ЩIагъыбзэ куу ящIэлъщДа Винчи Леонардэ и къалэмыпэм къыщIэкIащ щIагъыбзэ куу зыщIэлъ псысэ, хъыбар кIэщI цIыкIухэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми къыщыгъэлъэгъуар махуэ къэс ди гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэ гуэрщ. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ абыхэм ящыщ зыбжанэ. Ахэр зэридзэкIащ тхакIуэ Хьэту Пётр.
Мывэмрэ гъуэгумрэ
ЩыIащ-псэуащ зы мывэшхуэ дахэ гуэр. И гъунэгъуу блэж псы цIыкIум абы и джабэхэр, дыгъэр пэлыду, игъэцIууащ. Ауэ, зэман дэкIри, псы цIыкIур гъужри, езы мывэр Iуащхьэ цIыкIум къытенэжащ. Абы ихъуреягъкIэ хъун кIырхэмрэ губгъуэ удз гъэгъа дахэкIейхэмрэ къыщыкIырт.
Мывэм, къеплъыхмэ, илъагъурт илъабжьэкIэ фIыуэ щIа гъуэгу зэрыблэкIыр, гъуэгубгъухэм мывэ джафэхэмрэ гъуэгум иралъхьэ мывэ къыхэхахэмрэ Iуащхьэ-Iуащхьэурэ зэрыщызэтелъыр.
И закъуэу зэшу къэна мывэр, зэсэжа псы цIыкIу нэжэгужэм и жьгъыру макъыр зэхэзымыхыжыр, зэхэзекIуэ, Iэуэлъауэ сыт щыгъуи щекIуэкI гъуэгум еплърей хъуащ. Зэгуэр, зэшым щихьыжыпэм, хуэмышэчыжу къыхэкIиикIащ:
- ИгъащIэкIи си закъуэу сыпсэуну! Удзхэмрэ гъэгъахэмрэ сытым и сэбэп? КуэдкIэ нэхъыфIкъэ икIи губзыгъагъэкъэ гъащIэр къыщибыргъукI гъуэгубгъум уи къуэшхэм урагъусэу ущыпсэуну!
Ар жиIэри, зэсэжа и щысыпIэм къыщыхъейри, псынщIэ дыдэу къеджэрэзэхащ, езым хуэдэ мывэхэм хэлъадэу къэувыIэжыху.
Дунейм теткъым а гъуэгум иримыкIуэмрэ иримыжэмрэ! ГъущI гупхъэтIэкIу зытегъэлъэда гу шэрхъхэр, шыхэм, жэмхэм, мэлхэм, бжэнхэм я фIалъэхэр, гъущI налхэр зыщIэIулIа шырыкъухэр, гъущI IунэхэмкIэ зыщIэIулIа мэкъумэшыщIэ пхъэ вакъэ быдэхэр…
Мывэр гъуэгу зэрызехьэ-зэрыхьзэрийм хэхуащ, адэкIэ-мыдэкIэ ядзу, зэхаутэу, и джабэм щыщ къыгуауд-къыгуагъэщэщу, ятIэхэр, ятIэпсхэр уэру ираупцIу, къыщыхъуи щыIэт жэм вейм щыщIихъумапи.
Дэни кIуэжа абы и япэрей дахагъэр! Иджы ар мамыру зытелъа Iуащхьэ цIыкIум нэщхъейуэ дэплъейрт, мэ гуакIуэ къызыпих гъэгъа дахэхэмрэ удз кIырхэмрэ къаухъуреихьу зэрыщытар игу къэкIыжу. Абы зыри къыхуэнэжатэкъым, зэи къэзымыгъэзэжыну махуэ мамырхэм пщIэншэу щIэхъуэпсын фIэкIа. Ауэ сытми жаIэркъым: «ДиIэр – тхуэхъумэркъым, тфIэкIуэдмэ – дытогъэж».
ЦIыхухэри аращ, къыщалъхуа къуажэ щIыпIэ дахэхэр, щэхухэр емыгупсысу ябгынэ, Iэуэлъауэшхуэ, зэрызехьэшхуэ здэщыIэ къалэхэм къокIуэхэри, асыхьэтуи лъэуджыджэным и хъым еубыд, лъэпощхьэпомрэ гузэвэгъуэмрэ хэмыкIыу, игъащIэкIи зытемыIэбэн хъуэпсапIэхэм щIэкъуу я гъащIэр яхь.
Дэшхуей
Къэхухьа хадэшхуэм зэгурыIуэрэ мамыру пхъэщхьэмыщхьей жыгхэр къыщыкIырт. Гъатхэм ахэр хужьыфэ-тхьэмбылыфэ гъэгъам хэсыхьырт, гъэмахуэкIэм, бжьыхьэпэм я къудамхэр пхъэщхьэмыщхьэ хъуам къришэхырт, къикъутэрт.
А зэгурыIуэрэ гуащIэрылажьэ унагъуэм зэрымыщIэкIэ дэшхуейр яхэпшэхъуащ; мыгувэуи, уэру къызэщIэрыуэри, зыкъыфIэщIыжащ.
- Сытым къыхэкIыу мы къэхухьа хадэм щIэубыдауэ ситын щIыхуейр? – мыарэзыуэ гъумэтIымэрт ар. – Сэ мыбы гъэру сыщыпсэуну сигу илъыххэкъым. Мы си къудамэхэр сэрейм щхьэдрырех уэрамымкIэ, мы куейм иралъагъу, ирыращIэ дэ телъыджэхэр сэ сызэриIэр!
Арыххэуи, дэшхуейм ерыщу сэрей лъагэм щхьэдэхыну ныкъуэкъуэн щIидзащ, блэкI-къыблэкIыжым и уардагъэр, и дахагъэр яригъэлъагъуну хъуапсэу.
Дэшхуейм и зэманри къэсащ: и къудамэхэр къришэхыу, дэ пызу къыпыкIэри, хэти, мыщхьэх закъуэмэ, къыпичын щIидзащ. Я Iэхэр нэмысмэ, башхэри мывэхэри ираутIыпщу, чы къурагъхэр тракъутэу хъуащ.
Куэд дэмыкIыуи дэшхуейм, зэхэубэрэжьарэ и къудамэхэр къыгуэщIыкIауэ, и дэхэр фIэкIуэдарэ и зы тхьэмпи пымытыжу, фэншэ дыдэ хъуащ. КъыгуэщIыкIа и къудамэхэр, щIопщ нэхъей, псэншэу сэрей лъагэм елэлэхырт… ЩхъуантIагъэм щIигъэна жыг хадэм зи пхъэщхьэмыщхьэ хъуа мыдрей жыгхэм зыщагъэдахэрт; хъуэпсэгъуэт псы IэфIкIэ гъэнщIа мыIэрысэхэр, кхъужьхэр, шэфталхэр...
Псы цIыкIу
Зы псы щхьэпсыншэ цIыкIу гуэрым щыгъупщэжащ езыр дунейм къызэрытехьар уэшхым зэрифIыщIэр. Зэгуэр, зы уэлбанэшхуэ гуэрым иужькIэ, ар апхуэдизкIэ ин хъуати, и щэныфIагъэри фIэкIуэдауэ, псыежэхышхуэ хъуфыну и фIэщ хъужри, Iуэхум и ужь ихьащ.
ПсыжапIэр нэхъ бгъуэ ищIын щхьэкIэ, и фIэщыпсу къэетарэ хым хуэдэу къызэщIэукъубея псы цIыкIум, щIымрэ мывэхэмрэ къригъэщэщэхыу, псы Iуфэр щIилъэсыкIыу щIидзащ.
Ауэ, жьым пшэхэр зэбгрихури, дыгъэ гуащIэр къыкъуэкIыжащ. Езы щхьэзыфIэфI псы цIыкIури, ищIар имыщIэжу, къызэригъэпэща псыIущIэм и гъэр хъужащ. Псышэд фIей, псыкIантIэ дыдэ хъужу дыгъэм имыгъэгъущыжыпэн щхьэкIэ, псы цIыкIум пщIэнтIэпс мащIи щIигъэкIакъым, пхъэхьэлъахуэ, мывэ зэмылIэужьыгъуэ зэхуакухэмкIэ дэкIыурэ; къыхуэнэжа и псы тIэкIур иритын щхьэкIэ псыхъуэр зей псыежэхым деж и псэр пыт къудейуэ нэсыфауэ аращ ар.
Шэфталей
Зы жыг хадэ гуэрым дэшхуейм и гъунэгъуу шэфталей къыщыкIырт. Шэфталейр дэ пызу къызыпыкIэ и гъунэгъум сыт щыгъуи ефыгъуэу худэплъейрт.
– Сыт мыбы апхуэдиз къыщIыпыкIэр? Сэ сысейхэр щхьэ мащIэ? – мыувыIэжу гъумэтIымэрт жыг щхьэпсыншэр. – Захуагъэ-тIэ ар? Сэри къыспрырекIэ апхуэдиз шэфтал! СыткIэ сынэхъыкIэ сэ абы нэхърэ?
– НэгъуэщIхэм уемынэцI икIи уемыфыгъуэ! – хуэмышэчыжу жиIащ абдеж гъунэгъуу щыпсэу къыпцIэ жыгыжьым. – Умылъагъуу ара дэшхуейм и пкъым и быдагъымрэ и къудамэхэм я лантIагъымрэ? Умыфыгъуэу икIи пщIэншэу умыгъумэтIымэу, мащIэу, ауэ псы фIыуэ зыщIэт шэфтал дэгъуэхэр къэгъэкIи нэхъыфIщ.
Ауэ зи нэр фыгъуэ фIыцIэм къыщхьэрипхъуэ шэфталейм и щхьэ трилъхьакъым чэнджэщыфI къезыт къыпцIэ жыгыжьым ауэ къудей едэIуэну. Абы, нэхъри къызэгуэпауэ, и лъабжьэхэм унафэ яхуищIащ нэхъ куууэ щIым зыхаукIэу псы нэхъыбэ зыщIафыну, и къудамэхэм къуэпс нэхъыбэ ядзыну, къыпидза гъэгъахэ псоми, зыри хэмыкIуэдыкIыу, пхъэщхьэмыщхьэ хъуну.
Шэфталейм унафэ зэрищIам хуэдэу хъуащ – шэфтал пызу къыпыкIащ. Ахэр, псы къащIыхьэурэ, къудамэхэм яхуэмыIыгъыжын хуэдизым нэсауэ, махуэ къэс нэхъ хьэлъэ хъурт.
ИкIэм-икIэжым, жыгыр, и къару псори ирихьэлIэу зиIыгъыурэ, къэщэIуащ, и пкъыр къачэри къыпыщIыкIащ, шэфтал хъуахэр щIым къещэщэхри, мыгувэу къэмыуIэбжьыж дэшхуейм и лъабжьэм щIэфыхьыжащ.
Бжьыдзэмрэ мэлыфэмрэ
Бжьыдзэм, пщIантIэм дэс хьэжь хьэлэлыжьым иц бэлацэр псэупIэ ищIауэ, жьыр дэнэкIэ къыщепщэми имыщIэу, и дуней тхъэжыгъуэт. Ауэ зэгуэр абы удэзыхьэх цы къабзэ дэгъуэм и мэ гуакIуэ къыщIихьащ.
– Мыр дэнэ къикIа мэ дахэ? – жиIэри, ар зригъэщIэну мурад ищIащ. ПкIэгъуэ зыбжанэ ищIри къихутащ: и хьэ пажэр IэфIу мэжейри, мэлыфэм укъуэдияуэ телъщ. – Уэху!.. Апхуэдэ джэдыгу дэгъуэ сиIэну куэд щIауэ сыхъуапсэрт сэ! – гухэхъуэшхуэр иIэу къыхэкIиикIащ бжьыдзэр, мэлыфэм нэ ирищауэ. – Сытуи Iувыщэ, шылафэрэ дахэкIейуэ! Нэхъыщхьэжыращи, дзыхь зэбгъэз хъунщ. Абы ухэсу хьэм и дзэхэмрэ и лъэбжьанэхэмрэ ущIыщышынэжын щыIэжкъым. Си хьэжьыр схуэмыхьыж хъуащ. Нэмыс лъэпкъ хэмылъыжу, увыIэгъуэ имыIэу мэтIахъуэ – сыкъиубыдыну хэтщ. Сужэгъуащ мы кIэ зимыIэж гъуэрыгъуапщкIуэ джэгуныр! Шэч хэмылъыжу, мэлыфэр нэхъ щабэщ икIи нэхъ IэфIщ, мы хьэжьым ейм нэхърэ…
Ахэр жиIэщ, чэнджащэ кIыхьми хэмытыжу, къехъулIа Iуэхур IэщIэмыкIыж щIыкIэ, зэуэ зиIэтри, зэ пкIэгъуэм мэлыфэм къытехутащ.
АрщхьэкIэ, зэрыщыгугъам хуэмыдэу, мэлыфэр апхуэдизкIэ Iувт, дыхьэпIэншэти, бжьыдзэр гугъу дыдэ емыхьу хъуакъым: езы фэм нэсын щхьэкIэ зы цы налъэр адрейм и лъапэ цIыкIухэмкIэ къыкIэричурэ уздыпхымыкIыф гъуэгур пхишащ. Сытми, и мурадар къехъулIащ. Ауэ, еууей мыгъуэ, зэхаIуэта мэлыфэр мывэм хуэдэу быдэт. Бжьыдзэр абы дапхуэдэу емыныкъуэкъуами, зы дзэкъэгъуэ къыгуичыну Iэмал хуигъуэтакъым. ИкIэм-икIэжым, къарууншэ хъуарэ къэмэжэлIауэ, къемыхъулIа Iуэхум иризэгуэпу, бжьыдзэм, а зэсэжа хьэм и фэм нэхъ псынщIэу нэсыжын, япэрей тхъэжыгъуэм хэтIысхьэжын мурадыр иIэу, мэлыц гущIыIум къыдэлъеящ. АрщхьэкIэ, плъэмэ, хьэм и лъэужьыр кIуэдыжат!
Сыт ищIэнт, тхьэмыщкIэм, бэIутIэIум хэмыкIыу, къыщыщIа щIэщхъум тещыгъуэжрэ зыхуэхъущIэжу, и жэщ-махуэр ирихьэкIыу щIидзащ, мэлыфэ Iувым хэгъуэщыхьу, зэшымрэ мэжалIэмрэ игъэлIэху.
Поделиться:
Читать также:
08.07.2026 - 12:00 →
Хабзэм куэд къызэщIеубыдэ
07.07.2026 - 18:39 →
Псэущхьэ гъэщIэгъуэнщ
07.07.2026 - 12:26 →
Гуэрэныгу Iуащхьэм...
06.07.2026 - 11:43 →
Псалъэр я Iэщэу
06.07.2026 - 11:39 →
Гюлибик
| ||




