ФIыр Iейм токIуэ

КъыдэкIуэтей щIэблэм иджырей технологиехэмрэ я акъылым зезыгъэужь Iэмал гъуэзэджэхэмрэ хуабжьу сэбэп къахуохъу я къэухьым зиубгъунымкIэ, я зэфIэкIыр хагъэхъуэнымкIэ. Ар хуабжьу щхьэпэщ, ауэ абы дихьэхыурэ цIыхугъэмрэ адыгагъэмрэ пэIэщIэ зэрыхъум уегъэпIейтей. Тхылъыр, литературэр, унагъуэ гъэсэныгъэр IэщIыб щащI лъэхъэнэм дыщопсэу, ауэ ахэр а иджырей IэмалыщIэхэм къыдэгъуэгурыкIуэу щытамэ, щIэблэм яхэлъыну гъэсэныгъэмрэ къахэкIыну цIыхумрэ нэгъуэщI хъунут. Ди тхакIуэхэм рассказ гъэщIэгъуэн куэд яIэщ цIыху зэхущытыкIэхэр, ныбжьыщIэм и гъуэгу къежьапIэр, абы хэлъыпхъэ хьэл-щэныр, адэ-анэм зэрахущытыр, къэзыухъуреихьхэм къазэрыдэгъуэгурыкIуэфыр къыхэщу. Абыхэм я щапхъэу къэсхьынут тхакIуэ Жылэтеж Сэлэдин и IэдакъэщIэкIхэр. 
Псалъэм папщIэ, «Нарт и ныбжьэгъухэр» тхылъ цIыкIум ит рассказхэм къызэщIаубыдэ Iуэхугъуэхэр куэд мэхъу. Псэущхьэхэм ятеухуа рассказхэм хохьэ «Нарт и ныбжьэгъухэр», «ПцIащхъуэ хужь», «Кърумрэ джэду шырымрэ», «КIыгуугу лъэпкъым я кIуэдыжыкIар». Адрей рассказхэу «Щхьэмыж щыпэ», «ЩIыхуэ», «Чэмал и гъэтIылъыгъэхэр» Хэку зауэшхуэм теухуащ. 
«ЕгъэджакIуэ сызэрыхъуар», «СурэтыщIым и пщIыхьэпIэ» рассказхэр еджакIуэм и гъащIэм, абы къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм, ныбжьыщIэр зыIууэ лъэпощхьэпохэм, еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ яку къыдэхъуэ зэхущытыкIэхэм ятеухуащ. 
«Нарт и ныбжьэгъухэр» рассказыр топсэлъыхь Нарт щIалэ цIыкIур псэущхьэхэм зэрахущытым. Сюжетыр къызэрыгуэкIыу къожьэ: япэщIыкIэ Нарт къыхуащэхуащ бзу хьэлэмэт цIыкIу, ауэ ар лъэтэжащ. Сабийм и жагъуэ ямыщIын щхьэкIэ, къуэш нэхъыжьым абы цыжьбанэ къыхуихьащ. Нарт абы кIэлъыплъу, зыхуей хуигъазэу есащ. Куэд дэмыкIыу и къуэш нэхъыжьым абы къыхуихьащ шылъэгу, тхьэкIумэкIыхь. ЩIалэ цIыкIум псоми псэупIэ къахуигъуэтащ, икIи и псэущхьэхэр езыхэр зэныбжьэгъу зэхуэхъужащ. ТхакIуэм щапхъэ гъэщIэгъэунхэмкIэ дегъэлъагъу сабийм и гупсысэкIэм, и дуней еплъыкIэм зэрызихъуэжыр. Псалъэм папщIэ, Нарт егъэлеяуэ и гум щIыхьат фIыщэу илъагъу и тхьэкIумэкIыхьыр зэрыкIуэдар. Ауэ Нарт и ныбжьэгъум и хьэм и фIыгъэкIэ абы тхьэкIумэкIыхь цIыкIур къегъуэтыж. 
ГушыIэ дахэкIэ гъэнщIащ «ПцIащхъуэ хужь» рассказыр. Абы и лIыхъужь нэхъыщхьэ Мухьэмэд бзухэм, пцIащхъуэхэм я гъащIэм кIэлъыплъу зрегъасэ. Абы и анэшхуэм къыгурегъаIуэ нэхъ къегугъуэкI Iуэхугъуэхэр, цIыху гъащIэм быдэу хэпща хъуа бзухэм я дунейм и хьэлэмэтагъыр ирегъэлъагъуф. 
А рассказым къыпызыщэу убж хъунущ «Кърумрэ джэду шырымрэ» тхыгъэри. Сытым дежи лIыхъужьхэр псэущхьэхэм я дунейм хэзышэр ныбжьэгъухэмрэ унагъуэм исхэмрэщ. А рассказым Ахьмэд и къуэрылъху цIыкIур «къуэш нэхъыщIэхэм» я дунейм хэзышэр и адэшхуэ биологырщ. Зэгуэрым адэшхуэм мэзым къру къыщигъуэтри, унэм къихьащ. Кърур унагъуэм хэсыхьащ, я джэду цIыкIум ныбжьэгъу хуэхъуащ. Ар кIуэду нэгъуэщI къахьа нэужьи, ещхьыркъабзэу абыи ныбжьэгъу хуэхъури, и щIыб ису кърихьэкIыу щIидзащ. Гъунэгъу щIалэ цIыкIум я джэджьейхэр зэрыкIуэдар джэду шырым трилъхьауэ башкIэ жыгым къриудыхыну иужь щихьэм, кърум джэду цIыкIур и щIыб тригъэтIысхьэри IулъэтыкIыжащ…
«КIыгуугу лъэпкъым я кIуэдыжыкIар» рассказыр гъэсэныгъэм ехьэлIа гупсысэ куэд зыхэлъ хъыбар цIыкIущ. Апхуэдэу уеплъмэ, мыр – балигъхэм нэхъ яхуэгъэзащ, иджырей зэманым адыгэхэр зыIууа лъэпощхьэпохэм уригъэгупсысу. 
Бзухэм я зэхуэсым къыщыпсалъэу кIыгуугум жиIащ и лъэпкъыр куэд щIауэ зэрыпсэур, ауэ бзухэр егугъун хуейщ лъэпкъ кIуэдыжхэр, абыхэм я бзэхэр, я хабзэхэр хъумэным. ТхакIуэм къытхуеIуатэ кIыгуугум и къекIуэкIыкIар, зэгуэрым и джэдыкIэхэр бзупсалъэм кIэщIидзауэ зэрыщытар. Шырхэр къриша нэужь, кIыгуугу - адэр бзупсалъэр щымыIэу къэлъатэри, абгъуэм исхэм и шырхэр къыхицIыхукIыжыну яужь ихьащ, ауэ хузэфIэкIакъым - ахэр псори зэщхьт. Бзупсалъэр къэлъэтэжри ар Iуихужащ. КIыгуугум аргуэру къигъэзэжащ бзупсалъэм и абгъуэм, и шырхэр илъагъуну. Бзупсалъэр мыарэзыуэ къыIущIащ икIи къыжриIащ абы и бын абгъуэм зэримысыр. ИтIанэ кIыгуугум жиIащ я бзэр и бынхэм яригъэщIэну зэрыхуейр. Ауэ бзупсалъэм къызэрыжриIамкIэ, абы и дежкIэ мыхьэнэ зиIэр бынхэр зейр аракъым, атIэ ягъуэтыну гъэсэныгъэрщ. 
КIыгуугур лъэтэжщ, и лъэпкъэгъухэр къигъуэтри, яхуэтхьэусыхащ, и бынхэм я анэдэлъхубзэр ямыщIэу къанэу, абы теухуауэ зыгуэр лэжьын хуейуэ. Зэман дэкIащ, кIыгуугум и бынхэр ин хъуащ, ауэ я бзэр ямыщIэу къэнащ. КIыгуугу лъэпкъыр къагъэунэхужын папщIэ, академие къызэрагъэпэщащ, абыхэм Австралием нэгъуэщI кIыгуугухэр кърашри, лъэпкъыр къагъэщIэрэщIэжащ. 
ТхакIуэм образ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ сабийм и зэхэщIыкIым зрегъэужь, цIыхугъэ яхэлъу егъасэ, гъащIэм пщIэрэ лъагъуныгъэрэ хурегъэщI. 
Къызэрыхэдгъэщащи, Хэку зауэшхуэм и зэманым сабийхэм яIа псэукIэ хьэлъэм теухуа рассказ гупи къыщыхьащ тхылъым. КъызэрыгуэкIыу къыпщыхъу теплъэгъуэхэмкIэ тхакIуэм хузэфIэкIащ зауэ зэманымрэ абы и ужь лъэхъэнэмрэ щыIа псэукIэр тхылъеджэм и нэгу къыщIигъэувэжын. «Щхьэмыж щыпэ» рассказым и лIыхъужь нэхъыщхьэмрэ абы и ныбжьэгъумрэ губгъуэм къина щхьэмыжхэр щэхуу къащып, шхын щхьэкIэ замыгъэлIэн папщIэ. Ахэр нэхъ бзаджэ дыдэу ябж бригадирым къеубыдри, бом щIеубыдэ. Ауэ хъумакIуэ лIыжь ТIытI и гур сабийхэм щIоузри, ахэр унэм еутIыпщыж. Пщэдджыжьым езы бригадирыр лэжьакIуэ къыдэкIыфыркъым – ар шым къехуэхат. 
Жылэтэжым и сабий рассказхэм, кIэух дахэ зиIэ таурыхъхэм ещхьу, фIыр Iеймрэ бзаджэмрэ щытокIуэ. 
Зауэ зэманым и пэж гуузыр къыщыгъэлъэгъуэжащ «ЩIыхуэ» рассказым. Зауэ нэужь лъэхъэнэ хьэлъэщ, щIалэ цIыкIуитIыр я ныбжьэгъум деж щыIэт. Абы и адэм зыри жимыIэу Iэнэм чыржынитI къытрилъхьащ. ЩIалэ цIыкIу мэжалIэмрэ и ныбжьэгъу Витярэ чыржын зырызыр къапхъуатэри, щIэпхъуэжащ, ахэр езыхэм кърамытауэ къащыхъури. ЛIыхъужь нэхъыщхьэр къэшынат чыржын къызэрадыгъуар и анэм къыжраIэжынкIэ, ауэ апхуэдэу къэхъуакъым. Абы иджыри къелъытэ чыржыныр щIыхуэу къищтауэ, зэгуэр итыжын хуейуэ. Зи сабиигъуэр зауэ зэманым хиубыда ныбжьыщIэхэм я гъащIэ мытыншырщ зытеухуар «Чэмал и гъэтIылъыгъэхэр», «Жьауэ» рассказхэри. 
«ЕгъэджакIуэ сызэрыхъуар» рассказыр топсэлъыхь еджакIуэ цIыкIухэм я гъащIэм, абыхэм ящыщ Хьэритон лIыпIэ зэриувэм, егъэджакIуэ нэсым и хьэл-щэнхэр абы зэрыбгъэдэлъым. 
Жылэтеж Сэлэдин сюжет къызэрыгуэкIымкIэ къыбгурегъаIуэ ныбжьэгъугъэр, пэжыгъэр зэрылъапIэр. Абы и лъабжьэм щIэлъщ дэтхэнэ цIыхуми хуищI гущIэгъумрэ гулъытэмрэ. ЕгъэджакIуэ Хьэритон, псалъэм папщIэ, къещIэ еджакIуэхэм ящыщ зым и анэр сымаджэщым зэрыщIэлъыр. ЩIалэ цIыкIум шхын къызэрищэхуну и ахъшэр фIэкIуэдащ. ЕгъэджакIуэр а Iуэхум хэмыхьамихъунут, ауэ къэхъуар и кIэм нэс зэхигъэкIащ. Хьэритон а Iуэху мыщхьэпэр бгъэдыхьэкIэ тэмэмкIэ зэфIихащ, зы сабийми игу химыгъэщIу. 
ТхакIуэр зыгъэпIейтей Iуэхухэм ящыщщ сабийхэм ягъуэт зыужьыныгъэр. «СурэтыщIым» и пщIыхьэпIэ» рассказым хэт лIыхъужь Мэжид ищIакъым Iэзагъ гуэр бгъэдэлъу, сурэтыщI егъэджакIуэ хъыджэбзым лъагъуныгъэ хуищIыху. ТхакIуэм и нэIэ тетщ щIалэ цIыкIум и гурыгъу -гурыщIэхэм, а цIыкIум хузэфIэкIащ укIытэм текIуэу фIыуэ илъэгъуа егъэджакIуэм хуищIа сурэтыр иритыну. Сэлэдин дегъэлъагъу щIалэгъуалэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ – япэ лъагъуныгъэм, ныбжьыщIэхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм утетхыхь зэрыхъуну щIыкIэр.
 

 

Зыгъэхьэзырар ШэрIужь Даянэщ.
Поделиться:

Читать также: