ФIыуэ слъагъум сыIуплъамэ«Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыныр езыгъэкIуэкI КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэд куэдым къежьапIэ яхуэхъуар къигъэнэIуащ. Абыхэм ящыщ зыщ «ФIыуэ слъагъум сыIуплъамэ» уэрэд дахэри. - КIэ имыIэу утепсэлъыхьыфынущ гуапагъэ, дахагъэ, лъагъуныгъэ къызыхэщ уэрэдхэм. КIуэрыкIуэм тету къагупсысами унэм щIэсу ятхми, абыхэм къаIуатэр цIыху гъащIэрщ. Уи щхьэм ебгъэщхьу, уи гъащIэм ебгъапщэу куэд къахокI. Арауи къыщIэкIынщ тыншу гум щIибубыдэфыр апхуэдэ уэрэдхэр. Нобэ дызытепсэлъыхьыну уэрэдри куэдым фIыуэ ялъэгъуахэм ящыщщ. Зи гугъу сщIыр КIыщокъуэ Алимрэ Тхьэбысым Умаррэ зэдатхауэ щыта «ФIыуэ слъагъум сыIуплъамэ» уэрэдыращ, - жеIэ Аннэ. - Сыт хуэдэ и хъыбар иIэ абы? Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим и псалъэ щIэлъу уэрэд гуэрым сыщытепсэлъыхьым къыхэзгъэщат абы и шыпхъу Хъамсинэ къызжиIэжауэ щыта зы гукъэкIыж. Абы жиIат Алим гухэлъ зыхуищIа, Кэнжэ къуажэм дэса пщащэм хуитха усэхэр зи лъабжьэ уэрэд зыбжанэ дунейм къызэрытехьар. Мы уэрэдри абыхэм ящыщ зыщ. «Алим абы щыгъуэм и щIалэгъуэт, и дахэгъуэт. А хъыбарырыр IуэрыIуэтэжу дэри зэхэтха мыхъумэ, дызэрынэхъыщIэм къыхэкIыу, и щхьэ течауэ ди дэлъхум деупщIыфатэкъым Iуэхум и пэжыпIэмкIэ», - жиIащ Хъамсинэ. Усэр зэрыхуа тхылъыр къызэрыдэкIыу абы гу лъызыта композитор Тхьэбысым Умари куэдрэ гупсысакъым макъамэ хуитхын папщIэ. ЗэрыжаIэжымкIэ, Тхьэбысым Умар зы хьэл гъэщIэгъуэн хэлът: сыт хуэдэ уэрэд итхами, ар езым япэу имыгъэзэщIауэ зыми яритыртэкъым. Мы уэрэдыр цIыхубэм апхуэдизу ягу щIыдыхьам и зы щхьэусыгъуэу къыщIэкIынщ ар Тхьэбысымым зэригъэзэщIар. Абы и уэрэд жыIэкIэр зыми ещхьтэкъым. Тхьэбысымым иужькIи куэдым ягъэзэщIащ мыр. Ноби а уэрэдым и щIэщыгъуэ икIакъым.
*** Бжьыхьэ жэпым дыгъэр тепсэм, Ар уэсэпсу мэкIуэдыж. ФIыуэ слъагъум сыIуплъамэ, Си гукъеуэр сщхьэщокIыж.
МыIэрысэм и гъуэ мыхъуу И мэ IэфIыр къыпимых. Лъагъуныгъэр гум нэсакъым, - ЖыпIэу си псэр къыIуумых.
ФIыуэ слъагъум и щхьэцышхуэр ЛъэныкъуитIкIэ еухуэн. А хъыджэбзыр къыздэмыкIуэм, Си гум дауэ ар техуэн?
Къуажэ пхъащIэм унэ схуащIу, Бжэкъухэр дахэу яухъуэнщI. Си лэгъунэр зэраухыу, ЛIыкIуэ уи адэм сэ хуэзгъэщI.
Бгым нэхъ лъагэр Iуащхьэмахуэщ, ЩIэгъэкъуэни ар хуэмей. Уэ узиIэм, нэгъуэщI фIыгъуэ Сыщыхуейкъым мы дунейм. Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:
Читать также:
14.08.2026 - 15:44 →
Iуащхьэмахуэ зи плъапIэхэр
14.08.2026 - 13:43 →
Ар цIыху телъыджэт
13.08.2026 - 14:53 →
Щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэщ
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
10.08.2026 - 13:00 →
«УЭРЩ СИ ДАМЭР»
| ||




