Зи IэщIагъэр фIыуэ зылъагъуу, абы иримыгушхуэ гъуэтыгъуейщ. Апхуэдэщ ди дежкIэ «Адыгэ псалъэр». Ди газетым и цIэр хуабжьу дгъэIуну хуит дызыщI махуэшхуэхэр къыщыскIэ, абы и блэкIами дроплъэж.
ЛIэщIыгъуэ псо къызэзынэкIа ди газетым и пщIэр лъагэу щаIэта лъэхъэни, къыхуащI гулъытэм нэхъ щыкIэрыхуа зэмани иIащ. Ар республикэ тхыдэм къыпхугуэмыхын и Iыхьэ хъуа пэтми, езы «Адыгэ псалъэми» щхьэхуэу ехъумэ ича лъэбакъуэ зэхуэмыдэхэр нэгум къыщIэзыгъэувэ дамыгъэхэр, и цIэр къызытещ хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр.
Зи гугъу тщIы тхыдэ къудамэр къызэIутхынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ КъБР-м и зэхуэхьэсакIуэхэм я зэгухьэныгъэр, псом хуэмыдэу ди газетым къыдэлажьэ зэпыт, «Адыгэ тхылъхэр» тыкуэныр зыгъэлажьэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес. Ди газетым зэрихьэу щыта фIэщыгъэхэр уигу къэзыгъэкIыж фэеплъ гуп зэригъэуIуам къыщымынэу, абы газетым и блэкIамрэ и нобэмрэ зэбгъэпщэну, фэеплъхэр дунейм къытехьэным щхьэусыгъуэ яхуэхъуа къэхъукъащIэхэм защыбгъэгъуэзэну Iэмал къозыт тхылъжьей къыдигъэкIащ.
Латин Iэлыфбейр и лъабжьэу зэхалъхьауэ щыта хьэрфылъэм деж къыщрегъажьэ «Адыгэ псалъэм» и тхыдэм, 1924 гъэм. УрысыбзэкIэ къыдэкI «Карахалк» газетым и лъэпкъыбзэ къудамэт ипэрей «Къэрэхьэлъкъыр». Дигу къэдвгъэгъэкIыжыт ЩоджэнцIыкIу Алий 1925 гъэм иусауэ щыта «Къэрэхьэлъкъ» газетым и тхьэусыхэр»:
ТхьэмахуищкIэ уи бзэ еджи,
Сэ къызэджи сынэкIуэнщ.
Зэхуэхамэу дыщымыту,
ТIури зэшу дежьэжынщ.
1931 гъэм къудамэр газет щхьэхуэ ящIри, «Ленин гъуэгу» фIащауэ щытащ. 1937 гъэм ар яхъуэжащ «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр»-кIэ. «Къэбэрдей пэж» цIэр газетым щигъуэтар 1944 гъэрщ. 1957 гъэм аргуэру «Ленин гъуэгу» фIащыжащ. 1991 гъэ лъандэрэ газетым зэрихьэр «Адыгэ псалъэ» цIэрщ.
Нобэ ди газетым и тхыдэм дыщIриплъэж щхьэусыгъуэр абы и номер мин 25-нэр къызэрыдэкIырщ. Уи лъэпкъыбзэкIэ газет мин 25-рэ дунейм къытехьэным и мыхьэнэр къыбгурыIуэн папщIэ, абы къытехуа псоми укъемыджэнкIэ Iэмал имыIэу щыткъым. Тхыбзэ зиIэ лъэпкъыр щыIэщ. Абы къикIращи, дыгъуасэ псэуар пщэдей къалъхунум зэрылъэIэсын Iэмалыр зыIэщIэдгъэкIакъым, щIэныгъэншагъэм дызэребгъэрыкIуэфыну Iэщэхэм я нэхъ лъэщыр – адыгэ хьэрфыр - тIэщIэлъщ.
1962 гъэм мазаем и 27-м КъБАССР-м и Совет нэхъыщхьэм «Ленин гъуэгу» газетым хуигъэфэщауэ щытащ и номер мини 10-р къызэрыдэкIым папщIэ «КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъ».
«Адыгэ псалъэ» цIэр зэрихьэу, 1999 гъэм газетым игъэлъэпIауэ щытащ номер мин 19-нэр къызэрыдэкIар. АбыкIэ газетым къехъуэхъуар балъкъэрыбзэкIэ къыдэкI «Заман»-м и закъуэт. «Редакцэм къыбгъэдэкIыуи, си щхьэкIи «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэ псоми сохъуэхъу газетыр илъэс 75-рэ зэрырикъуамрэ и номер мин 19-нэр къызэрыдэкIамкIэ!» - дыкъыщоджэ зи ахърэтыр нэху хъун, «Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэу а лъэхъэнэм щыта Аттаев Жэмал и хъуэхъу тхылъым.
2003 гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м КъБР-м и Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щызэхэтауэ щытащ «Адыгэ псалъэм» и номер мин 20-нэр къызэрыдэкIам егъэщIылIа пшыхь.
Илъэс бжыгъэм тещIыхьауэ газетым кърата тыгъэхэм я гугъу тщIымэ, «Ленин гъуэгур» илъэс 50 щрикъум ящIат бгъэхэIурэ конвертрэ. Абы мащIэу теплъэкIэ къыщхьэщыкIырт «Ленин гъуэгур» илъэс 60 щрикъум ягъэхьэзырар.
«Адыгэ псалъэ» цIэр игъуэта нэужьи газетыр гулъытэншэу къэнакъым. Ар илъэс 95-рэ щрикъум ягъэхьэзыра бгъэхэIум адыгэ ныпымрэ абы и щIыIум щызэблэдза шабзищымрэ къытощ. Илъэси 100-м ирихьэлIэу ягъэхьэзыра дамыгъэм щыдолъагъу илъэс бжыгъэхэр: 1924-2024. Нэхъ дахэжщ ди газетыр зэрызэхэт псалъитIым я япэ хьэрфхэм къыхэщIыкIа, япэ напэкIуэцIым и сэмэгу къуапэм махуэ къэс щыфлъагъу А-мрэ П-мрэ щызэхэухуэна бгъэхэIу цIыкIури.
Газетым и дамыгъэ мыкIуэдыжынщ «Ленин гъуэгум» къыхуагъэфэща щIыхь тхылъхэм, медалхэм, дипломхэм я теплъэри. Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэкIэ газетымрэ абы и редакцэмрэ къэрал саугъэткIэ къыхагъэщауэ щытащ 1962, 1974, 1984, 2008, 2014, 2021 гъэхэм. Зи гугъу тщIа брошюрэм итщ езы газетым нэхъ жыджэру къыхуэтхэ щIэджыкIакIуэхэм яхуигъэфащэу щыта щIыхь тхылъым и сурэтыр. А псори тхыдэщ, а псори лъэпкъым къикIуа щIэныгъэ гъуэгуанэщ, зыщыбгъэгъупщэ мыхъуну.
Гулъытэ хуэфащэщ «Адыгэ псалъэр» илъэсищэ зэрырикъуамрэ накъыгъэм и 9-м ягъэлъэпIа ТекIуэныгъэм и махуэмрэ зэригъэуIуу, Тхьэкъуахъуэ Iэуес Хэку зауэшхуэм хэкIуэда журналистхэм яхуигъэфэща открыткэми. Дамыгъэм и IуплъапIэм щыболъагъу Хэку зауэшхуэм хэту зи псэр ТекIуэныгъэм щIэзыта ди лэжьэгъу нэхъыжьхэм я цIэ-унэцIэхэр. Тхыгъэ кIэщIым дыкъыщоджэ: «Ленин гъуэгу» газетым и журналистхэу Хэку зауэшхуэм (1941 - 1945) хэкIуэдахэр: Абыдэ Залымхъан Нухь и къуэр, Бжьэдыгъу Шамсэдин Мусэ и къуэр, КъардэнгъущI Хъалид Шухьиб и къуэр, Шыд Ибрэхьим Хьэцу и къуэр, Шыгъушэ Пщыкъан Жанхъуэт и къуэр». Абы и щIыбагъым къыдэтщ «Полк уахътыншэм» хэт ныбжьыщIэхэм къаувыхьа, ТекIуэныгъэм и фэеплъыр. Открыткэр гъэщIэрэщIащ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ «КъБР-м и зэхуэхьэсакIуэхэм я зэгухьэныгъэм» я дамыгъэхэмкIэ. КъинэмыщIауэ, абы и ижьырабгъу лъэныкъуэм тегъэуащ ди газетыр илъэси 100 зэрырикъур къэзыгъэлъагъуэ илъэс бжыгъэхэр: «Адыгэ псалъэ»: 1924-2024». Абдеж дыдэм, нэхъ илъабжьэIуэу, открыткэр Пощтым щиутIыпщ махуэмрэ щхьэусыгъуэмрэ къэзыгъэлъагъуэ мыхъурым къыхэIущIыкIа псалъэхэри къытощ: «Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыхъужьхэр». Урысей. Налшык. 08.05.2024». Зи гугъу тщIы открыткэм хуэдэу 200 къыдагъэкIащ.
Хьэпшыпхэм уакъыфIэкIмэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и цIэр щэнхабзэм и Iыхьи хъуащ, уэрэдхэр, усэхэр хуагъэфэщащ Бозий Людин, IутIыж Борис, Джэдгъэф Хъусен сымэ.
«Адыгэ псалъэр» илъэсищэ щрикъуа махуэм КъБР-м и Коллекционерхэм я зэгухьэныгъэхэм ди махуэшхуэм и дамыгъэр къызытещ конверт, открыткэ, шоколад цIыкIу къыдигъэкIауэ щытащ.
Ахэр ди тхыдэу номер мин 25-м дыкъэсащи, ди гъусэу адэкIи гъуэгуанэм пызыщэнухэм депцIыжыну ди мурадкъым.