ЗимыIэракъым тхьэмыщкIэр - иримыкъурщЗэгуэрым Мусэ лъапIэм упщIэ зыбжанэкIэ Алыхьталэм зыхуигъэзащ: - Алыхьу си Тхьэ! - жиIащ абы. - Хэт уи пщылIхэм ящыщу псом нэхърэ нэхъ тхьэхуэлажьэр? - Сэ зэи зи гум симыхур, - къыжриIащ Алыхьталэм. - Хэт Уи гъуэгум нэхъ пэжу тетыр? - Си унафэхэр зыгъэзащIэр. - Хэт псом нэхърэ нэхъ Iущыр? - Езым ифI зэрызэрихуэжым хуэдэ дыдэу, цIыхухэм яфI зезыхуэр. - Хэт и щIэныгъэр нэхъ ин? - ИщIэмкIэ зимыгъэнщIу, и щIэныгъэр цIыхухэм ящIэмкIэ зыгъэбагъуэр. - Хэт псом нэхърэ нэхъ лъэщыр? - ЦIыхум кърищIар ирищIэжыфынрэ пэт, хуэзыгъэгъур. - Хэт псом нэхърэ нэхъ бейр? - КъылъысамкIэ арэзыр. - Хэт псом нэхърэ нэхъ тхьэмыщкIэр? - Мылъку гуэр бгъэдэлърэ пэт, сытым дежи зыгуэрым хуэныкъуэр. Мы хьэдисыр къэзыIуэтэжа Iэбу Хъурэйрэ мыбдежым Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и псалъэхэр игу къэкIыжащ: «Мылъку зи куэдракъым бейкIэ узэджэнур, псэкIэ бейращ. Алыхьталэм и пщылIым фIы хуищIэну щыхуейм деж, псэкIэ бей, гукIэ тхьэхуэлажьэ ещI. И пщылIым фIыкIэ щымыгугъмэ, и мылъкур мащIэу къыщIегъэхъу». - Уэ си гум УкъэзыгъэкIыжын, зэрызыпхуэзгъазэ хъуну псалъэхэм сегъасэ, - ар жиIэу Тхьэм елъэIуащ зэгуэр Мусэ лъапIэр. - «Алыхьым фIэкIа нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым», - жыIэ. - Уи пщылI псоми жаIэ а псалъэхэр, - идакъым Мусэ. - «Алыхьым фIэкIа нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым» жыIэ уэ, - къыжреIэ аргуэру. - Сэ щхьэхуэу зыгуэрым себгъэсэну сыхуейт, - игу загъэркъым Мусэ. Алыхьталэм жэуап къритащ: - Уа Мусэ! Тэрэзэм и зы тепщэчым уафиблымрэ щIылъиблымрэ щыпсэухэр иплъхьэрэ мыдрейм «Алыхьым фIэкIа нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым» псалъэхэр иплъхьэмэ, а псалъэхэр зэрылъ лъэныкъуэр иришэхынущ.
Поделиться:
Читать также:
15.07.2026 - 11:26 →
Адыгэ тхыдэм и гъуджэ
14.07.2026 - 15:40 →
ЕтIанэгъи къыпащэну я мурадщ
14.07.2026 - 14:39 →
Унэ-музейр зэрагъэпэщыж
14.07.2026 - 10:01 →
Май жыг хадэ
13.07.2026 - 19:17 →
Бай Галинэ и лэжьыгъэхэр
| ||




