Революцэ нэужьым бгырыс лъэпкъхэм, адыгэхэри яхэту, езыхэм я тхыбзэ зэрагъэпэщыжащ. Хуэм-хуэмурэ къуажэ еджапIэхэр къызэIуахащ, щхьэж и анэдэлъхубзэр иджыжу щIидзащ. А зэманым сабий литературэми хэпщIыкIыу зыужьыныгъэ игъуэтащ. Профессор ХьэкIуащэ Андрей зэритхыжымкIэ, щIэблэр гъэсэныр, щIэныгъэ егъэгъуэтыныр къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр къызыгурыIуэ адыгэ щIэныгъэлIхэм еджапIэхэр зыхуей тхылъхэр ягъэхьэзырырт, езыхэм егъэджакIуэу лэжьэн щIадзэрт. А илъэсхэм сабий литературэм хуэлэжьахэм ящыщщ ЩэрэлIокъуэ Талъостэн, Цагъуэ Нурий, ЩоджэнцIыкIу Алий, Борыкъуей ТIутIэ, ДыщэкI Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэри.
Шэрджэс тхакIуэ ДыщэкI Мухьэмэд нэхъыбэу зытетхыхьар Октябрь революцэм ипэмрэ иужькIэрэ адыгэ къуажэхэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэрщ. Абы и тхыгъэхэм щIыпIэ ин щаубыд революцэм ипэкIэ щыIа еджапIэхэм (мыдрисэ, къуажэ еджапIэ, уеблэмэ гимназиехэм). Образ пыухыкIахэм (псалъэм папщIэ, мыдрисэм щIэтIысхьэу, зэрыхуэмыщIам къыхэкIкIэ, еджэныр хыфIэзыдзэжа Мусэ хуэдэ щIалэ цIыкIухэм) къагъэлъагъуэ еджэныр псоми яхузэфIэкIыу зэрыщымытар. Абыхэм зи гугъу щыщIахэр ДыщэкIым езым игъэунэхуащ, а еджапIэхэм я ныкъусаныгъэхэр фIыуэ ищIэрти, аращ апхуэдэу Iэзэу щIатепсэлъыхьыфар. ЕджакIуэхэм щIэныгъэшхуэ ябгъэдэзымылъхьэ дин лэжьакIуэхэм я закъуэкъым ар зыхуэмыарэзыр, абы фIэтэмэмкъым гимназие дыдэхэм зэрыщрагъаджэ щIыкIэри. Абыхэми, мыдрисэм хуэдэу, хамэ къэралыбзэхэр щрагъащIэрт, зыхуэмей предметхэр щрагъэджырт.
ТхакIуэм къызэрилъытэмкIэ, совет лъэхъэнэм сабий псоми щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну Iэмал ягъуэтащ, цIыкIухэм къахуэсэбэпыну предметхэр школхэм щрагъэдж, щIалэгъуалэм я физическэ гъэсэныгъэм гулъытэшхуэ хуащI.
«Жамботрэ Бадыррэ я тхыдэ» рассказым зи гугъу щыщIар революцэм и лъэхъэнэм халъхуа сабийхэм гупсысэкIэщIэ яIэ зэрыхъуарщ. Хьэсэнрэ абы и щхьэгъусэ Зулийрэ бынитху яIэт, къулейсызхэт. Авторым етхыж ипэ лъэхъэнэхэм а унагъуэм телъа къулейсызыгъэр.
Хьэсэнрэ Зулийрэ пасэу дунейм ехыжащ. Быным я нэхъыжь Жамбот, станцэм кIуэурэ лажьэрти, урысыбзэр зрегъащIэ, иужькIэ революцэм хохьэ. Ар къыщащIэм, зэкъуэшхэм ящыщ зы хужьыдзэхэм яукIащ, ауэ нэхъыжьым къыкIэлъыкIуэ Бадырэ къелащ. Зэгуэрым ар уIэгъэ хьэлъэ хъури, и закъуэу мэзым къыщIэнащ. Ар къэзыщIа и шынэхъыщIитIыр Бадырэ къагъуэтыжыну йожьэ. Куэдрэ къалъыхъуащ ар, я хьэр я гъусэу, икIэм-икIэжым мэзым щрохьэлIэ. Ар мэхауэ къагъуэтыжащ зэкъуэшхэм, ауэ дэIэпыкъуурэ, гъуэмылэ хуахьурэ ягъэхъужащ.
Сабий хахуагъэм и щапхъэщ «Машэ зэхуэс тхьэмадэщ» рассказыр зытеухуар. ТхакIуэм абы къыщегъэлъэгъуэж щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэхэр къызэгъэпэщыным пыщIауэ щыта гугъуехьхэр. Адэхэр зауэм щыIэти, балигъхэм я къалэнхэр зи пщэ къыдэхуэр зи ныбжь нэмыса ныбжьыщIэхэрт.
Рассказым и лIыхъужь нэхъыщхьэ, илъэс 12 зи ныбжь Машэ станицэ школым щоджэ, урысыбзэри фIыуэ ещIэ. Зэгуэрым абы къуажэдэс сабийхэр я унэм щызэхуишэсащ, нэгъуэщI зэхуэсыпIэ зэрыщымыIэм къыхэкIыу. А зэхуэсым Машэ тхьэмадэу щыхахри, къэралым щекIуэкIымрэ езыхэм я къалэнымрэ щытепсэлъыхьащ. Псом япэу къуажэ клубыр къызэгъэпэщыжын хуейуэ абы унафэ ещI, дяпэкIэ щызэхуэзэн хуэдэу. А жэрдэмыфIыр нэхъыжьхэми къыдаIыгъащ икIи къадэIэпыкъуащ.
«ЦIыху дыгъужьхэр» рассказыр зытеухуар XX лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм щыIа гъащIэ гугъурщ. Уэсмэн илъэсибл хъуа къудейуэ аращ, ауэ щIэныгъэм и нэ къыхуокI, еджапIэм кIуэуэ пщIыхьэпIэу елъагъу. Абы бжэн IэрыпI иIэщ, махуэ псом а тIур зэгъусэщ. Зэгуэрым бжэныр дэкIри кIуэдащ. Куэдрэ къилъыхъуащ ар щIалэм, ауэ зыщIыпIи щигъуэтакъым. ИужькIэ и къуэш нэхъыжь Къалмыкъ и деж макIуэ и бжэныр зэрыкIуэдар жриIэну. Ар езыри илъэс 13 хъууэ арат, школым щеджэрт, гъэмахуэ колхозым щылажьэрт. Зэкъуэшхэм куэдрэ къалъыхъуащ бжэн IэрыпIыр, икIэм-икIэжым мэзым къыщагъуэтыжащ. Ар къыщалъэгъуам, зэкъуэшхэр Iэнкун хъуат - дыгъужьым бжэн цIыкIур кърихуэкIырт. Абдежым Уэсмэн апхуэдизкIэ ину кIияти, дыгъужьыр щтэри щIэпхъуэжат. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэм балигъхэм зэрахьэ щIэпхъаджагъэ гуэрхэри къыщIагъэщащ.
«Дыгъужь лъакъуитIхэр» рассказым и лIыхъужь Мурат илъэс 14 хъу къудейщ, ауэ колхоз былымхэр егъэхъу. Хьэмзэти къуажэдэсхэм я жэмхэр игъэхъурт. ХъупIэр псы цIыкIум и гъунэгъути, махуэм и хуабэгъуэм былымыр абы ирахулIэрт. Зы махуэ гуэрым хъушэм хэкIуэдыкIащ нэхъ сабыр дыдэу хэта жэмыр. Абы лъыхъуэурэ дыгъур къаубыдащ - ар Меншакът.
ЩIалэхэм къащыщIар яIуэтэжащ, «ди къуажэм дэт былымхэр зыдыгъур дыгъужь лъакъуитIхэрщ» псалъэхэри дыщIагъужащ. КIэщI дыдэу щIэпхъаджащIэхэр яубыдащ, щIалэ цIыкIухэм я фIыгъэкIэ дыгъужь лъакъуитIхэр къахутащ, нэхъыжьхэм фIыщIи къалэжьащ.
ДыщэкI Мухьэмэд и тхыгъэ щхьэхуэхэм къыщыгъэлъэгъуащ совет лъэхъэнэм цIыхухэм я псэукIар, дуней тетыкIар. Мысост («Алмэсты» рассказ) мэкъумэшыщIэ унагъуэ хуэмыщIам къыхэкIащ. И адэр хужьыдзэм яукIащ, езым пэщIэдзэ щIэныгъэ зригъэгъуэтащ. Зэгуэрым ар гъунэгъу къуажэм ягъакIуэ колхоз къызэригъэпэщыну. Ар гъуэгум зи гур уфэрэнкIа ныбжьыщIэм щыхуэзэри дэIэпыкъуащ. Къуажэм щынэсыжам иригъэблагъэри, пщыхьэщхьэшхэ зэдащIащ. Сырыху жиIащ я къуажэм колхоз къыщызэригъэпэщыну зэрихъуэпсапIэр. Мысост арэзы дэхъуащ абы икIи хыхьэну зэрыхьэзырыр, япэ дыдэу зэрызыхригъэтхэнур жиIащ. Псалъэмакъым хэту, щIалэм жиIащ я къуажэм алмэсты къызэрыщыунэхуар, абы къуажэдэсхэр зэрихъунщIэр.
А жэщ дыдэм щIалитIыр ежьащ алмэстыр къалъыхъуэну. Абыхэм къаубыдащ къуажэ хъунщIакIуэр - ар ефэндырауэ къыщIэкIащ…
ГъащIэм цIыхур зыхидзэ гугъуехьхэрщ зытеухуар «Дыгъужьым ехь» рассказым къыщыIэта Iуэхугъуэри.
НыбжьыщIэхэр гъащIэм жыджэру къыхэшэнырщ зыхуэлажьэр «Сабийхэр Дзэ Плъыжьым и дэIэпыкъуэгъущ» рассказри. ЩIымахуэщ, уаещ, сэлэтхэр окопэм щIыIэм иресхьэ. А зэманым къриубыдэу частым и унафэщIым командирхэр къреджэри, унафэ яхуещI хужьыдзэр зыдэтIысхьа къуажэр къащтэну. Дзэ Плъыжьым хэтхэр гугъу демыхьу ар яубыдри, езыхэр унэ хуабэхэм щIотIысхьэ. Командирхэр зыщIэтIысхьа унэм щIалэ цIыкIу щыпсэурт. Зэгуэрым абы гу лъетэ командирхэм ящыщ зыр жэщ ныкъуэу унэм зэрыщIэкIам. Командирым гурыщхъуэ хуищIат къэрэгъулми. Абы къилъэгъуащ командирым нэху иригъэдзурэ гу зэрызылъригъатэр. А жэщым илъэгъуахэр псоми зэхахыу иIуэтэжащ щIалэ цIыкIум. А щIалэщIэм и лIыгъэмрэ губзыгъагъымрэ я фIыгъэкIэ епцIыжакIуэр къаубыдащ. А рассказым и сюжетым тхакIуэм къыщыпещэ «Даут къехъулIар», «Дзэ Плъыжьыр колхоз ухуакIуэщ» рассказхэми.
XX лIэщIыгъуэм и 20-30 гъэхэм щIэныгъэр зи псэм хыхьа сабий ерыщхэрщ, хахуэхэрщ ДыщэкI Мухьэмэд и сабий творчествэм щынэхъыщхьэр. Сабийхэм я гупсысэкIэм зэрызихъуэжыр, абыхэм я хъуэпсапIэу щытахэр образ гукъинэжхэмкIэ къытхуэзыгъэна тхакIуэм и фIыщIэр инщ. Сабий литературэр зэфIэувэным и япэ сатырым хэтахэм ящыщ зы ДыщэкI Мухьэмэд и цIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ лъэпкъ литературэшхуэм зегъэужьыным.