Псым теухуауэДунейм дэнэкIи дыкъыщеухъуреихь псым. Псыуэ щыIэр куэдкIэ нэхъыбэщ, щIым нэхърэ. Псы щымыIамэ, зыми гъащIэ иIэфынутэкъым: къэкIыгъэхэми, псэущхьэхэми, цIыхухэми. Дунейм и кубометр миллиарди 1,5-р – псыщ. Еплъытмэ, ар олимп бассейну триллион 800 хуэдизынущ. И къэхъукIэ, хэт пкъыгъуэ елъытауэ щIэныгъэлIхэм зэхагъэщхьэхукIащ псы лIэужьыгъуэ 2000. ЦIыхур псы куэду ефэмэ, и гур нэхъыфIу мэлажьэ.Псы емыфэу цIыхур махуитI-махуищ нэхъыбэ хуэшэчынукъым. ЦIыху балигъым и Iэпкълъэпкъым и процент 60-70-р псыуэ зэхэтщ. Проценти 10 хуэдиз фIэкIуэдауэ, псэужыфынукъым. Дунейм узыфэу тетым я процент 85-р псыкIэ зэрыцIэлэфынущ.Псыуэ дунейм щыIэм я проценти 97-р шугъэщ.
Поделиться:
Читать также:
20.07.2026 - 17:18 →
Телъыджэщ жыгхэр
16.07.2026 - 12:26 →
Зэманымрэ ныбжьыщIэхэмрэ
15.07.2026 - 11:30 →
Дунейм адыгэу тетыр зэрепх
28.06.2026 - 11:00 →
Алинэ иратхэ Гиннесс и тхылъым
27.06.2026 - 10:05 →
ГугъапIэ нэхухэр зи гъуазэ
| ||




