Хьэлыр псыхьыным йолIалIэ

ЩIалэгъуалэр гъэсэныр иджырей жылагъуэм и къалэн нэхъ гугъу дыдэхэм, нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ. Нобэ щIалэгъуалэр зэман зызыужьам къыщыхъуми, хабзэ лъапIэныгъэхэр щаIэщIэху, пэжым и пIэкIэ хъыбар нэпцIхэр щыкуэдыкIей лъэхъэнэщ зыхэпсэукIыр. Аращ гъэсэныгъэм лъэныкъуэ куэдкIэ бгъэдыхьэну къэралыр иужьрей илъэсхэм щIыхущIэкъур.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ «Юнармия» щIыналъэ къудамэм егъэзащIэ апхуэдэ мыхьэнэ - еджакIуэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ хэкупсэу егъасэ, тхыдэ фэеплъыр хъумэным, щIэблэм я жэрдэмхэр ядэIыгъыным хущIокъу. IуэхущIапIэм и унафэщI Джатэ Темболэт и унафэм щIэту, нобэ щIыналъэ къудамэр жыджэру йолэжь Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр зэгъэхъулIэным. Абыхэм ящыщщ «Полотно памяти» хэкупсэ Iуэхур. Абы ипкъ иткIэ, ныбжьыщIэхэм Хэку зауэшхуэм хэтахэм я цIэхэр хадыкI. Дызэрыт илъэсым апхуэдэу Налшык щызэIэпахащ лIыхъужь мин 25-м я цIэхэр зыхадыкIа фэеплъ щэкI метр зэбгъузэнатIэ мин хъур.  «Юнтех» зыфIаща IуэхумкIэ щIалэгъуалэр инженер IэщIагъэхэм хагъэгъуазэ, иджырей Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпыфу ирагъасэ. «Зарница2.0» дзэ-хэкупсэ джэгур мы гъэм Шэрэдж районым щыIэ полигоным къыщызэрагъэпэщащ, «Юнармие»-м хэт ныбжьыщIэ гуп I8 щызэпеуащ. «Пэжым и дакъикъэ» зэхьэзэхуэр зытращIыхьыр, зауэм теухуа литературэр я тегъэщIапIэу, щIэблэм я гупсысэхэр къегъэгъэлъэгъуэнырщ. 2026 гъэм иджы япэу «Пост №I» щIыналъэ зэхыхьэшхуэр екIуэкIащ, Хэкум и тхыдэр къыщрагъэпщытэжу.

- Сабийм и гъащIэр зэриухуэну щIыкIэм лъабжьэ етынырщ, къэралым хуэфащэ цIыху нэсу ар къэгъэтэджынырщ ди япэ къалэныр, - жеIэ Джатэм. - Дауэ тIэ ар зэрызэдгъэхъулIэфынур?! Псом япэр гъэсэныгъэ яхэтлъхьэнырщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ялэжь IуэхущIафэхэмкIэ жэуаплыныгъэ зэрахьыр къагурыдогъаIуэ, жылагъуэм жыджэру хэтыным худогъэхьэзыр. КъищынэмыщIауэ, сабийр гупсысэфу идогъасэ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ. ЩIэныгъэ ептыр я гум ираубыдэ къудей мыхъуу, къаIэрыхьэ хъыбарыр зэпкърахыфу, упщIэхэр ягъэувыфу щытыпхъэщ. Ахэр яхэтлъхьэмэ, адэкIэ я гъащIэр нэхъ тыншу яубзыхуфынущ. Нэхъыщхьэращи, я щхьэми теухуауи Хэкум папщIи я пщэ дэлъыр къагурыIуэнущ.

ЗэрытщIэщи, адыгэхэм Iэщэ гъэпсыкIэм къызэрымыкIуэу хащIыкIыу, дэтхэнэ щIалэ цIыкIуми ар хуэгъэIэкIуэлъакIуэу щытын хуейуэ дыкъэгъуэгурыкIуащ. Ар ди лъэкъ щэнхабзэм и зы Iыхьэщ. Iэщэ IыгъыкIэ умыщIэныр, ар къыпхуэмыгъэсбэпыныр емыкIут. Дэ щIэуэ зыри къэдгупсысыркъым, ди хабзэхэм пытщэу аращ, ауэ иджырей зэманым декIуу.

Мыри къыхэзгъэщынут: нэхъ пасэм адыгэхэм атэлыкъ хабзэ яIащ. Сабийр нэгъуэщI унагъуэм ягъэсэну иратырт, нэхъыбэри - унагъуэ нэхъ хуэмыщIам. Езыхэм а къалэныр зыщхьэщахынратэкъым абы щIыхуекIуэр, атIэ я щIэблэр щымыкIын, лэжьыгъэм, хабзэхэм тэмэму хуэгъэса хъун папщIэт. Нобэ апхуэдэ къалэныр «Юнармия» зэгухьэныгъэм игъэзащIэу къызолъытэ, гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ куэд и пщэ дэлъщи. Сабийр щIэубыдауэ дзэм хуэдгъэхьэзыркъым, зи ужь дитыр гъуэгугъэлъагъуэ дыхуэхъунырщ, и хьэлыр псыхьынырщ. ИкIэм-икIэжым тлъагъур сэлэткъым, атIэ лъэныкъуэ куэдкIэ зызыужьа цIыхущ, Iуэхугъуэ куэдым хищIыкIыу.

Джатэ Темболэт зытепсэлъыхьыр къэтлъытэмэ, жылагъуэр экстремизмэм пэIэщIэу щытыным и лъэныкъуэкIи гъэсэныгъэм куэд иIыгъщ. «Лъэпкъ зэхущытыкIэхэр лъабжьэ зыхуащI экстремизм щыIэщ, апхуэдэуи диныр къэзыгъэсэбэпхэми дрохьэлIэ. Ахэр Iуэху зэхуэмыдэщ. Лъэпкъ зэхущытыкIэхэм я гугъу пщIымэ, ди Iуэху еплъыкIэр мыращ: уи лъэпкъ уригушхуэныр тэмэмщ, ауэ пагагъэр къыщезэгъи къыщемызэгъи зэхэбгъэкIыфын хуейщи, псалъэкIэ мыхъуу, IуэхуфIкIэ къэгъэлъэгъуапхъэщ: уи ехъулIэныгъэ ирехъу, уи IуэхущIафэу щрет, - пещэ ди псэлъэгъум. - Диным куууэ иджыпсту дытепсэлъыхьынкъым, ауэ мыбдеж нэхъыщхьэр жысIэнщ: сабийхэр къызыхэкIа лъэпкъ, я унагъуэм щызекIуэ дин емылъытауэ, пщIэ зэхуащIу догъасэ, псоми я зэхуэдэ хабзэфIхэм тету, гъэсэныгъэмрэ нэмысымрэ я лъабжьэу. Зы лъабжьэ щаIэкIэ - экстремизм гупсысэхэр я щхьэм къихьэнукъым. Сабийм, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, зэхегъэхыпхъэщ гъуэгу захуэм тетынымрэ хьэл-щэныфIхэмрэ зыхуэдэр.

Мы зэгухьэныгъэм хэкIыжа иужькIи, «Юнармием» и гъэсэнхэм адэкIи я нэIэ ятрегъэт. Псом хуэмыдэу еджапIэфIхэм щIэтIысхьэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъуным хущIокъу. ЕГЭ-м баллхэр хухалъхьэну апхуэдэ хуитыныгъэ яIэщи, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я чэнджэщхэр къалъытэ. НыбжьыщIэхэм къагуроIуэ абы и мыхьэнэр зэрыиныр.

Апхуэдэуи къыхэгъэщыпхъэщ, «Юнармием» и гъэсэнхэм щыщи мы зэманым дзэ Iуэху хэхам зэрыхэтыр. Абыхэми зэрызащIигъэкъуэнум зэгухьэныгъэр зэрыхъукIэ иужь итщ. Апхуэдэ лIыхъужьхэм я щапхъэр гъэсэныгъэмкIэ Iэмал лъэщу жыпIэ хъунущ. Хэкур зыхъумэ лIыхъужьыр я нэкIэ ялъэгъуныр сыт хуэдэ дерсым нэхъри нэхъ купщIэ зиIэщ.

АтIэ хэкупсагъэм нэмыщI, сыт къаритрэ ныбжьыщIэхэм мы зэгухьэныгъэм?! Абы и жэуапу Джатэм къыджеIэ: «Псом япэр зэдагъуэт лъабжьэращ: псэуныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ ехьэлIауэ я зэфIэкIхэм зэрызрагъэужьыр, пашэныгъэм зэрыхущIэдгъэкъур, гуп хэтыкIэм зэрыхуэдгъасэр. Абы къыдэкIуэу, дзэм къулыкъу щащIэным хуэхьэзырынми гулъытэ худощI. АдэкIэ къокIуэ IэщIагъэ зэхуэмыдэхэм хуэIэкIуэлъакIуэ хъуныр: инженер Iэзагъ жыпIэми авиамоделированэрами.

Лъэпкъ IэпщIэлъэпщIагъэхэр къэгъэщIэрэщIэжынри ди мурадщ. ИгъащIэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр цIэрыIуэу щытащ адыгэ уанэмкIэ, фэм къыхащIыкIыу щыта шы IэпслъэпсхэмкIэ. Iэмал имыIэу «Юнармием» и шы спорт клуб къызэдгъэпэщыну дыхуейщ. Iуэхугъуэ щхьэхуэщ республикэм и щIыпIэхэм жыгхэр щыхэсэныр. Ар хабзэ тхуэхъуа Iуэхущи, адэкIи абы пытщэну ди гугъэщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, «Юнармия» зэгухьэныгъэр и гъэсэнхэм яхуэсакъынущ я щIэныгъэкIи гъэсэныгъэкIи».

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

Читать также: