Грознэм щекIуэкIа щIэнIуатэ

Шэшэн Республикэм, Грознэ къалэм, къыщызэIуахащ Кавказ Ищхъэрэм, Урысей Ипщэм, Кърымым я лъэпкъ литературэхэм хухаха щIэнIуатэ. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. ЩIыналъэ 12-м я лIыкIуэхэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ литературэхэм, тхэн щIэзыдзагъащIэхэм хуащI гулъытэм, щIыналъэхэм я лъэпкъыбзэхэр литуратурэр зэрехъулIэм, щIэджыкIакIуэхэр нэхъ зыдихьэххэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. 
Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и гъэм и щIыхькIэ Грознэ къалэм щекIуэкIа литературэ зэхыхьэшхуэм ди республикэм и лIыкIуэу хэтащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Бетуганов Исмэхьил, абы и къуэдзэ Мэремкъул Ларисэ, тхакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, тхакIуэ ХьэкIуащэ Мадинэ, тхакIуэ Къудей Фаридэ сымэ. ЩIэнIуатэр Iыхьэ-Iыхьэу гуэшауэ щытащ. Прозэм, усыгъэм, драматургием, художественнэ зэдзэкIыныгъэм, литературэ критикэм я гугъу щащIащ абыхэм. 
КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым къыхигъэщащ апхуэдэ щIэнIуатэхэм я мыхьэнэр зэрыиныр, псом хуэмыдэу лъэпкъыбзэхэр гулъытэ щыхуэныкъуэ ди зэманым абы къыхэпхын щIэныгъи щапхъи зэрыщыбгъуэтынур. Бетугановым фIыщIэ хуищIащ Урысейм и ТхакIуэхэм зэгухьэныгъэм икIи абы щагъэбелджыла Iуэхур къэралым ис лъэпкъхэр нэхъри зэкъуэувэнымкIэ зэрысэбэпыр жиIащ. 
Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ къыхалъхьа Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэнум и щыхьэтщ къэралым и щIыналъэхэм я тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрыт альманаххэр къыдагъэкIыну зэрамурадыр. 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также:

07.07.2026 - 12:26 Гуэрэныгу Iуащхьэм...
06.07.2026 - 11:43 Псалъэр я Iэщэу
06.07.2026 - 11:39 Гюлибик