ящIыгъуу. Быным хуаIэ гугъапIэ нэхухэр зи гумрэ зи псэмрэ щызыгъафIэ адэ-анэхэри я щIэблэм яхуогуапэ, езыхэм я бы­ным хуэдэу дахэрэ IэфIрэ дунейм нэгъуэщI зыри зэрытемытыр хьэкъыу япхыкIауэ. А псоми балигъ гъащIэм хыхьэ ныбжьыщIэхэм яхуэгъэза хъуэхъу дахэ куэд щагъэIунущ ныщхьэбэрей пшы­хьым.
Дэри ди гуапэу захудогъа­зэ курыт школыр къэзыухыу гъащIэм и напэкIуэцIыщIэ къы­зэ­Iузых щIалэгъуалэм. Егъэ­джэ-­
ны­гъэм щызыIэрывгъэхьа текIуэ­ныгъэхэр дяпэкIэ фиIэну ехъу­лIэныгъэщIэхэм я пэщIэдзэ ­ирехъу. Ди Къэбэрдей-Балъкъэ­рым, Урысей Федерацэ псом зи цIэр фIыкIэ зыгъэIуфын IэщIагъэлI щыпкъэхэр къыфхэкIыну дыфщогугъ. Фызыхыхьэ балигъ гъащIэм и гъуэгур бгъуфIэу, Iуэху­гъуэ хьэлэмэтхэмкIэ, куп­щIа­­фIэхэмкIэ гъэнщIауэ къыфхущIэкIыну, фи гумрэ фи псэмрэ зыщIэхъуэпсхэр, нобэ гъащIэм хувиIэ гугъапIэ нэхухэр къывэхъу­лIэну ди гуапэщ. 

ЖЫЛАСЭ Маритэ, «Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI.
Поделиться:

Читать также: