Гюлибик

4 Iыхьэ

Зэгуэр гу лъыстащ лIитхум я Iэр зэрыгъэубыдауэ зэныкъуэкъуу, зэпекъуу.

- Еплъыт, ди адэ, мохэр зозауэ, - жысIащ сэ сыгужьеяуэ.

- АIэ… Зэзауэкъым, зодауэ, - жи.

 Зыри къызгурыIуакъым сытмэ.

НэгъуэщI щIыпIэкIэ сыплъэмэ – лIы гуэр лъагапIэм теувауэ уэрэдышхуэ къришырт. Гъунэгъуу дыбгъэдыхьэмэ – набгъэт.

Абы и пащхьэм Iэмэпсымэ гуэр иригъэувауэ, цIыху нэхъыбэ къызэрыришэлIэным пылъу уэрэдыжьыр ину къришырт, Iэ лъэныкъуэкIи уэзджынэр игъэзурт.

- Къаабэ и гъуэгухэр, уэ, нэшэкъашэкъэ, Си гущхьэр кхъузанэу зэхэугъуэнащ, Дунеягъэ жыхуэтIэу нэху дгъафIэри – кIыфIыгъэу къыщIэкIыжащ, - къреш набгъэм.

ЦIыхухэр зэуэ епщIэкIащ абы. Фоупс къыхуахьырти, Iэмэпсымэм и гъуджэм иплъэрт. Абдежым уэрэдыр зэпигъэурти, хъыбарыжьыр иришажьэрт:

- ФыкъекIуа-а-а-лIэ, фыкъэкIуа-а-а-тэ! Феплъыт! Сыт флъагъур? Африкэ мэз Iувхэм къыхэкIри, телъыджащэу дунейм къытехьащ!

Ди адэм си Iэр иубыдри, сыкъыIуишащ:

- УемыдаIуэ абы. ПцIыупсщ ар, - жи.

АдэкIэ дыкIуэтащ. Арами, набгъэм и макъыр тхьэкIумэм имыкIыу къыткIэлъыджэрт:

- Иджыпсту фи пащхьэ къихьэнущ блэхэм я пащтыхьыр – Шахмера-а-а-н!

- Ди адэ, блэхэми пащтыхь яIэу ара? – сыщIоупщIэ.

- Уи фIэщ умыщI жысIакъэ?! ПцIыупсщ, зо, ар!

СызэплъэкIри, иджыри зэ сыIуплащ лIым. Сэ абы сыхуэгубжьат хуабжьу:

«УпцIыупсщ! Унабгъэщ икIи упцIыупсщ!» - сехъурджэуащ абы сигукIэ.

Зэманыр хэкIуэтэху, си гур нэхъри нэхъ ерыщу къуажэмкIэ еIэрт. Хуабжьу сыхуэзэшат Гюлибик. Уеблэмэ, си адэм къысхуищэхуа IэфIыкIэм щыщ хуэзгъэтIылъауэ си жыпым илът. Iуащхьэхэм я ныбжьыр бэзэр губгъуэм къызэрытридзэу, зызэщIэткъуэжырти, автобус итIысхьэпIэм дыкIуэрт. Дыгъэ къухьэжыгъуэм ирихьэлIэу къуажэ дэлъэдапIэм дынэсыжырти, адэкIэ лъэсу дыдыхьэжырт.

Ди адэм гъуэгум пкIэлъей иридзу, макъ псыгъуэ пырхъкIэ уэрэдыжь иришажьэрт, автобусым дыкъызэрикIыу. А уэрэдхэм сагъэнэщхъейт… Ахэр теухуат удзхэм, къэкIыгъэхэм, щIым, бгыхэм. Бинбог Iуащхьэхэм къех жьы щIыIэтыIэм кърахьэкIырт си адэм къриш уэрэдым щигъафIэ удз гъэгъахэм я мэ гуакIуэхэр. АпщIондэху къуршыщхьэр шакъафэу къызэщIэнэрти, кIыфIыгъэм хэкIуэдыхьыжырт.

Сэ абы щыгъуэ къысщыхъурт уафэр – дарий шхыIэн щIыхуу къуршым къепхъухауэ.

Гъуэгум щызепщыпщэрт шындырхъуохэр, блэхэр, къапкIэпкIыхьырт пкIауэхэм. Слъэгъуащ бадзащхъуэхэри, хьэдзыгъуэнэ гъуэжьхэри, къинэмыщI цIыв лIэужьыгъуэу зи цIэ сымыщIэххэхэри. А псоми ящыщу арыххэу къысхуэцIыхур бжьэхэрат. Ахэр гъэщIэгъуэн гуэру вут, щылажьэкIэ уэрэд къраш нэхъей. А макъыр нэгъуэщI зыгуэрым хэбгъэгъуэщэнкIи Iэмал иIэтэкъым.

Арыххэу блэ фIыцIэжь къызблэпщащ. Сыкъащтэри, сыкъэкIиящ ину.

- Блэ фIыцIэхэм уащымышынэ, - къэпсэлъащ си адэр. – Ахэр зэранкъым. ИкIи набгъэщ. Умыбэлэрыгъ блэр щхъуэкIэплъыкIэмэ, дахэмэ. Мис ахэращ ди бий фIыцIэр.

- Сыт «бийм» къикIыр?

Зэуэ жэуап къызимыту, тIэкIу гупсысащ си адэр.

- Бийр – псэущхьэ щхьэхынэщ, нэпсейщ. Езым и Iуэхур дэкIын щхьэкIэ хэти епцIыжынущ, цIыхухэм зэран яхуэхъунущ, и Iуэху лъэпкъ къызэрамыхуэми. Езыр, зэрыжысIащи, щхьэхынэщ, ауэ, Iэнэ ебгъэблэгъакъэ – Iыхьэм я нэхъыфIыр епхъуатэ.

- А жыхуэпIэм, пылхэр ди бий бзаджэщ! – жызоIэ. – Ахэр щхьэхынэщ, куэди яшх.

- АIэ, щIалэ. Ущоуэ, - жи си адэм. – Пылым нэхъ лэжьакIуэ уигъэлъыхъуэнщ!

Тэлайрэ гупсысэри, пищэжащ:

- Къапщтэмэ, абыхэми яхэтщ щхьэхынэ…

Зыкъомрэ щыму дыкIуащ.

«Ауэ щыхъукIэ, пыл щхьэхынэхэр, нэпсейхэр – ди бийщ, лэжьакIуэхэр – ди ныбжьэгъуфIщ», - сегупсысащ.

Илъэс зыбжанэ дэкIыжауэ курыт еджапIэм сыщIэсу къызжьэдэхуат: «Алыдж щхьэхынэхэмрэ нэпсейхэмрэ – ди бийщ, лэжьакIуэхэмрэ къулейсызхэмрэ – ди ныбжьэгъущ».

ТхыдэмкIэ ди егъэджакIуэр игъэгупсысащ жысIам. Зыгуэр жиIэнуи и жьэр зэтрихат, ауэ асыхьэту уэзджынэр къеуэри, къызэпиудат.

АтIэми, курыт еджапIэм пыщIа гукъэкIыжхэр лъэныкъуэ едгъэзынщи, дызрикIуа къуажэ уэрамым дгъэзэжынщ.

Гуэдзым дыпхыкIын хуейт унэм дынэсыжын щхьэкIэ. Ар иджыри щхъуантIэти, хыщхьэм теуфафэ толъкъунхэм хуэдэу зэщIэхъаерт. НэхъапэIуэкIэ зэи слъэгъуатэкъым тенджызыр, ауэ мы гуэдзым хуэдэу, щабэу зэрихьэу къысфIэщIырт.

Къуажэм дыщыкIуэжкIэ, махуэ псом губгъуэм щылэжьа мэкъумэшыщIэхэм дарихьэлIэрт. И нэхъыбэм си ныбжьэгъу цIыкIухэм сащыIущIэри арат. Дыгъэм исарэ, я фэр пIэнкIыжауэ, я Iэхэр пхъашэ хъуарэ, Iэгу плъыжь хъужауэ… Къапщтэмэ, си Iэхэр зыкIи нэхъыфIтэкъым, ауэ сэ адакъэ сиIэти, псом нэхърэ сынэхъ насыпыфIэт.

Жылэм дыкъызэрыблэгъэжар адакъэ Iуэ макъымкIэ, хьэ банэ макъымкIэ, мэлхэм я пщэм ищIа уэзджынэ зумкIэ къасщIэрт. Сыт хуэдэу сыгуфIэрэт, си гур къызэрыгъуэтыжрэт! Куэд дэмыкIыу уэнжакъым пиху Iугъуэ Iэдийхэр къыкъуэщырт. Япэу дызрихьэлIэ псыкъуийм деж зыщыттхьэщIырт, псы щIыIэмыл дефэрт, зыкъэдгъэщIыIэтыIэрти, гугъуехьу махуэ псом ди фэм дэкIар бзэхыжырт.

Ди къару къызэрыгъуэтыжауэ дыщIэпхъуэрт, унэм дыхуэпIащIэу. Куэбжэпэм деж ди анэр щытт, къытпэплъэу. Сызэрынэсыжуи псом япэ сызыщIэупщIэр Гюлибикт.

- Хъарзынэщ псори, къыппоплъэ уи адакъэр, - сигъэгуфIэрт.

- Гюлибик! Гюлиби-и-и-к! – сыджэурэ сыдэлъэдэжырт пщIантIэм.

Инэхъыбэм пщIантIэм дэтт ар. Арыххэу хуиспхъырт жыпкIэ къыхуэсхьа Iусыр. Джэду пщIантIэм дэтыр «ду» жиIэу къызэхуэсырт, псори фIашхыжыну. Апхуэдэхэм деж сэ Гюлибик къэспхъуатэрт, лъэныкъуэ зедгъэзырти, си Iэгум изгъэшхыкIырт. Ар си Iэгум и пэ цIыкIумкIэ къыщиуэм деж сигъэкIылъырти, сызэрылъэлъу сигъатхъэрт. СедэхащIэу, и къабзийхэр згъэкъабзэу, и пэр пыслъэщIыкIыу згъафIэрт.

Куэдрэ уи IэплIэ исынт?! Зиудэу, имызэгъэжу щыхъукIэ, сутIыпщыжырт, е и жеин къэкIуауэ къысфIэщIырти, Iуэм схьыжырт. ЗэрызутIыпщуи, шабзэшэу зричырт, джэду пщIантIэм дэтыр зэхуихусырти, Iуэм щIихуэжырт кърихуэкIыурэ. Абы иужькIэ нэхъ лъагэIуэу дэлъэтейрт, и пIэ зригъэзагъэрти, жей IэфIым хилъафэрт.

ДытхьэмыщкIэт абы щыгъуэ. Уеблэмэ къуажэм уэздыгъэ къыдашатэкъым иджыри. Дыгъэр зэрыкъухьэжу, нэм щIэIэбэр умылъагъуу кIыфI хъурт абы къыхэкIкIэ. уэнжакъым пиху Iуэгъуэ мащIэрт мазэгъуэ нурым хэплъагъукIыр.

ГъэмахуэкIэ Iэщыр пщIантIэм дэтти, Iуэр джэдэщ папщIэу къэдгъэсэбэпырт. Къапщтэмэ, джэдэщи диIэтэкъым дэ. Арат джэдхэр Iуэм щIыщIэсыр.

Пщыхьэщхьэшхэр зэрызэфIэкIыу, ди анэм гъуэлъыпIэр унащхьэм щытхуиукъуэдийт. Си щхьэр щхьэм щхьэнтэм зэрынэсу, вагъуэ пщIыпщI цIыкIу бжыгъэншэхэр зэрыпхъа уафэм си нэр тедиерт. Аддэ, жыжьэу, къэIурт мэлхэм я пщэм илъ уэзджынэм и макъ псыгъуэр.

Вагъуэхэри зэм къэлыдырт, зэми ункIыфIыжырт.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: