Телъыджэщ жыгхэр

 

Жыгхэм егъэлеяуэ мыхьэнэшхуэ щаIэщ гъащIэм. Зыщыщ лъэпкъыгъуэм елъытауэ абыхэм езыхэм я хьэли яIэжщ. Абы къыхэкIыуи пхъэм узэрелэжь Iэмалхэри зэхуэмыдэщ, гъэщIэгъуэн куэди ядыболъагъу.  

Калининград щыIэщ «Мэз чэфкIэ» зэджэр. Метр зэбгъузэнатIэ хуэдиз хъу мэзым щIэт уэздыгъейхэм я лъэдийхэр къэгъэшащ. Жыгхэм зэдикIыу апхуэдэ теплъэ щIаIэм и щхьэусыгъуэр къахуэщIакъым.

Дунейм тетщ цIыхум и узыншагъэмкIэ зэран зыпылъ жыг лIэужьыгъуэ. Апхуэдэм и къудамэм къыщIэж псым цIыхум и щIыфэр ес, псыбыб ещI. Ар нэм лъэIэс хъужыкъуэмэ, нэф йохъукI. Абы къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэр теплъэкIэ мыIэрысэм ирагъэщхь.

Кедр жыгыр нэхъ сэбэп дыдэхэм хабжэ, абы и пхъэр зэрыбыдэм, псы зэрызыщIимыфым къыхэкIыу. Абы къыщIаху дагъэри узыншагъэмкIэ егъэлеяуэ сэбэп мэхъу.

Дунейм нэхъыбэ дыдэрэ узыщрихьэлIэ пхъэщхьэмыщхьэ жыгыу къалъытэ мыIэрысейр.

Зы жыгейм ику иту къыпокIэ мышхумпIэ мини 10 хуэдиз.

Дунейм нэхъ щIэх дыдэу къыщыкIыу къахутащ «Адамовэ» жыг лIэужьыгъуэр. Абы иджыри «Пурпурная трава» хужаIэ.

Бразилием къыщокI «копаиферэ» жыг лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэныр. Абы и лъэдийм къыщIэж псыр дизель гъэсыныпхъэм хуагъадэ. Абы къыхэкIыу, етIуанэу фIэщыгъэу зэрехьэ «щIыдагъэ жыг».

Уэздыгъей жыг лъэпкъыгъуэм хыхьэхэм я зэхуэдитIыр Урысейм къыщокI.

Калифорнием и «Мэз абрагъуэкIэ» зэджэ щIыпIэм щыIэщ дунейм жыг лъэпкъыгъуэ нэхъ ин дыдэу тетыр - «Генерал Шерман и жыгыр». Абы и лъагагъщ метр 83,8-рэ. И ныбжьыр илъэс 2300-2700 хъууэ хуагъэфащэ.

Урысейм и мэзхэм къыщокI зи пхъэр егъэлеяуэ хьэлъэ жыг лIэужьыгъуэ - «Шмидт и пхъэхуей» жыхуаIэр. Жыгым пэлъыщыркъым джыди пхъэхи.  

Финляндием и мэзхэм яубыд къэралым и щIыпIэм щыщу процент 70-р. Великобританием и мэзхэм яубыдыр проценти 6 къудейщ.

«Секвая» жыг лIэужьыгъуэр дуней псом щынэхъ лъагэ дыдэщ. Ауэ абы и пхъэр щIагъуэу къагъэсэбэпыркъым, быдагъ зэрыщIэмылъым къыхэкIыу.

ТхылъымпIэу тонн мелуан къыщIэбгъэкIын папщIэ ухуейщ жыгыу мелуаным и Iыхьэ плIанэ. ТхылъымпIэжьу килограмм 80 хуэдиз зэхуэхьэсам ирамыупщIыкIыу къригъэлыфынущ зы жыг.

I980 гъэм Китайм хабзэу щагъэувауэ щытащ къэралым и цIыху къэс (илъэс 11 ирикъуамэ) илъэсым къриубыдэу жыгищ хисэн хуейуэ.

Жыгхэм яхэтщ илъэс мин бжыгъэхэр къэзыгъащIэ лIэужьыгъуэхэр. Абыхэм ящыщщ Мафусаил лIэужьыгъуэм хыхьэ уэздыгъейхэр. Абыхэм илъэс 5000-м нэблагъэ къагъащIэ.

Жыгым и лIэужьыгъуэм елъытауэ, пхъэр бгъэгъущыным токIуадэ мазэ бжыгъэм щегъэжьауэ илъэс бжыгъэм нэс. ГъэщIэгъуэнщ жыг лIэужьыгъуэ къэс езым и мэ зэриIэжри.

Дунейм тетщ егъэлеяуэ цIэрыIуэ хъуа жыгхэри. Жыгхэр сурэту ящI, усэ тратхыхь, журналхэм иратхэ, и жьауапIэм зыщагъэпсэху. Апхуэдэ жыгхэм езыхэм я хъыбар телъыджи яIэжщ.

1994 гъэм «Побег из Шоушенка» фильмым хэта жыгейр хабжащ жыг нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм. Фильмым хэта жыгыр итащ Америкэм и къэрал парк «Малабар Фарм»-м, Огайо штатым щыIэм. Илъэс къэс жыгейм еплъыну а щIыпIэм кIуэуэ щытащ зыплъыхьакIуэхэр. «Шоушенкэ жыгкIэ» зэджэ а жыгейр 2016 гъэм жьапщэшхуэм ирищIыкIащ.

I986 гъэм Ирландием щыщ «U2» рок-гупым уэрэд альбом къыдагъэкIыну загъэхьэзырырт. Альбомым сурэт хуащIынур къыхахын хуейти, я сурэттехым жиIащ Джошуа жыгыр зэрыфIэдахэр. Ар егъэлеяуэ бэшэч лIэужьыгъуэщ, США-м и къумым къыщокI. Жыгым и къудамэхэр ещхьщ уэгум зыхуэзышия цIыхуIэхэм. Гупым хэтхэм гупсысэр ягу ирихьащ. Уеблэмэ альбомым фIащащ жыгым и цIэр. Къумым кIуэхэри, къыхахащ и закъуэ дыдэу щыт апхуэдэ зы жыг, абы бгъэдэтуи сурэт зытрахащ. Альбомыр дуней псом нэхъ щIэупщIэ щызиIэхэм ящыщ хъуауэ щытащ. Абы и фIыгъэкIэ «U2» гупыр дуней псом цIэрыIуэ щыхъуащ. А альбомым ита уэрэдхэм ноби куэд едэIуэн яфIэфIщ. Абы и напэр зыгъэщIэрэщIа жыгым и деж плъакIуэ щыIащ цIыху мелуан бжыгъэ. Жыг цIэрыIуэр 2000 гъэм жьапщэшхуэм ирихащ, ауэ Iуамыхауэ а щIыпIэ дыдэм деж щылъщ.

Абы и ныбжьыр илъэс 200-м нэст. «U2»-р зыфIэфIхэр иджыри кIуэуэрэ йоплъыр.

1993 гъэм ягъэлъэгъуауэ щыта «За кровь платят кровью» фильмыр куэдым ягу ирихьауэ щытащ. Австралием щыкI зы уэздыгъей жыг цIэрыIуэ ищIащ а фильмым. ЛIыхъужь нэхъыщхьэр абы бгъэдохьэри, «сыту фIы уи унэ ущыIэну», жеIэ, жыгыр лъапсэу илъытэу. «Бунья» зыфIаща жыгыр образ щхьэхуэу хэтщ драмэм.

Пасэрей бжей телъыджэ щокI Великобританием, Хартфордшир. «Пащтыхь бжейкIэ» зэджэ жыгыр цIэрыIуэ хъуащ 2004 гъэм Гарри Поттер теухуауэ траха «Азкабаным и гъэр» фильмым дзэл зэщIэкIам и образыр зэрыщигъэзэщIам. Жыгым илъэс 400-м щIигъу и ныбжьт. 20I4 гъэм жыгыжьыр езыр-езыру ищIыкIащ, - кхъахэ дыдэ хъуати.

Нидерландхэм, Франк Аннэ и унагъуэр щIыгъуу нацистхэм защыщигъэпщкIуу илъэситIкIэ зыщIэсауэ щыта унэм пэмыжыжьэу итт щхъуэмч жыгышхуэ. Пщэдджыжь къэс, хъыджэбз цIыкIур щхьэгъубжэм дэплъырти, жыгым кIэлъыплъырт, илъагъур зэрызыхищIэр итхырт: «Щхъуэмч жыг пцIанэм и къудамэхэм уэшх ткIуэпсхэр къытоцIуукI, хы тхьэрыкъуэхэмрэ нэгъуэщI къуалэбзухэмрэ жьым щыпхылъэткIэ… а псор слъагъухукIэ, - сегупсысырт сэ, - сэри сыщыIэнущ, дыгъэри уафэ къащхъуэри къэслъэгъужынущ, а псор слъагъухукIэ, сэ насыпыншэу зыслъытэж хъунукъым».

Аннэ итхахэр щызэхуахьэса Махуэрытхэм итхэм къытращIыкIыжа тхылъыр XX лIэщIыгъуэм и тхылъ нэхъыфIхэм халъытащ. Жыгыр дуней псом къыщацIыхуащ. 2010 гъэм щхъуэмч жыгыр борэным ирищIыкIащ. Абы и ныбжьт илъэс 200-м нэс. Абы и щIэж жыгыщIэ цIыкIухэм Нидерландхэм, Америкэм, Англием я уэрамхэр ягъэдахэ.

Англием щыщ Эдвинстоу къуажэм щыIэ Шервуд мэзым щокI «Адакъэ жыг» зыфIаща жыгейр. А щIыпIэм и IуэрыIуатэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абы илъэс 800 хуэдиз и ныбжьынущ. XIX-нэ лIэщIыгъуэм абдеж адакъэ зауэхэр щрагъэкIуэкIыу щытащ. Археолог Рук Хейман ар пасэрей жыгейхэм теухуа и тхылъым иритха нэужь, абы «Жыгей нэхъыщхьэкIэ» еджэ хъуащ.

Адыгейм, Сочэ къалэм щокI адыгэхэм лъапIэныгъэу ялъытэ жыг абрагъуэ, жыг дахэкIэ йоджэ абы. И гъэгъахэр тюльпаным ещхьщ. Езым метр 35-рэ и лъагагъщ, метр 27-рэ и бгъуагъщ. Шапсыгъ къуажэм дауэ къыщыхута жыгыр? Языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, генерал Раевский Николайщ 1840 гъэм ар хезыгъэсар. Жыгым кIэрыIулIа пхъэбгъури аращ щыхьэт зытехъуэр. Ауэ… Шахэ Iуфэм ар Iутащ урысыдзэхэр Кавказым къихьэным куэдкIэ ипэ къихуэу. Биологием елэжь щIэныгъэлIхэри абы щыхьэт тохъуэ. Сыту жыпIэмэ, къахутащ жыгыр езым кIэрыIулIа пхъэбгъум къыщыгъэлъэгъуа илъэси 170-м нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъыжьыр, илъэс 240-м щIигъу къызэригъэщIар.

Илъэс къэс, накъыгъэм и 21-м, жыг дахэм деж адыгэхэм я Щыгъуэ-щIэж махуэм ехьэлIа дауэдапщэ щрагъэкIуэкI.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться: