Адыгэ щэнхабзэм и уардэунэм къыщIоIукI и макъ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис теухуа гукъэкIыж дахэхэр яIэщ ар зыцIыхуу щыта псоми. ТхакIуэ Къумыкъу Мамдухь къытхуиIуэтэжащ IутIыжыр зэрызригъэцIыхуауэ щытар:

- IутIыж Борис нэIуасэ сыхуэзыщIауэ щытар «Тыргъэтауэ» тхылъырат. Хэкум сыкъэкIуэжын ипэ, Сирием сыщыIэу къысIэрыхьэри сыщеджам, си гум ирихьам къыщымынэу, згъэщIэгъуат куууэ адыгэ тхыдэм щыгъуазэу икIи хэкумрэ лъэпкъымрэ лъагъуныгъэшхуэ хуиIэу, а псом и щIыIужкIэ, налмэсым хуэдэу хэбдзын хэмылъу адыгэбзэ къабзэкIэ, шэрыуэкIэ тхэуэ, зыми хуэмыдэ тхакIуэшхуэ зэрыдиIэр…

«Тыргъэтауэм» седжагъащIэу, си Iуэхухэр зэхуэкIуэри, 1987 гъэм хэкум лъагъунлъагъу сыкъыкIуат. Абы щыгъуэм Борис нэIуасэ зыхуэсщIат, и лэжьапIэм сыкIуэри гуапэу дызэбгъэдэсауэ щытащ. А махуэм IутIыжым селъэIуат и тхылъыр хьэрыпыбзэкIэ зэздзэкIыну хуит сищIыну.

- Ар дауэ жыпIэрэ зиунагъуэрэ?! Уэлэхьи, Мамдухь, хуит усщIын дэнэ къэна, фIыщIэшхуэ пхузощIым апхуэдэ гукъэкI зэрыпщIамкIэ. Мы дунеишхуэм тхакIуэ тету къыщIэкIынкъым и тхылъ нэгъуэщIыбзэкIэ къыдэкIмэ и гуапэ мыхъуну, псом хуэмыдэу сэ хьэрыпыбзэм пщIэшхуэ хузощI, - къызжиIат абы.

1988 гъэм «Тыргъэтауэ» тхылъыр хьэрыпыбзэкIэ Дамаск къыщыдэкIащ. Сириеми, Иорданиеми, нэгъуэщI щIыпIэхэми щыпсэу адыгэхэм ар зэIэпахыу еджауэ щытащ. Тхылъыр гунэс зыщыхъуар ди лъэпкъэгъухэм я закъуэтэкъым, атIэ хьэрыпхэри дихьэхат. Уеблэмэ хьэрып тхакIуэ гуэрым абы теухуа тхыгъэ Дамаск къыщыдэкI газет нэхъыщхьэхэм ящыщ гуэрым къытригъэдзат.

IутIыж Борис сэ нэхърэ нэхъыфIу куэдым яцIыхуу щытащ, абы теухуауи нэхъыбэ жаIэфынущ. Нэхъыщхьэращи, хэт тепсэлъыхьми и хьэл-щэнми и IэдакъэщIэкIхэми хужаIэфынур фIыщ. ЦIыхугъэшхуэ бгъэдэлъащ. И тхыгъэхэращи, и уси, и прози зыщумыгъэнщIу щIыбоджыкI. И пьесэхэр жыпIэмэ, бзэ шэрыуэкIэ тхарэ купщIэшхуэ ящIэлъу апхуэдэхэщ, ди адыгэ театрым и пщIэр лъагэу зыIэтахэм, зыгъэбжьыфIахэм ящыщщ.

IутIыж Борис и цIэр щызэхэсхкIэ сигу къэкIыжхэм ящыщщ ар дапщэщ ухуэкIуами, и нэгури игури къыпхузэIухауэ къызэрыппежьэтэр, гуапэу къоплъурэ гупсэхуу къызэродаIуэтэр. Ар цIыхушхуэхэращ зи хьэлыр. Псоми хуэмыдэжыр Борис и макъырат, ар иIэтын хуейтэкъым, ауэ зэхыумыхынкIэ Iэмал иIэтэкъым, щIыпIэшхуэ гуэрым къыщIэIукI хуэдэт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэ щэнхабзэм и уардэунэшхуэм щызэхэпх хуэдэт IутIыж Борис и макъыр. Абы хуэдэ цIыху Тхьэшхуэм къритыж ди лъэпкъым.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться:

Читать также: