Унэ-музейр зэрагъэпэщыж![]() КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Кулиев Къайсын и унэ-музей Эльтюбю къуажэм щыIэр мы зэманым зэрагъэпэщыж.
Балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэр I9I7 гъэм къыщалъхуа щIыпIэр нобэ цIыху кIуапIэщ. Абы куэду йокIуалIэ усакIуэм и щIэинхэм дахьэххэмрэ ди щIыналъэм зыщызыгъэпсэхухэмрэ. Мыбы щагъэзэщIащ «Книга в камне» проект гъэщIэгъуэныр. Ар щхьэпэщ усакIуэм къыщIэнахэр хъумэнымкIэ, абыхэм цIыху нэхъыбэ щыгъэгъуэзэнымкIэ.
Ухуэныгъэр япэм щыIа псэуалъапхъэхэмкIэ къагъэщIэрэщIэж, абы нэхъапэм иIа пасэрей тхыдэ теплъэр зэфIагъэувэжурэ.
ПщIантIэм нэгъуэщI зы уни дащIыхь, пэшищ хъууэ: гъэлъэгъуэныгъэ щекIуэкIынур, гъуазджэ IэрыкIхэм я галерее, музейм и лэжьакIуэхэр зыщIэсын.
Ухуэныгъэр къэгъэщIэрэщIэжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр ягъэзащIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Культура Кабардино-Балкарии» къэрал программэм хыхьэу, Кулиевхэ я лъэпкъыр я дэIэпыкъуэгъуу.
Поделиться:
Читать также:
14.08.2026 - 15:44 →
Iуащхьэмахуэ зи плъапIэхэр
14.08.2026 - 13:43 →
Ар цIыху телъыджэт
13.08.2026 - 14:53 →
Щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэщ
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
10.08.2026 - 13:00 →
«УЭРЩ СИ ДАМЭР»
| ||





