Зэманымрэ ныбжьыщIэхэмрэЛъэхъэнэ къэс езым и хабзэм хопсэукI. Балигъхэм сыт щыгъуи езыхэм я ужь итхэр, «иджы щыIэхэр» яфIэпсынщIэщ. Ауэ республикэм и психолог пэрытхэу Апажэ Валерэрэ Темиркановэ Лейлэрэ адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ щахуэза конференц зэIухар зытещIыхьауэ щытар еплъыкIэракъым – щIэныгъэрщ. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ НыбжьыщIэхэр зыгъэлъэпэрапэ Iуэхугъуэхэм яхуэсакъынымкIэ КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Вындыжь Альбинэ. Ар кIэщIу тепсэлъыхьащ психологхэр мыпхуэдэ утыкушхуэм кърагъэблэгъэн хуей щIэхъуам. ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэхэм мазэ зыбжанэкIэ зэгъусэу район къалащхьэхэм зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIа нэужь, адэ-анэхэм упщIэхэр къыхурагъэхьын щIадзащ. Ар щызэхихым, «Сафия» центрым и унафэщI Таукешевэ Эстер къыхилъхьащ конференц зэIуха ирагъэкIуэкIыну. - ЩIыпIэ-щIыпIэкIэрэ республикэр къызэхэткIухьурэ, зэIущIэ 20-м нэс едгъэкIуэкIа къыщIэкIынщ, ныбжьыщIэхэр мыхъумыщIагъэм хэзышэхэм зэрапэщIэтыпхъэ Iэмалхэр адэ-анэхэм захедгъэхын папщIэ, - пищащ адэкIэ утыкум кърагъэблэгъа, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт. Психологхэр сценэм щригъэблагъэм, Вындыжь Альбинэ къекIуэлIахэр къыхуриджащ укIытэр къагъанэу, щхьэж игу къеуэмкIэ IэщIагъэлIхэм еупщIыну. Япэ упщIэр езы Альбинэ зыхуигъэзар Апажэ Валерэщ: - Уэ, сызэрыщыгъуазэмкIэ, иджырей сабийхэм я щытыкIэмрэ ахэр зыгъэлъэпэрапэ Iуэхугъуэхэмрэ илъэс 25-рэ хъуауэ уакIэлъоплъ, куэдым сэбэп уахуэхъуащ. Илъэс 14-м ит хъыджэбз цIыкIум и анэу щыт сэ мыпхуэдэ упщIэ сиIэщ: «Альфа» зыфIаща ныбжьым ит иджырей сабийхэр дапхуэдэу зэрыщытыр? - ФIэхъус гуапэ фызох пщIэ зыхуэсщI си лэжьэгъухэми адэ-анэхэми, - иришэжьащ и жэуапыр Апажэ Валерэ. – Мы упщIэр зи чэзу дыдэщ. «Альфа» ныбжьым итхэращ зи гугъу тщIы зэпытыр, абыхэм иджыри «зумер» щыхужаIэ щыIэщ. Мы сабий лIэужьыгъуэщIэр 1998 гъэм къыщыщIэдзауэ къокIуэ. 2000 гъэхэм къалъхуахэм иджыри «зумер»-кIэ йоджэ, зэманкIэ дэ нэхъ тпэгъунэгъухэм щхьэкIэ «дабл-зумер», «зумер тIуащIэ» жаIэ. Мыхэр къозыгъэцIыху нэщэнищ щыIэщ, щIэныгъэм къихутауэ. Япэрауэ, абыхэм я акъылым псынщIэ дыдэу зеужь, я щхьэ куцIым и лъэныкъуитIри зэхуэдэу щIэгъэхуэбжьауэ мэлажьэ. Абы и фIыгъэкIэ, ягу ираубыдэфри нэхъыбэщ. Фэрэ дэрэ ди щхьэ куцI лъэныкъуитIыр щхьэхуэ-щхьэхуэущ зэрылажьэр. ФщIэжыркъэ, япэм сабийхэр ягуэшу щытащ, хэт математикэм, хэт гуманитар щIэныгъэхэм, хэт техникэм нэхъ дехьэх жаIэу. Мы сабийхэм а лъэныкъуэ псори зэуэ къызэдащтэ. Мыбыхэм я гупсысэкIэр илъэс ныкъуэм зэтоувэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, мазих щыхъуам щыщIэдзауэ мэгупсысэ. Ди нэхъыжьхэм деупщIыжмэ, дэ дапхуэдэут дунейм дыкъызэрытехьар? Ди нэхэр зэтепIауэ. Махуэ плIыщIкIэ унэм драхыу щытакъым. Иджырей сабийхэр я нэхэр къэпщIа хьэзыру, мыдэ дохутырым сэлам ирахыну фIэкIа умыщIэу, я нэ губзыгъэхэр зэтехауэ дунейм къытохьэ. Ещанэ нэщэнэр, нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэри аращ, дэ ди щхьэ куцIым къызэщIиубыдэфыр зэхихым щыщу процент 30 къудейщ. Дэ зэхэтхыр щIэдгъэпщу, уи фIэщ пщIы хъунымрэ мыхъунымрэ зэхэдгъэкIыфу дагъэсащ. Лейр, мыхьэнэ зимыIэр зыщхьэщыдогъэкIыф. Мы сабийхэр апхуэдэкъым. Абыхэм хъун-мыхъуным теухуа я зэхэщIыкIыр щызэтеувэр илъэс 18-21-хэм дежщ. НэпцI-пэж, дзыхь хуэпщI хъун-мыхъун я лъэныкъуэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, зэхагъэкIыфыркъым иджырей сабийхэм зэхахымрэ ялъагъумрэ. Аращи, информацэ Iэрыхьэм щыщу проценти I00-р епхъуатэ, абы и щхьэ куцIыр екудэ. Мы Iуэхугъуэм мыхьэнэшхуэ дыдэ иIэщ. Фэрэ дэрэ дызыхиубыдэр «аудиалист», «кинестетик» жыхуаIэ лIэужьыгъуэхэрщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, зэхыдагъэхымрэ къызэрыдэIусэ щIыкIэмрэ елъытащ зыхэтлъхьэ псори. Дэ къыттекIиеми къыдэщхьэфэуами хъурт. Иджырей сабийхэр нэгъуэщIщ. Абыхэм апхуэдэ Iэмалхэр яхэзэгъэнукъым. Мыхэр, япэрауэ, «визуал» жыхуаIэм хохьэ, ялъагъур ящIэж. ПсалъэкIэ яжепIэр я тхьэкIумэм ихьэнукъым. Уеуэныр Iэмал зимыIэххэщ. Щапхъэ фIэкIа, нэгъуэщI IэмалкIэ пхуэгъэсэнукъым. ЕтIуанэрауэ, «дигитал» жыхуаIэм хуэдэхэщ, ар мис мы телефоныр яIэщIэлъу къызэрыхъухэрщ, я фIэщ хъури абы итращ. Щапхъэм и хьэтыркIэ, илъэсибгъум ит си пхъум телефоныр зарядкэм пыдзауэ пIыгъ зэрымыхъунур и фIэщ тхуэщIыртэкъым. Анэшхуэми анэми Iэмал хуагъуэтакъым. Щымыхъужым, телефоныр къеIысхри, езым дзыхь нэхъ зыхуищI «Алисэ» зыхуэзгъэзащ: «Алисэ, телефоныр зарядкэм пылъу къэбгъэсэбэп хъуну? Щапхъэ къысхуэхь, сыт къыпщыщIынкIи хъунур?» Алисэ и жэуапхэр къыщыIум: «Куэдщ, папэ, къызгурыIуащ», - жиIащ. Фэрэ дэрэ дыадыгэщ, дыбалъкъэрщ, дымуслъымэнщ, дычыристанщ. Мыхэр «дуней цIыху» жыхуаIэм нэхъ ещхьщ, псори я зэхуэдэу. Дэ Алыхьым дыщошынэ, мыбыхэм Ар фIыуэ ялъагъу. Дэ япэщIыкIэ тлъагъур къызэрытщыхъур зыхыдощIэ, итIанэ къэхъуам догупсыс. Мыбыхэм я гупсысэмрэ зыхэщIэкIэмрэ зэгъусэщ. А псоми гу лъывэзгъэтэну сыхуейт. Иджырей сабийхэр къызэрымыкIуэ защIэщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми езым и еплъыкIэ иIэжщ. Ауэ нэхъыщхьэр щапхъэкIэ фIэкIа зэрыпхуэмыгъасэрщ. Ямылъэгъуа ящIэфынукъым. Телефоным теухуауэ. Нэхъыбэм ар сабийхэм къатехын хуейуэ жаIэ. Апхуэдэу пщIэ хъунукъым. Iэмэпсымэр зэран къыхуэмыхъун хуэдэу къигъэсэбэпыфу гъэсэн хуейуэ аращ. Къэралым къытхуимыщIа щыIэкъым. Сэ егъэлеяуэ сыщыгуфIыкIащ «тик-ток», «ютубхэр» щызэхуащIам, абы щхьэкIэ къысхуэшхыдэхэри щыIэу. Интернетым узэрыщыджэгу хъуну псори иджыпсту къэралым и унафэ ткIийм щIэтщ. Ар фIыгъуэшхуэщ. Сабийхэр зэбгъэплъ хъуну-мыхъунухэр ныбжькIэ зэхэдзауэ щытщ. Псалъэм папщIэ, «Карусель», «СТС - кидз», «Солнышко», «Минимульт» каналхэм ебгъэплъ хъунущ. Илъэс 14-м щIигъуам хухэхахэр щыIэщ. Илъэси 10 иримыкъуа сабийм интернет зэрищIын щыIэкъым. Адэ-анэхэр кIэлъыплъу щытми, илъэси 10-м щIигъуам телефоныр зы сыхьэт нэхърэ нэхъыбэкIэ имыIыгъмэ, нэхъыфIщ. - Зымахуэ сабий гуэр къытхуашащ, «аутизм» къоуз жаIэри, - пищащ адэкIэ Апажэм. - А уз хьэлъэр зыхуатххэм я процент 90-м ар яIэкъым. «Телефон аутизм» жыхуаIэм хуэдэщ къеузыр: зэмыплъыпхъэ куэдыIуэ зэреплъам къыдэкIуа уз. Мы сабийри, къызэрыщIэкIымкIэ, зэрыцIыкIурэ китаибзэкIэ псысэ еплъу арат. Ди щIыпIэм щыщ сабийхэм ещхьу, анэдэлъхубзэрэ урысыбзэрэ зыщIапхъэт, ауэ мо китаибзэр къыщыхыхьэм, къыхихынур имыщIэурэ, зэIынащ. Арати, «аутист» фIащащ. Мис ахэр къэмыхъун папщIэ, фи сабийхэм фемыпсалъэу хъунукъым.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 12:26 →
ЩIалэгъуалэр зэкъуэзыгъэувэ Iуэху
12.08.2026 - 18:53 →
Ахупс – Афыпсыпэ
10.08.2026 - 12:49 →
ЩIэныгъэм зэрызиужьым и нэщэнэу
07.08.2026 - 17:00 →
ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэр
24.07.2026 - 12:40 →
Чэнджэщрэ щапхъэкIэ яунэтI
| ||




